КЪЭКIУЭНУ НАСЫПЫФIЭР КЪЫХАХ

Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм, Запорожье, Херсон областхэм я къэкIуэнум теухуауэ референдум ирагъэкIуэкIынур зэрыдаIыгъым ехьэлIа пэкIу КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием и пщIантIэм ды­гъуасэ ще­кIуэ­кIащ. Абы хэтащ республикэм и жы­лагъуэ зэгухьэныгъэхэр, егъэдж­а­кIуэхэр, еджапIэ курытхэмрэ нэхъыщ­хьэхэмрэ щеджэхэр, артистхэр, нэ­гъуэщI­хэри. 

«Нобэрей зэхуэсыр Урысейм и къуэ пажэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и япэ ­Президент КIуэкIуэ Валерэ и фэеплъ сыным деж зэрыщекIуэкIыр нагъыщэхэм ящыщщ. Абы и гъащIэ плъапIэу щытар цIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм, мамырыгъэм папщIэ Хэкум хуэлэжьэнырт. Дэ набдзагубдзаплъэу дыполлъэ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм, Запорожье, Херсон областхэм я къэкIуэнум теу­хуауэ референдумым кърикIуэнум. Мы махуэхэм дуней псом плъапIэу яIэр Урысейращ. Сытым дежи къызэрекIуэкIам ­тету дэ ди къалэн нэхъыщхьэщ мамырыгъэр зэтеIыгъэным зи лэжьыгъэр хуэу­нэтIахэм ядэт­Iыгъыну, - щыжиIащ зэхуэ­сым КъБР-м и Жылагъуэ палатэм егъэ­джэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я Iуэху­хэмкIэ, езыхэм я фIэ­фIы­ныгъэкIэ дзэм хыхьэным зегъэужьынымкIэ комиссэм и унафэщI Байчекуевэ Нинэ. -  Нобэ цIыхубэр зэкъуэувэн ­хуейщ, хэкупсэм и мыхьэнэ нэхъыщхьэр - къэралыр хъумэ­ныр къэгъэщIэрэщIэжыпхъэщ. Сы­зэреплъымкIэ, референдумым кърикIуэнур дызыпэп­лъэращ, абы къыхэкIыуи къы­хэзгъэщыну сыхуейщ а лъэпкъ­хэм ­гуапагъэкIэ дызэры­пэп­лъэр. Я хэкужьым къызэ­рагъэзэжынум, мамырыгъэ, хуитыныгъэ къазэрыхудэкIуэнум, я гъащIэр хъума зэрыхъунум шэч къытесхьэркъым. Ди нобэрей пэкIур иджыри зэ щыхьэт то­хъуэ ди Президентым иригъэкIуэкI къэрал политикэр зэрыдэтIыгъым». 
Херсон областым и курыт школым урысыбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэ Галыгэ Ольгэ КъБР-м и Прави­тель­ствэм фIыщIэ хуищIащ щы­тыкIэ гугъум ихуахэм щIэгъэ­къуэнрэ дэIэпы­къуэгъу­рэ къа­зэ­рыхуэхъум папщIэ. «Дыкъы­зэревгъэблэгъам, цIы­ху­гъэ, гуапагъэ, гулъытэ къызэрытхуэфщIым къыхэкIыу фIыщIэ ин фхузощI ди цIыхухэм къабгъэдэкIыу. Фэ ди къэкIуэнур фIы зэрыхъунумкIэ гугъэ къыдывот, фи щIэгъэкъуэ­ным ди псэр егъэхуабэ, ди гум ­гушхуэныгъэрэ гуфIэ­гъуэрэ ­кърелъхьэ. Нобэ Налшык дыщыIэми, ди фIэщ мэхъу ди лъэпкъэгъухэр IэIэт пэжым зэрыхуэкIуэнум. Дэ къыхыдох Урысейр, хуитыныгъэр, мамырыгъэр, къэкIуэну насыпы­фIэр!», - жиIащ Галыгэ. 
КъищынэмыщIауэ, пэкIум къы­щыпсэ­лъащ студент зэгухьэныгъэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм я пашэхэр. Къызэхуэсахэм уэрэд дахэ яжриIащ КъБР-м и цIыхубэ артист ­Текуев Амур.

Тхыгъэри сурэтри МЭЗКУУ Къан ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.