ЩIЭЩЫГЪУЭРЭ ЗЭГЪЭКIУАУЭ

Адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу  ­Жэмтхьэлэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм  и лэжьакIуэ пажэ, цIыхугъэкIи куэд щаIуэ къыддекIуэкI Къэгъэзэж Залинэ къопсалъэ, «радиом и журналист Мыз Ахьмэдрэ уэрэ фокIадэм и 20-м фыкъызэрысын», жеIэри. Арати, дэ тIур, «пщыр гъусэншэмэ, лъхукъуэлI пэ­лъытэщ» псэлъафэми дригъуазэу, ныбжьэгъухэм дахоплъэжри, адыгэ хабзэм фIыуэ хэзыщIыкI, лъэпкъ фащэ екIукIи зэщыхуэпыкIа щIалэ Iумахуэр гъусэ тщIыну мурад тщIащ.

ДыздэкIуар, ипэжыпIэкIи, махуэш­хуэм зэрыхуэхьэзырыр нэрылъагъут. Щэн­хабзэмкIэ унэм и пщIантIэм лъэны­къуэегъэзу Iэнэ кIыхьышхуэхэр щегъэувэкIат, адыгэ фащэ екIухэмкIэ зэщы­хуэпыкIа ныбжьыщIэхэмрэ абыхэм я адэ-анэхэмрэ, нэжэгужагъэр я нэгум къищрэ щекIуэкIынум хуэгъэпсауэ, щызэхэтт.
Арыххэу, ЩэнхабзэмкIэ унэм и пщIантIэм щызэхуэсахэр, адыгэ фащэ екIу­хэмкIэ зэщыхуэпыкIа шухэр я пашэу, къуа­жэм и уэрам нэхъыщхьэм тоувэхэри, ирокIуэ, ищхъэрэкIи ипщэкIи зыщагъазэу. ДэкIахэр къыщекIуэлIэжам, гуфIэгъуэ иныр я нэгум къищрэ зэщыгуфIыкIыжхэу пщIантIэшхуэм къыдохьэж. ЗэхэзекIуэм япэ иту къэзыгъэзэжа шухэр къыздихьэжа утыкум джэгун щрагъэ­жьарэ лъэрытемытт, зи уанэгу исхэм ­зыдащIрэ зэрымахуэшхуэри зыхащIэ хуэдэу.
Псори я пIэ изэгъэжа иужь, псалъэ ­иратащ Жэмтхьэлэ дэс нэхыжьыфIхэм ящыщ, зэрыцIыкIу лъандэрэ шы Iуэхум пыщIа, уэрэдыжьхэр зи Iэпэгъу гупу ЩэнхабзэмкIэ унэм къыщызэрагъэпэщам илъэс куэд щIауэ хэт, зи ныбжьыр илъэс 84-м щхьэдэха Гъубжокъуэ Алихъан.
Къызэхуэсахэм гуфIэгъуэ махуэм теу­хуауэ хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэза иужь, тхьэмадэм къыхигъэщащ щIалэгъуалэр, къытщIэхъуэ щIэблэр анэдэлъхубзэр зрагъащIэрэ ягъэшэрыуэфу къэгъэ­хъуным мыхьэнэ ин зэриIэр, Iуэхум хуэгъэза щапхъэхэмкIи щIигъэбыдэжащ и гуп­сысэр.
АдэкIэ псалъэ иратащ гъуэгугъусэ тхуэхъуа щIалэу адыгэ хабзэм фIыуэ хэ­зы­щIыкI, шы гъэхъуным илъэс куэд тезыгъэкIуэда, мэзхъумэуи лэжьа, Къулъ­къужын къуажэм щыщ Бабыгуей Сосрыкъуэ.
- ПщIантIэшхуэм сыкъыдыхьэу, къуажэ гупэмкIэ сыплъэу, мо мэз Iувым, абы и ­лъапэм зыщызыубгъуа джабэ щхъуантIэ дахэшхуэм, сэтей бгъуфIэу щIыгулъ берычэтыр зи бэм гу щылъыстэм, абы къыдэкIуэуи, хьэуа къабзэри щыжьэ­дэсшэм, си псэм зыхищIащ мы къуажэм цIыхугъэ зыхэлъ, гу къабзэ зиIэ, шэ хьэ-лэл ефахэр зэрыдэсыр. А псом къы­хэкIыуи, жылэ Iумахуэм мыпхуэдэу со­хъуэхъу: «Мы Къуэжьыкъуей Ипщэр ижь­кIэрэ пщы-уэркъ епсыхыпIэщ. Уей, нэ­хъыжь­хэм зэрыжаIэуи, я дзажэжьхэр фIэдзарэ дагъэр къыпыткIуу, хьэщIэу ­къахуэкIуэм ар хуагъэхыщIэу, Iуащхьэ­махуэ уафэр щыгъуагъуэу, жылэдэсхэм  я губгъуэм уэшхыр къыщешхыу, я мэз лъапэу джабэ нэкIухэр зыдекIуэкIыр Iэщым иуфэбгъуауэ, мэкъумэшыщIэм щIыгулъ фIыцIэр зэдагъазэрэ гъавэр бэву къытрахыу, уей, я щауэхэр мо къуршым къыхэIущIыкIам ещхьуу, езыхэр Iэчлъэчрэ къуданхэу, уей, мэгуэ-мэгуэ, хамэ хэкум щыхутэрэ, уэри, Алихъан, зэрыжыпIауэ, адыгэ щIыхьыр щаIэту, я пщащэхэр фIэ­рафIэрэ щэ­ныфIэу, фIыгъуэу щыIэр къа­дэкIуэу, я нэмысым насып къахуихьу, мыбдежым къызэрыщыхагъэщауи, нобэ адыгэм ди махуэщи, ди насып мыухы-жым и щIэдзапIэ ар хъуну сохъуахъуэ, ­къуажэ Iумахуэм фи щIэблэр вагъуэбэм хуэдэу къыфщIэхъуэну, адыгэм мы дуней псом къуэпсыбэу зыщыдукъуэдиярэ «хьет!» жедгъэIэу, Хьэт къэралыгъуэшхуи зэм-зэм дыщыхъужыну Тхьэшхуэм жиIэ!» - къыхигъэщащ и псалъэм Бабыгуейм.
ГуфIэгъуэ пэкIум уэрэд щыжаIащ ЩэнхабзэмкIэ унэм зыщызыгъасэ ныбжьы­щIэхэм. Къэдгъэлъагъуэмэ, Уэлджыр ­Каринэ, Жылэ Арианнэ, Кугъуэтыж Сабинэ, Тхьэгъэлэдж Юлианнэ, Iэрэмысэ Азэмэт сымэ, ГъуэплъащIэ Камилэрэ Жылэ Адиссэрэ усэ къыщеджащ, къэфакIуэ гупым хэтхэм я зыкъэгъэлъэ­гъуэкIэ дахэхэмкIэ утыкур ягъэбжьыфIащ.
Тхыгъэм и кIэ къихуэу къыхэдгъэщынщи, Адыгэхэм я махуэм трагъахуэу, Жэмтхьэлэ щIэщыгъуэрэ зэгъэкIуауэ къы­щы­зэрагъэпэща гуфIэгъуэ Iуэхугъуэхэм ­ящыщу къыщIэкIат СпортымкIэ унэу а жылэм дэтым зэпеуэ гъэщIэгъуэнхэр зэрыщрагъэкIуэкIари, жылэдэс нэхъы­жьыфIхэр къуажэ администрацэм зэрыщызэхагъэсари, а псом я къызэгъэ­пэщакIуэрэ щIэгъэкъуэну къуажэ тхьэмадэр, Дэхъу Артур, зэрыщытари.

Тхыгъэри сурэтхэри Къумахуэ Аслъэн ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф