Я ФЭЕПЛЪЫР МЫКIУЭДЫЖЫНЩ

Налшык къалэм щекIуэкIащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м къэхъуауэ щыта гузэвэгъуэш­хуэм теухуа пэкIу. Хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэу абы щыгъуэ хэкIуэдахэм я фэеплъым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек удз гъэгъахэр трилъ­хьащ.

Фэеплъ зэхуэсым хэтащ жы­лагъуэ лIыкIуэхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр.
«Зыми хуэбгъэгъу мыхъуну а щIэпхъаджагъэр илъэс 17 хъуа­-уэ гуауэшхуэу псоми ди псэм ­телъщ. Дэ хэкIуэдахэм ди щхьэр лъахъшэу яхудогъэщхъ, республикэр террористхэм ящызыхъумауэ щытахэм я лIыхъужьыгъэм пщIэ худощI. Террористхэмрэ ахэр къызыкъуэгушхукI­хэмрэ я гущIэгъуншагъэмрэ щIэп­хъаджагъэмрэ гъунапкъэ зэримыIэр ноби ди нэгу щIокI. Абы и щыхьэтщ дунейм и щIы­-  пIэ куэдым, ди къэралри яхэту, къыщыхъу хьэкIэкхъуэкIагъэхэр. Апхуэдэщ Киев ­тепщэныгъэр щызыIыгъхэм зэ­хащIыхьхэр. Дэ псоми ди къалэнщ террористхэр тегушхуэныгъэ тхэлъу зэтеткъу­тэну. Властым и органхэм, хабзэхъумэ IэнатIэ­хэм, зэрыщыту цIыхубэм ди ­къарур зэдгъэ­у­Iу­мэщ а цIыхугъэншагъэм ды­щы­пэлъэщынур, ­мамырыгъэ ди щIыналъэм щыз­этедгъэувэ­фы­нур», - жиIащ КIуэ­кIуэ Казбек къы­зэхуэсахэм захуигъазэри.
Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру КъБР-м щыIэ Павлов Василий пэкIум кърихьэлIахэм ягу къигъэкIыжащ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэм я лIы­хъужьыгъэм и фIыгъэкIэ Налшык къытеуахэр зэрызэтракъутар. Ауэ IэщэкIэ зэщIэузэда ­бандитхэм абы щыгъуэ хабзэм  и хъумакIуэу 35-рэ яIэщIэкIуэдащ. «Абыхэм я щIыхькIэ къэрал властым и органхэм я дэIэ­пы­къуныгъэкIэ республикэм фэ­еплъ­хэр щагъэув, лIыхъужьхэм  я цIэхэр школхэмрэ уэрамхэмрэ фIащ, хэкIуэдауэ щыта ди лэ­жьакIуэхэм я унагъуэхэм сытым дежи муни­ципальнэ властхэм дэIэпыкъу­ныгъэшхуэ ират», - къыхигъэщ­хьэхукIащ Павлов ­Василий.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

05.05.2024 - 09:03

ГЪАВЭ БЭВЫР Я ПЛЪАПIЭЩ

Май щIыналъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI, -къитащ иджыблагъэ щIыпIэ администрацэм мэкъумэш-промышленнэ комплексымкIэ и управленэм.

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг