ЛИМФЭМРЭ ЛЪЫ КЪЭЗЫГЪЭЩI СИСТЕМЭМРЭ ЛЫШХ КЪЫЗЭРЕУЭЛIАМ И НЭЩЭНЭХЭРФокIадэм и 15-м, лимфомэм ебэнынымкIэ Дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, Лышх узыфэхэмкIэ медицинэ къэхутакIуэ IуэхущIапIэу Ростов къалэ дэтым къыдигъэкIащ «Лимфэмрэ лъы къэзыгъэщI системэмрэ лышх къызэреуэлIам и нэщэнэхэр» тхылъыр. - Лимфэмрэ лъы къэзыгъэщI системэмрэ лышх къызэреуэлIам и нэщэнэ нэхъыщхьэу къалъытэ лимфэ шыкъырхэр бэгамэ, плъыржьэрмэ, щIыфашхэмэ, щIыIэтехьэгъуэм щIидзамэ, жэщкIэ упщIантIэмэ, уэд ухъуамэ. Мы къедбжэкIахэм ящыщ дагъуэ фиIэмэ, кIыхьлъыхь зывмыщIу терапевт, онколог е гематолог зэгъэплъын хуейщ, - жеIэ Лышх узыфэхэмкIэ медицинэ къэхутакIуэ IуэхущIапIэу Ростов къалэ дэтым и унафэщI Кит Олег.
Мысник Аллэ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|