ЗИ ПСЫХЪУАЩХЬЭР ХЪУЭПСЭГЪУЭ

Адыгэхэм Урыху зыхужытIэ, осетинхэм ящыщу дигорхэм - Ираф, иронхэм – Араф цIэхэмкIэ зэхацIыхукI псыр зи щIыналъэр зэпылъ республикэхэу Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щожэх.

 

Зи гугъу тщIы псышхуэм километри 130-м нэблагъэ и кIыхьагъщ. Ар Александровскэ станицэм деж Тэрч щыхолъэдэж, тепхъэ зыщищIауэ. Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм ищхъэрэкIэ гъэза и мылылъэхэм къыщожьэ. Къуршхэм хуабжьагъэу къыщищтэр иныщэщ - зы секундэм метри 5-м нэблагъэ а щIыпIэхэм къыщызэренэкI. ИщхьэхэмкIэ къыщыхэлъадэ псыхэм я нэхъ инщ Хъазнидон (адыгэхэм Хъырзынэпс хужаIэ), Билагидон, Хъаресидон, Караугомдон, Танадон, Айгамута, Сонгутидон сымэ. Мыхэр псори нобэр къыздэсым бдзэжьей лъэпкъыгъуэу пащIапцIэм, бдзафэм, къуэлэным, бдзэгейм, нэгъуэщIхэми я кIуапIэщ.
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, Урыху псыр щежэх тIуащIэм и нэхъ дахапIэр Осетием и къуршылъэ щIыпIэхэращ зыхуэзэр. Абдежым километр 50-м нэблагъэ щикIыхьагъщ, зыдэт къуэм и бгъуагъыр, зэми метри 100-м фIэмыкIыу щызэвыщэщ, мыдрейхэм дежи километр ныкъуэм нызэрыхьэсыну щызэкIэщIокIуэтыж. Ныджэм къедза Iэшэлъашэм зизыгуэша къуажэхэм языныкъуэр бгыщхьэ джабэхэм кIэрысщи, укъыщыхутэныр икъукIэ нэгузыужьщ.
ЩIыуэпсым и фэеплъ телъыджэ
Осетие Ищхъэрэ – Аланием «Ираф» зи фIэщыгъэ и районым и къуажащхьэ Шэгуолэ ипщэкIэ къыщысыр Ахъсэрисарщ. Абы и «пщэдыкъ» къыдэсыр мы зэманым ныкъуэбгынэ хъуа, мэзпыупщIхэм я жылэ цIыкIуу щыта Къалыхъущ. АдэкIэ, тIэкIу узэрыфIэкIыу, и щIэдзапIэщ Урыхужь Къырылъэ шытхым лIэщIыгъуэкIэрэ щыпхиугъуэныкIа мывэ къуэкIий куум. Мы тхыгъэр зытх сэ абдежым мызэ-мытIэу сыкъыщыхутащи, щыхьэт сытехъуэфынущ жьанэ тIуащIэм япэу дэплъэ дэтхэнэми зэрымыщIэкIэ гущтэ щимыщIынкIэ Iэмал зэримыIэм, апхуэдизу ар куущ, зэвыщэщ, Iэуэлъауэшхуэ иригъэщIу щышынагъуэщи.
ЗэдэгуаупсыкIа фIэкIа умыщIэну захуабзэу зэдех бгы нэпкъыжьитIым къагъэщIащ километритху хуэдиз зи кIыхьагъын, метр 70-м нэблагъэ зи кууагъын дурэш абрагъуэр. КъимыдэкIи, мы щIыпIэр и куэбжэщ, и дыхьэпIэщ Кавказ псом щынэхъ уардэу, щынэхъ бгъуфIэу, щынэхъ инхэм ящыщу къалъытэ «Дигор» тIуащIэм. Абы и пэщIэдзэ и зэвыпIэ дыдэм, зыгуэрхэм ягу къэкIри, псым иризэпрыкIыфын папщIэ, мывэ гъэжам къыхащIыкIа лъэмыж быдэ тралъхьащ. ЗыплъыхьакIуэ къакIуэхэри щIыпIэрысхэри а зэпрыкIыпIэм (къызыхахар уэ къащIэ!) «Iиблис лъэмыжкIэ» (осетинхэр «Ахсиндти хед»-кIэ) йоджэ.  
Ауэ щыхъукIи къытедгъэзэжу къыхыдогъэщри, пфIэгъэщIэгъуэн хъурэ а лъэмыжым утеувэрэ уеплъыхмэ, мывэ хьэкхъуафэр и теплъэу, зэхуэзэвыбзэу зэшэлIа къырыжьитIым я лъабжьэ дыдэм щыхъущIэ псы IэубыдыпIэншэм укIэлъыплъыныр псэр зыгъэхьэшкIуэрашкIуэщ, щIыфэр зыхэтхытхщ, зыгъэкIылщ.
Мы щIыпIэм и зэхэухуэнэкIэр гъэщIэгъуэныщэу зэрыщытым къыхэкIыу, Урыху псыхъуэм и бгъузапIэу «Дигор жьанэ» зыфIащар 2008 гъэм щIыуэпсым и фэеплъ телъыджэхэм ящыщ зыуэ къалъытащ.
ЗэвыпIэм уфIэкIмэ, МацIутIэ лъапэрытым уохьэ. Абдежым бгыхэр нэхъ щызэкIэщIокIуэт, тIуащIэри Iэхуитлъэхуит щохъу.
Зэреджэм теухуауэ
Псым и цIэр къызытехъукIам ехьэлIауэ еплъыкIэу щыIэхэм лъахэхутэхэм нэхъ къыхагъэщыр Урыху псалъэр осетинхэм «зызышэщIа», «зызыуфэбгъуа» мыхьэнэм зэрыхуахьырщ. АрщхьэкIэ, мы псым хуэгъэзауэ зи гугъу тщIы лъэпкъым щыщхэм нэхъ къагъэсэбэпыр езыхэр зэсэжа «Ираф» (ироныбзэкIэ – «Араф») къэпсэлъыкIэрщ. Осетие Ищхъэрэм псышхуэр щежэх и районым зэреджэ «Ираф» цIэри къызытехъукIауэ къалъытэри аращ.
Ираныбзэхэр джынымкIэ щIэныгъэлI цIэрыIуэ Абаев Васо къызэрилъытэмкIэ, «Ираф» псыцIэр «ir», «af» Iыхьэхэу зэхэтщи, япэр зыхуэпхь хъунур осетин-иронхэр зэрызэджэж фIэщыгъэрщ, етIуанэр къуэкIыпIэ ираныбзэхэм я нэхъыбапIэм (скифхэм я бзэри хэту) «псы» мыхьэнэр къыщикIыу хэта псалъэрщ.
ГъэщIэгъуэнми, щыIэщ псым и цIэр тюркхэм я бзэм къытехъукIауэ жызыIэхэри. Апхуэдэхэм зэрагъэувымкIэ, фIэщыгъэр зэрызэхэт Iыхьэхэм япэр, «ур» жыхуиIэр, зи гугъу тщIы лъэпкъхэр псым зэреджэу щытарщ («су» псалъэр лъэхъэнэ жыжьэм ямыIа хуэдэ), «ух» пычыгъуэр зыхуагъакIуэр цIыкIу мыхьэнэр къызэрыкI къэпсэлъыкIэм и кIэух макъырщ (суффикс уменьшительности).

БЭРАУ Болэт.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

03.10.2024 - 09:17

ФIым я фIыжхэр ягъэлъапIэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щIыналъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфI хуэ­зыщIа, зи IэнатIэм ехъулIэныгъэ щызиIэ цIыху гуащIафIэхэм щIыхьыцIэхэмрэ къэрал дамыгъэ лъапIэхэмрэ яритыжащ Къэбэрдей-

03.10.2024 - 09:15

IэпщIэлъапщIагъэм драгъэхьэхыж

ШыщхьэуIум и 29-м «КьБР-м­ и муниципальнэ щIы­на­лъэ­хэм я совет» зэгухьэныгъэм ­(КъБР-м и ­АСМО) и прав­ленэм и унафэщI Пэнагуэ Максим я зи чэзу зэIущIэр ­КъБР-м и Правительствэм щригъэкIуэкIащ.

03.10.2024 - 09:13

Куэд зыщIэ куэд хузэфIокI

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и хэщIапIэу Налшык дэтым зэIущIэ гуа­пэ щекIуэкIащ.

03.10.2024 - 09:12

Каринэ и медаль

Урысей Федерацэм и еджа­кIуэхэм дзюдомкIэ я 7-нэ Гъэмахуэ спартакиадэу иджыблагъэ Армавир къалэм щекIуэкIам и иужьрей махуэм Хъуран Каринэ Къэ­бэрдей-Балъкърым иджы­ри зы медаль къыхуихьащ.

02.10.2024 - 17:04

Владикавказрэ Тбилисирэ я зэхуакум

Къэбэрдей-Балъкъэрым тафэ лъэныкъуэмкIэ уикIыу ищхъэрэкIэ укъыщыхуэплъэкIэ, аранэхэм (къуршыщхьэхэм) кIэраупсея пкIэлъей абрагъуэм и теувапIэхэм ещхьу, зыр адрейм елъэгэкIыу къэлъагъуэ Мэзылъэ, Хъу