ГУПСЫСЭ КУЭДЫМ Я КЪЕЖЬАПIЭ ЛЪЭХЪЭНЭ

Сыт хуэдиз дахагъэ бжьыхьэм имыIами, сыткIэ мыбеями, мы зэманыр IэпкълъэпкъкIэ, акъылкIэ, псэкIэ, гукIэ сфIэхьэлъэщ. Си гур пыткIукIыу, къарууэ сиIэр щIэткIукIыу щытщ.

 Хъугъэпс лъэщ къызыщIихыу щыта нэхэр пшагъуэм яуфэ, щхьэусыгъуэншэуи кумбыгъэхэр нэпс ткIуэпскIэ нэкIущхьэм хуотыгъэ. Зышхыхьыжыным, псомкIи мыарэзыуэ щытыным хуэпабгъэ сэ сытезыгъэужыфыр, зыкъызэзыгъэщIэжыр мащIэ дыдэщ. А мащIэм ящыщ зыр, уеблэмэ бжьыпэр зыIыгъыр фIылъагъуныгъэрщ.

НасыпкIэ сызыхуэпабгъэ, гъащIэм гъусэу къыхэсха, си гуэгъу-фэгъу, телъыджэр зи теплъэ, зыми емыщхь пщащэщ. «Ей, адыгэ щIалэ, уи гурылъ жыпIэныр емыкIущ!», - куэдым жаIэныр хабзэу къалъытэ. Ауэ, ауэ лъагъуныгъэм дахэ къыщысхуихькIэ, си псэр щигъэтыншкIэ, си гур щигъэхуабэкIэ, Iэпкълъэпкъым къарууэ къыщыхыхьэкIэ - сыт абы емыкIуу хэлъыр? Щхьэзакъуэу упсэуныр хьэлъэщ, зэшщ, аращ мыхъумыщIэ куэдым къежьапIэ яхуэхъур. Зыуэ цIыхур къежьами, абы и Iэпэгъур мин бжыгъэм къыщигъуэтыпхъэщ. ТIу хъуам и бжыгъэр адэкIэ хэхъуэнщ, заубгъунщ, ефIакIуэу щIадзэнщ... 

Бжьыхьэ...  Гупсысэ куэдым къежьапIэ яхуэхъу зэман...

***

 Бжьыхьэр дыщафэу удихьэхми, куэдым уезыгъэгупсысщ. Арагъэнущ сэри си гупсысэхэр адэ-мыдэкIэ щIэпкIатэлъатэр. ЖыпIэнурамэ, ахэр здынэмыс, зылъэмыIэсыр мащIэщ. Иужьрейуэ абыхэм къэувыIэпIэ яхуэхъуар сыщалъхуа щIыналъэрщ, сыкъыщыхъуа си къуажэрщ.

Къуршыщхьэ уэсыр зи къабзагъыу псэу къуажэм сымыцIыхуу зы къэгъэшыпIи иIэкъым. Си сабиигъуэм ныбжьэгъу дэщIыгъу сыхъуакъым куэдрэ, ауэ Балъкъ псыхъуэ къысхуиIуэтэжащ хъыбар куэд, мэз цIыкIур щэхукIэ къысхуэтыгъащ, псынэпс къабзэ къыщIэжыр блэнейрэ зэхэлъадэурэ си гурыщIэр ятхьэщIащ.

Пщыхьэщхьэ зэрыхъуу, хьэблэр зэхуэсырти, ди деж тIысыпIэ ящIырт. Iэнэ цIыкIур си анэм пщIантIэм къыдихрейт. Псоми ящIэрт Ритэ зыгуэр зэрипщэфIар. Нартыху хьэжыгъэм къыхэщIыкIауэ пIырыпIу гъэжьа лэкъумым фор дыщIигъунти, плъэкIмэ, умышхт. Абы къалмыкъ шей, бжьыныхукIэ ушууа кхъуей дыщIигъурти, псоми затIыжырт.

Къысхуэмыгъэсыр ТхьэлъэIу щащI зэманырт. Сабийхэм щхьэж и шхынылъэхэр тIыгъыу псы ежэхым деж шэджагъуэм дыкIуэрт. ПхъэкIэ зэщIагъэст мафIэмкIэ япщэфI шхыныгъуэхэр IэфIыщэт. Зэчыр зыгъэIу нанэхэм жаIэр нобэми си тхьэкIумэ итщ. Абыхэм дыдежьууэ дызыпэрыс Iэнэм къытхутрагъэувэ джэд гъэва, бжьыныху шыпс, шху IэфI, лэкъум, псыIэфIхэм дыщыгуфIыкIырт. IэфIыкIэ зэрылъу къытхуагуэш сэмбхэм нэхъри дригуфIэрт.

Мыпхуэдэ зэманхэм къару лъэщкIэ гъэнщIа дыхъурт. Зы жьэу, зы псэу жыIа хъуа зэчырхэм фIыгъуэшхуэ къытхудэкIуэрт...

***

Бжьыхьэр кьыщыблагъэу дыщафэу псори щриIэм деж, мы зэманым дахагъэу иIэ псори нэхъ наIуэ щыхъур къуажэрщ. Хадэм щагъэс удз гъуам ищIа Iугъуэм уи кIуапIэмкIэ зынигъазэу, жыгым къыпына кхъужьыр удэIэбейуэ къыпыпчрэ, моуэ, уи джанэмкIэ плъэщIрэ уедзакъэу, жэмхэм я бу  макъымкIэ уэрэдыр къыпхурашу, анэм ипщэфI шхыныгъуэхэм я мэ гуакIуэхэм узыIэпашэу сыту гухэхъуэ зэман бжьыхьэр!

Жыг къудамэхэм япыт тхьэмпэхэм хэпхъа хъуа тхыпхъэщIыпхъэхэр гъуэщI-плъыжьыфэм иреIэ. Дыщэидэ хъуа тхьэмпэхэр щIым хуэмурэ тогъуалъхьэ, IэплIэ хуащIу. Хуэмурэ зи IэплIэхуэщIыр зыфIэфI дыдэ хъуа тхьэмпэхэм ириджэгу сабийхэм я дыхьэшх макъым уегъэгушхуэ. IэплIэкIэ къызэщIакъуэурэ дэдзей ящI тхьэпмэхэм абыхэм къахуихь гуфIэгъуэр мыкIуэщIщ. Сабиигъуэ жыхуаIэр аращи, мэгуфIэ ахэр.

Апхуэдэ гуфIэм зыIэпешэ псори. Щхьэхынэу щыта, зи гъуэм илъа хьэ бацэжь цIыкIури мэбанэ иджы. Гъэмахуэ мазэхэм зи хуабэкIэ къытхуэтыгъа дыгъэми зэми зегъэпщкIу, зэми и бзийхэмкIэ дыщафэ дунейм къыхопщIыпщIэ. Дуней телъыджэщ, удэзыхьэхщ.

 

МАХУЭЛI Беслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.