КЪУГЪУЭЛЪЫКЪУЕЙ ФЭЕПЛЪЫР ЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

1942-1943 гъэхэм ди щIыналъэм щекIуэкIа зауэ гуащIэхэм хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъыр зэгъэпэщыжыным, ар здэщыт щIыпIэр къэгъэщІэрэщІэжыным, абы и Іэгъуэблагъэр зыхуей хуэгъэзэным теухуа лэжьыгъэхэр щІэгъэхуэбжьауэ Къугъуэлъыкъуей (Урыху) къуажэм щокІуэкI.

Фэеплъыр зэгъэпэщыжыным икIи абы и Iэгъуэблагъэр зэпэщ щІыным текIуэдэну мылъкур «Зи псэр Хэкум щIэзытахэм я фэеплъыр хъумэныр (2019-2024 гъэхэр)» зи фIэщыгъэ къэрал программэм къыхокI. Лэжьыгъэхэр 2023 гъэм ТекIуэныгъэм и махуэм ирихьэлIэу зэфIагъэкІыну я мурадщ.

Метрибл зи лъагагъ фэеплъ скъар хужьыр илъэс 47-рэ ипэкIэ къуэшыкхъэм къуажэдэсхэм тращIыхьауэ щытащ. Фэеплъ сыныр курыт еджапIэ №2-м и пщIантIэм дэтщ. Кхъащхьэдэсэм тет тхыгъэм тепщIыхьмэ, мыбдеж иужьрей увыIэпIэр щагъуэтащ Тараскин Николай, Долгушин Иван, Маткулов Нашметдин, Титов Стефан, Унакопшвили Вахтанг, Юрченко Иван, Радченко Давид, Чемеркин Иван сымэ.

Мы зэманым фэеплъым телъ лэчыжьыр трах, ар зытет лъабжьэр ягъэбыдэ. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, абы дяпэкIэ тракIэжыну иIэгъэр жьыбгъэм ипхъэхынукъым, дунейм и щытыкIэ зэмылIэужьыгъуэхэми я зэран иригъэкIынукъым. Абы иужькIэ фэеплъым и екІуэлІапІэхэр зэІузэпэщ ящІынущ, тетІысхьэпІэхэр ягъэувынущ, щхъуантІагъэр куэду щагъэтІысынущ, Iэгъуэблагъэр жэщкІэ къэзыгъэнэхуну уэздыгъэ пкъохэр куэд мыщІэу ягъэувыну я гугъэщ. Фэеплъ скъарым екIуэлIапIэ щхьэхуэрэ уней дыхьэпIэрэ хуащIыну я гугъэщ. Апхуэдэу кхъащхьэдэсэм тет цIэ-унагъуэцIэхэр щIэрыщIэу къыхагъэкIыжынущ.

Псори зэгъусэу Лэскэн щIыналъэм и щIыпIитхум къуэшыкхъэхэр щыIэщ.

«Зи псэр Хэкум щIэзытахэм я фэеплъыр хъумэныр (2019-2024 гъэхэр)» къэрал программэм ипкъ иткIэ 2021 гъэм Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Хьэтуей, Уэзрэдж, Аслъэмырзей (Лэскэн ЕтIуанэ) къуажэхэм дэт къуэшыкхъэхэр зэрагъэпэщыжащ, щIыпIэхэри къагъэщIэрэщIэжащ.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз

03.05.2024 - 09:12

МЕДАЛЬ ТIОЩIРЭ БГЪУРЭ

«ФIыхэм я фIыжхэр» Кубокыр кекусинкай картэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ ЕсэнтIыгу къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ