Статьи на кабардинском языке

ЛЪАГАПIЭХЭМ ХУЭКIУЭ ЛЪАГЪУЭХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу Урысейм ХудожествэхэмкIэ и Академиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и СурэтыщIхэм я Зэгухьэныгъэмрэ я жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща зэхьэзэхуэм щытекIуахэмрэ къыщыхэжаныкIахэмрэ Лъэпкъ Музейм иджыблагъэ щагъэлъэпIэжащ.

ХЬЭХУР ХЬЭХУУ КЪРЕНЭЖ

Илъэс ныкъуэм нэблэгъагъэнщ Пицундэ зыгъэпсэхупIэм теухуауэ Абхъазым щекIуэкI зэдауэм зэрыщIидзэрэ. Парламентым хэIущIыIу имыщIу, зыгъэпсэхупIэм иубыд ухуэныгъэр Урысейм и федеральнэ IуэхущIапIэм ирита нэужь, цIыхухэм зыкъаIэтащ.

КЪУДЕЙ АЛИМ И КЪАЛЭНЫЩIЭ

Мэзкуу къалэм щекIуэкIащ Урысейм кикбоксингымкIэ и федерацэм и зи мычэзу конференцэ. Абы къыщыхахащ зэгухьэныгъэм и унафэщIхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ гъэсакIуэ цIэрыIуэ Къудей Алим иджыблагъэ хагъэхьащ Урысейм КикбоксингымкIэ и федерацэм (ФКР) и гъэзэщIакIуэ комитетым.

КЪУГЪУЭЛЪЫКЪУЕЙ ФЭЕПЛЪЫР ЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

1942-1943 гъэхэм ди щIыналъэм щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъыр зэгъэпэщыжыным, ар здэщыт щIыпIэр къэгъэщІэрэщІэжыным, абы и Іэгъуэблагъэр зыхуей хуэгъэзэным теухуа лэжьыгъэхэр щІэгъэхуэбжьауэ Къугъуэлъыкъуей (Урыху) къуажэм щокІуэкI.

ФЭЕПЛЪ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭ

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музей Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм щагъэлъагъуэ художник Баккуев Владимир къыщIэна лэжьыгъэхэр. «Хасаньинская сюита» зыфIаща а фэеплъ гъэлъэгъуэныгъэм лэжьыгъэ 95-рэ къызэщIеубыдэ. Псэужамэ, Баккуев Владимир и ныбжьыр мы гъэм илъэс 80 ирикъунут.

МАМЫРЫГЪЭМ ЗИ ГЪАЩIЭР ЩIЭЗЫТАХЭР ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Жэпуэгъуэм и 13-м Къэбэрдей-Балъкъэрым ягу къыщагъэкIыжащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу ди лъахэм мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ илъыным зи гъащIэр щIэзытахэр. Налшык щекIуэкIащ абы теухуа  фэеплъ пэкIу.

ЩЭНХАБЗЭ ФIЫГЪУЭХЭМ Я ХЪУМАКIУЭ

Котляров Виктор и ныбжьыр илъэс 70 ирокъу

УЛАХУЭ НЭХЪ МАЩIЭМ ТЕУХУАУЭ

КъБР-м и Правительствэм бюджетым и хэхъуэмкIэ, финанс, бюджет, налог зэгъэ­зэхуэкIэм кIэлъыплъынымкIэ и комиссэм хэтхэр тепсэ­лъы­хьащ республикэм и зэщIэгъэуIуа хэхъуэм. ЗэIущIэр ири­гъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ, комиссэм и унафэщI Къуныжь МуIэед.
 

ДАУЭДАПЩЭР ЯДИIЭТАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр къы­зэ­рызэрагъэпэщрэ илъэс 90 щрикъум ирихьэлIэу ирагъэ­кIуэкIа махуэщI дауэдапщэ­хэм хэтащ.

ЗЭДЗЭКIАКIУЭХЭМ Я МЫХЬЭНЭР ИНЩ

Творчествэм и унэу Переделкинэ дэтым иджыблагъэ зэ­дзэкIакIуэхэм я зэхыхьэ ще­кIуэ­кIащ. Абы утыку къыщрахьащ Урысейм ис лъэпкъхэм я литературэм зегъэужьыным, егъэ­фIэкIуэным хуэгъэпса Iуэху­гъуэхэр. УсакIуэ, тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Къаныкъуэ Заринэ мы проектыр зэры­рагъа­жьэрэ хэтщ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке