ШЭМПАУЛ

(ЕтIуанэ Iыхьэ)
Арати, мазэр докIри, фронтым согъэзэж.
Здэзгъэзэжам, зэрыдивизу дашэри псыпцIэ гуэрым дыхакIутэ, зывмыгъэхъей, цIутIи жывмыIэ жаIэри. Дыхэгъуалъхьэщ псыпцIэми, илъэс енкIэ зыдмыгъэхъейуэ дыхэлъащ, ди щIыбхэм къамылхэр къикIэжауэ. ПсыпцIэм и гъунэм нэрыплъэкIэ соплъэри сынэплъысыркъым, сыхоплъэри лъащIэ щIэтыххэкъым: псыр апхуэдизкIэ жэбзащи, узэпхоплъри, адрей лъэныкъуэмкIэ щыIэ уафэм къитIысхьа вагъуэхэр IупщIу уолъагъу. Ди нэр къижу деплъу IамрыкIым я кхъухьхэр къытохьэри, бдзэжьей къаубыд. Джей къаукI. Си шыплIэ пылимотыр мыулъиин щхьэкIэ, махуэ къэс зэ згъауэрти, зы махуэ гуэрым абы къридзыжа пIэтIрон нэщIыжьыр «цIомпI» жиIэу псым хэхуэри, щIэтIысыкIащ. ЩIэтIысыкIщ аби, адэкIэ бдзэжьей ещэу къытет кхъухьым и щIэр пхиудри ихуащ.
Апхуэдэу илъэс хъурейкIэ псыпцIэм дыхэлъауэ, приказ къокIуэ, Сталиным и Iэ телъу: «АдрыщI къалэр – ypa!» – жери арат итри, мо илъэскIэ щылъа дивизыр долъри, щхьэж и занщIэр и гъуэгуу къалэм дыдолъадэ. Дэ псыпцIэм дыхэлъу абдеж дызэрыщылъыр хэт и пщIыхьэпIэ къыхэхуэнт! Мо Iэнкун хъуа нэмыцэжь къомым зыкъамыщIэж щIыкIэ Iэрыубыд дощI. А махуэм сэ къыслъысу зы инэралрэ сэлэт минрэ, танк къуэлэнищэрэ пылимот пщыкIутхурэ къуентхъыу къызоубыд. Ар щызэхихым, си ныбжьэгъужьым унафэ къещI: Ригэ къэзыубыдыжа дивизыр Мэзкуу къафши, зевгъэгъэпсэху, Лыкъынэ си дежкIэ къевгъэблагъэ! – жери.
Арати, утхъэнум къеблагъэ! Зэрыдивизэу мафIэгум дракIутэри дашэ Мэзкуу. МафIэгур Красний площадым телъадэри, дыкърикIутщ аби, тежыжащ. ЦIыхур къызэхуэжэсри, щхьэж къыпэщIэхуэ и хьэщIэу зэбграшащ мо дивизэшхуэр. Сэ Сталиным деж сыкIуэну КремлымкIэ згъэзащ. Зызоплъыхь – си ныбжьэгъум и куэбжэр къысхуэцIыхужыркъым: сыт и жыл щIа сэ мыбы сыкъызэрымыкIуэрэ! Инэрал гуэр къикIукI-никIукIыy щытти, соупщI:
 – Дэтхэнэра Сталиным и куэбжэр? – жызоIэри.
ЗыкъегъэкIэрахъуэри инэралым и Iэпэр еший:
 – Мес мо куэбжэ щхъуантIэр плъагъурэ? – жи. – Аращ Сталиным и куэбжэр.
Куэбжэм сызэрыдыхьэу, Сталиным и щхьэгъусэр матэ цIыкIукIэ ху щIигъэпщу щытти, Iэдакъэжьауэ ищIри, къэплъащ:
 – Азалыхь, сэ си нэр нэжмэ, у-Лыкъынэм! – жери.
 – Уэлэхьи, сыкъэпцIыхужам, ди нысэ цIыкIy! – жызоIэри согъэщIагъуэ. – Сыту гуфI уиIэ, тхьэ, уэ!
Нагъуэ дахэрэ къамылыфэ лъакъуэ лъагэу – апхуэдэт Сталиным и фызри, къыспежьэщ аби, сэлам къабзэ къызихащ:
 – НакIуэ, неблагъэ, Тхьэм щхьэкIэ, Езыри иджыпсту къэсыжынщ! – жи.
 – Хъунщ, ди нысэ, умыгузавэ, уэ уи Iуэху иужь ит: сэ мыбы си щыпэ еблагъэкъым! – жысIэри хьэщIэщымкIэ сыщIыхьащ.
СызыщIыхьа пэшым шы щыбгъажэ хъунт, апхуэдиз и инагъти, нтIэ, абы хьэщIэ Iэджэ къыхуокIуэ къэрал Iэджэм къикIыу. Пэшыр алэрыбгъукIэ къеIулIэкIащ. И лъэгури алэрыбгъукIэ къищIыкIащ, шы щыбгъэжам, и лъэ макъыр зэхыумыхыну. Шэнтжьейм ситIысхьа къудейуэ, Сталиным ипхъу цIыкIуитIыр къосыж, шкIуолым къокIыжри. Я тхылъылъэхэр хыфIадзэри, кIийуэ къыщIолъадэ:
 – Лыкъынэ къэкIуащ! – жаIэри.
Си дамэхэм къытотIысхьэ, си щхьэм къыдокIуей – мы дунейм къызамыщIэ къагъанэркъым: зэзгъэсат апхуэдэу, уогъэсэхъу жиIэри Сталиныр шхыдэу. ИужькIэ си куэ зырызым къэшэсыжауэ «Чыху-чыху, алащэ» езгъэщIу, йоуэри, си ныбжьэгъужьыр къосыж. Уэлэхьэ, жьым щIихам хуэдэу, щIэбзэхыкIам хъыджэбз цIыкIуитIыр, я адэр зэралъагъуу.
Зызыдодзри IэплIэ зэхудощI, ди Iэхэр зэроубыд, сэлам-чэламыр зэфIокIри:
 – Зэхэсхащ, – жи, – си ныбжьэгъужь: гугъу узэрехьари зэхэсхащ, лIыгъэу зепхьари зэхэсхащ. Ар сэ сщыгъупщэнкъым, – жи, сэ сщыгъупщэми, къэралым щыгъупщэнкъым!
АпщIондэху бысым фызми Iэнэр къиузэдащ, и джэд лыбжьэм тхъур къыщIэжу, и пIастэри, данагъуэм хуэдэу, гъуэжьрэ бэлагъыпэ зырызу къытелъу, и аркъэ чэтвертми нартыхужэпкъыр IуукIэжауэ! Стэчан пIащIэжьхэм изу къытхуригъахъуэри езыр щIэкIыжащ. Жэщ ныкъуэ хъуху дыщысащ дешхэ-дефэу, дыуэршэру, Гитлъыр и шхужьыр зэридгъэпкIынум и унафэр тщIыуэ.
МазэкIэ сыщыIати, зы пщыхьэщхьэ дэкIакъым е Вэрэшилофыр, е Калининыр, е Жукуфыр е Бидонэр ныщIэмыхьэу. Псом хуэмыдэу къысщыгуфIыкIар Бидонэращ, Тэн уимытхьэлэу узэпрыкIыфащ жиIэри. Ар щызэхихым, Сталиным нащхьэ къысхуищIри, и пащIэкIэм щIэгуфIыкIыжащ. Молэтэфыр зэ закъуэ фIэкIа ныщIыхьакъым:
 – СхущIыхьэркъым, уи жагъуэ умыщI: зауэр иухмэ, дызэбгъэдэсыжынщ! – жиIэри.
ЯхущIыхьэртэкъым, пэжым ухуеймэ: зауэр зезыгъэкIуэн хуейр ахэрат. Уэлэхьи, Сталиныр къыщымыкIуэжыххэ жэщ Iэджэрэ къэхъуам! И фызыр зэфIэсу нэху къекIт апхуэдэхэм деж: «Езыр къэмыкIуэжу дауэ сыгъуэлъыжын!» – жиIэрти.
Си отпыстыр иухри, пщэдджыжь хуэдэм сыкъежьэжыну, йоуэри, ристэранымкIэ сешэ:
 – ГъэхьэщIа ухъуакъым, – жи, – си ныбжьэгъужь, мы дуней мафIэм гъэпсэхупIэ къыдитыркъым. Уи жагъуэ умыщI: зауэр зэфIэкIмэ, узгъэфIэжынщ! – жи. – Ныжэбэризэм мыбы ди закъуэ цIыкIуу дыщIэсыжынщ, зэран къытхуэмыхъуIауэ.
Моуэ зыдуныгъуэджри зы Iэнэ цIыкIу дыпэрытIысхьауэ, инэралищ зыныщIагъэпшахъуэ, мы Лыкъынэ жыхуаIэр зэдгъэцIыхунщ жаIэри. Сталиным и гуапэ зэрымыхъуар слъагъуу и гуапэ хъуакъым ар. Мыхъуа щхьэкIэ, закъримыгъащIэу, нригъэблагъэри, нигъэтIысащ. ИкъукIэ нэжэгужэу дызэхэсащ жэщми, ауэ тэджыжыгъуэр къэсри – Сталиныр си лъапэм къытоувэ. Си щхьэр изохьэлIэри, къызоупщI:
 – Ярэби, зы тумэнитху пкъуэмылъу пIэрэ? – жери. – Си ахъшэр адрей кIэстум жыпым къизнащ.
Ар жиIэ щхьэкIэ, улахуэр кърамыта щIыкIэу арат. Умыгузавэ, си къуэшыжь! – жысIэри, Iэнэ щIагъымкIэ тумэнитхур хуэсшиящ. Рашшотыр зэфIокIри дызэбгрокIыж. Пщэдджыжьым сэлам ясхыжщ, тхьэигъэпсэу яжесIэри сыкъежьэжащ. Къэхь КъурIэн, фронтым сынэмысыжат, си тумэнитхур пакет хужь дахэм дэлъу ныщысIэригъэхьэжам!

Тедзэным хуэзыгъэхьэзырар ТАБЫЩ Муратщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

14.10.2024 - 10:12

Мусуков Алий ТIэхьир и къуэр

Мусуков Алий ТIэхьир и къуэр Дзэлыкъуэ ­районым хыхьэ Хьэбэз къуажэм 1969 гъэм къыщалъхуащ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, Иджырей гуманитар институтыр къиухащ.

14.10.2024 - 10:11

Узыгъэгушхуэщ

    Узыгъэгушхуэщ

14.10.2024 - 10:10

Мысырымрэ Кавказымрэ

Пасэрей Мысырым и щэнхабзэ фэеплъу дуней псом къыщацIыху, ауэ нэгъуэщI щIыпIэ щымыпсэу цIывым и мывэ сурэтыр къыщIахыжащ Зеикъуэ и зы кхъэлэгъунэхэм.

14.10.2024 - 10:10

Бжьыхьэ хуабэр зэранщ

ЩIыуэпсым лей хэткъым, псори зэпэшэчауэ, убзыхуауэ къокIуэкI. Ауэ щыIэщ гъатхэм зыщигъэгуви, бжьыхьэм зыщиIэжьи, щIымахуэр щыуэсынши, гъэмахуэ хуабэм цIыху щиукIи.

14.10.2024 - 10:09

ЛIыгъэ щIапIэр ящремыгъупщэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэм хабзэхъумэ органхэм ящыщ зауэлIхэм Шэджэм райо­ным щызэрахьа лIыгъэм и щIыхькIэ ягъэува фэеплъыр къыщызэIуаха дауэдапщэм.