КЪУЭШЫРКЪУЕЙ ХЪЫДЖЭБЗЫР И ГЪЭСЭНЫГЪЭКIЭ КЪАХОЩ

Мы тхыгъэр зытеухуар Адыгэ Республикэм щекIуэкIа «Адыгэ пщащэ» фестиваль-зэпеуэм «Пщащэ гъэса» щIыхьыцIэр къыщызыхьа ЖьэкIэмыхъу Даринэщ. Гуапэщ Кэнжэ (Къуэшыркъуей) къуажэм къыдэкIа хъыджэбзыр и гъэсэныгъэкIэ абы къызэрыщыхэжаныкIар. Фигу къэдгъэкIыжынщи, зэхьэзэхуэр Адыгэ Республикэм ЦIыхубэ щэнхабзэмкIэ и центрым къызэригъэпэщащ, ЩэнхабзэмкIэ министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу. Зэхыхьэ дахэр ящыщщ Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсым зэфIаха Iуэху дахэхэм.
Даринэ Кэнжэ къуажэм и курыт еджапIэ №20-р ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, 2016 гъэм КъБКъУ-м и медицинэ факультетым и провизор къудамэм щIэтIысхьащ. ЖьэкIэмыхъу Артуррэ Маринэрэ я хъыджэбзитIыр – Даринэрэ Заринэрэ – анэдэлъхубзэм, адыгагъэм, лъэпкъ хабзэхэм щIапIыкIащ.
Кэнжэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщI Мамий Заретэ «Адыгэ пщащэ» зэпеуэм Даринэ и зэфIэкI щеплъыжыну щыхуигъэлъагъуэм, и адэ-анэм ечэнджэщри, арэзы хъуащ. КъыжыIапхъэщ, 20I4 гъэм Кэнжэ щрагъэкIуэкIа апхуэдэ зэпеуэм Даринэ зэрыхэтар икIи етIуанэ увыпIэр къызэрыщихьар. Даринэ фIыщIэ яхуещI и ныбжьэгъу пщащэхэу Тэтэр Аминэрэ Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэрэ, сурэттеххэу Хьэщыкъуей Тамерланрэ Зашаев Рэхимрэ, хьэгъуэлIыгъуэ фащэхэм я «Artnouveaustudio» тыкуэным зэпеуэм зыхуигъэхьэзырынымкIэ къызэрыдэIэпыкъуам папщIэ. Апхуэдэу, иджыри КъБКъУ-м щыщеджэм, Даринэ и зэфIэкI щеплъыжауэ щытащ «Мисс КБГУ» зэпеуэм. Абы щыгъуэ «Мисс грация» цIэр къыхуагъэфэщауэ щытащ.
- Си мурадхэр си адэ-анэм къызэрыздаIыгъым, сызэрытрагъэгушхуэм икIи къызэрыздэIэпыкъум папщIэ фIыщIэ яхуэфащэщ. Сыт щыгъуи ахэр си чэнджэщэгъу пэжу зэрыщытым къыхэкIыу сызрихьэлIэнкIэ хъуну Iуэху зэIумыбзхэм сыкъыпокIуэкI. Си анэшхуэ Светэ си сабиигъуэм IуэрыIуатэм щыщ таурыхъхэм сыщIипIыкIащ, адыгэ пщащэм и хьэл-щэнхэм сыщIигъэдэIуащи, абыхэм сызэрытетыным иужь ситщ. Зэпеуэр щIэщыгъуэу икIи гукъинэжу екIуэкIащ. Анэдэлъхубзэр зэрытщIэр, ди лъэпкъ къафэм дызэрыхуэIэзэр къэдгъэлъэгъуащ. Адыгэ шхыныгъуэхэм я гъэхьэзырыкIэр къэдгъэнэIуэн хуей щыхъум, кхъуейжьапхъэ сщIащ. Апхуэдэу ди лъэпкъ тхыдэм дытрагъэпсэлъыхьащ. Сызыщыщ ЖьэкIэмыхъу лъэпкъым теухуа тхылъ диIэщи, ди блэкIам фIыуэ дыщыгъуазэщ.
Хъыджэбз Iущыр куэдрэ гупсысащ IэщIагъэ хуэхъунур къыхихын ипэкIэ. ЦIыхухэм епсэлъэну, зыгуэркIэ дэIэпыкъуэгъу яхуэхъуну зэрыфIэфIым къыхэкIыу провизор IэщIагъэм хуеджауэ аптекэм щолажьэ. Даринэ быдэу и фIэщ мэхъу и чэзум цIыхум зэхих псалъэр хущхъуэ пэлъытэ зэрыхуэхъур. Я ныбжьми емылъытауэ, узым гукъыдэж къезымыт куэдым хущхъуэ хуейуэ зыкъыщыхуагъазэкIэ дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ щхьэхуэ къазэрыхуигъуэтыным иужь итщ. Апхуэдэхэм я дежкIэ псалъэ гуапэр уасэншэщ. АбыкIэ Даринэ и щапхъэщ узыншагъэр хъумэн IэнатIэм пэрыт и анэ Маринэ. Ар сэбэп зыхуэхъуа, зи узыр зыщхьэщиха цIыхухэм фIыщIэ, щытхъу псалъэхэмкIэ зэрызыкъыхуагъазэм щIапIыкIа хъыджэбзми а IэщIагъэр къыхихащ.
Гъэсэныгъэ, хьэл-щэн дахэ зыдэплъагъу адыгэ пщащэр сыт дэзыхьэхыр жыпIэмэ, ар тхылъ еджэнырщ, лъэпкъ къафэхэрщ, сурэт техынырщ, пщэфIэнырщ, и къэухьым зригъэужьынырщ. ЦIыхухэм гулъытэ яхуэщIыныр гъащIэм нэхъыщхьэу къыщызылъытэ Даринэ езым и хущхъуэ щапIэ къызэIуихыжыну и хъуэпсапIэщи, ар къехъулIэну, и ехъулIэныгъэхэм хигъэхъуэну, лъагапIэщIэхэм нэсыну ди гуапэщ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.