ДЫЗЫЩЫПСЭУ ЩIЫР - БЖЫГЪЭХЭМКIЭ

ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, дызыщыпсэу ЩIымрэ Дыгъэ системэм хиубыдэ вагъуэхэмрэ адрей планетэхэмрэ илъэс меларди 4,6-рэ ипэкIэ къэунэхуащ. ЦIыхур хьэршым и гъунапкъэ жыжьэхэм нэплъысащ. ИкIи планетэ мелард бжыгъэхэм ящыщу ЩIы закъуэращ гъащIэ здэщыIэу къыщIэкIари. Ар, дауи, телъыджэщ. Ауэ абы нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныж куэд къыщохъу езы ЩIыми...

ЯпэщIыкIэ ЩIым и ухуэкIэм зэ дриплъэжынщ.
Уафэ лъабжьэм къыщыщIэбдзэмэ, япэу узрихьэлIэр щIы щхьэфэращ. Ар дыщызэхэзекIуэ, къэкIыгъэхэр, жыгхэр къыщыкI, къуршхэмрэ къуакIэ-бгыкIэхэмрэ зытетырщ. Абы и лъабжьэм къыкIэщIэлъщ литосферэ жыхуаIэр - мывэмрэ щIы щхьэфэмрэ я зэхуаку дэлъыр. Литосферэм къыкIэлъокIуэ мантиер - щIым и пкъыгъуэ нэхъ Iув дыдэр, мывэ зэмылIэужьыгъуэу зэхэлъыр. Абы и лъабжьэм щIэлъщ астеносферэр: щIы кугъуэ пщтырым къигъэкъуэлъа мантиер ткIуаткIуэ сэфэтым иту. Астеносферэм къыкIэщIэлъщ щIы кугъуэ щхьэфэр. Абы щызэхуэхусащ малъхъэдис къэкъуалъэр. ИкIэм-икIэжым къыкIэлъокIуэ щIым и кугъуэр (гъущIымрэ никелымрэ зэхэшыпсыхьыжауэ къызэдэкъуалъэу). 
 

Бжыгъэхэр
ЩIым и экваторым и бгъуагъыр - километр 12756-рэ.
ЩIым и кугъуэм и бгъуагъыр - километр 7000.
Мантием и Iувагъыр - километр 2900.
ЩIы кугъуэ щхьэфэм и пщтырагъыр - градус 7000.
ЩIым и щхьэфэр километр зэбгъузэнатIэ мелуан 510-рэ мэхъу.
Абы щыщу дунейпсо тенджызым еубыд километр зэбгъузэнатIэ мелуан 361-р.
Хьэуам и зэхэлъыкIэр: процент 78-р азотщ, процент 21-р лъышэщ (кислородщ), зы процентыр – аргонщ.
ЩIым зэ зыкъигъэкIэрэхъуэным сыхьэт 23-рэ дакъикъэ 56-рэ ехь (зы жэщ-махуэ).
ЩIыр Дыгъэм зэ къекIуэкIыным токIуадэ махуэ 365-рэ сыхьэти 6-рэ (зы илъэс).
ЩIым къыщыщIэдзауэ Дыгъэм нэс я зэхуакум километр 149600000 дэлъщ.
ЩIым зы сыхьэтым къриубыдэу гъуэгуанэу километр 1660-рэ къызэпичыу зегъэкIэрахъуэ.
ЩIым и орбитэм иту къыщикIухькIэ, зы меданым километр 29,8-рэ екIу.
ЩIым къыщыщIэдзауэ Мазэм нэс я зэхуакум километр 385000 дэлъщ.
ЩIы щхьэфэм нэхъыбэу хэлъыр лъышэ (процент 46,6-рэ), кремний (процент 27,7-рэ), бзэху (проценти 8,1-рэ), гъущI (проценти 5) жыхуэтIэхэращ. 

Псом нэхърэ нэхъ...
•ЩIым и щIыпIэ нэхъ хуабэ дыдэр Ливиеращ. Абы щыIэ Аль-Азизие къалэм 1922 гъэм фокIадэм и 13-м щиIыгъащ хуабэу градус 57,7-рэ.
•Нэхъ щIыIэ дыдэр Антарктидэращ. 1983 гъэм бадзэуэгъуэм и 21-м Восток станцэм къитащ а щIыпIэм градус 89,92-рэ щIыIэу щыIауэ.
•Нэхъ гъущэ дыдэу ЩIым иIэ щIыпIэр - Чилим щыIэ Атакамэ къумырщ.
•Жьапщэ нэхъ псынщIэ дыдэр США-м и Нью-Гемпшир штатым 1934 гъэм щагъэбелджылащ. Абы зы сыхьэтым километр 372-рэ и псынщIагъыу къепщэрт.
•ЩIым нэхъ куу дыдэу иIэ щIыпIэр Мариин кумбырщ. Абы километр 11,033-рэ и куууагъщ.
•Гуэл нэхъ куу дыдэр Байкалщ (метр 1940-рэ).
 

Псыежэх нэхъ кIыхь дыдэхэр
•Нил (Африкэм) - километр 6670-рэ.
•Амазонкэ (Америкэ Ипщэм) - километр 6448-рэ.
•Миссисипи (Америкэ Ищхъэрэ) - километр 6231-рэ.
•Енисей (УФ) - километр 5540-рэ.
•Янцзы (Китай) - километр 5470-рэ.
•Объ (УФ) - километр 5150-рэ.
•Конго-Заир (Африкэ) - километр 4828-рэ.
•Амур (Азие) - километр 4506-рэ.
•Хуанхэ (Китай) - километр 4345-рэ.
•Меконг (Азие) - километр 4184-рэ.
•Нигер (Африкэ) - километр 4184-рэ.
Къумхэр
•Сахарэ - километр зэбгъузэнатIэ 8400000-рэ.
•Аравий къум - километр зэбгъузэнатIэ 1300000-рэ.
•Тоби - километр зэбгъузэнатIэ 1040000-рэ.
•Калахари - километр зэбгъузэнатIэ 520000-рэ.
Псы къелъэхэр
•Нэхъ лъагэу дыдэхэр: Анхель (Венесуэлэ) - метр 979-рэ.
• Тугелэ (Африкэ Ипщэ) - метр 948-рэ.
•Псы нэхъыбэ къызэхуэхыр: Бойомэ (Конгэ) - зы меданым псы метр зэпэщимэ 17000.
•Ниагарэ (Америкэ Ищхъэрэ) - зы меданым псы метр зэпэщимэ 6000.
ХытIыгу нэхъ ин дыдэхэр
•Гренландие (Атлантикэ Ищхъэрэ) - километр зэбгъузэнатIэ 2175600-рэ мэхъу.
•Новэ Гвинее (тенджыз Щэхум и ипщэ-къухьэпIэ) - километр зэбгъузэнатIэ 794090-рэ.
•Калимантан (тенджыз Щэхум и ипщэ-къухьэпIэ) - километр зэбгъузэнатIэ 751078-рэ.
•Мадагаскар (Индие тенджыз) - километр зэбгъузэнатIэ 587040-рэ.
•Суматрэ (Индие тенджыз) - километр зэбгъузэнатIэ 431982-рэ.
•Хонсю (тенджыз Щэхум и ищхъэрэ-къухьэпIэ) - километр зэбгъузэнатIэ 230822-рэ.
•Великобритание (Атлантикэ Ищхъэрэ) - километр зэбгъузэнатIэ 229522-рэ.
•Элсмир (Канадэ Арктикэ) - километр зэбгъузэнатIэ 198393-рэ.
•Викторие (Канадэ Арктикэ) - 192695-рэ.

Бгы нэхъ лъагэ дыдэхэр
•Азием: Джомолунгмэ (Непал) - метр 8848-рэ; Чогори (Китай-Пакистан-Индие) - метр 8611-рэ; Канченджангэ (Непал) - метр 8470-рэ; Макалу (Непал) - метр 8470-рэ; Дхаулагири (Непал) - метр 8172-рэ;
•Америкэ Ипщэм: Аконкагуэ (Аргентинэ) - метр 6960-рэ. 
•Америкэ Ищхъэрэм: Мак-Кинли (Аляскэ) - метр 6194-рэ.
•Африкэм: Килиманджаро (Танзание) - метр 5895-рэ.
•Европэм: Iуащхьэмахуэ (Кавказышхуэ) - метр 5633-рэ; Монблан (Франджы) - метр 4810-рэ.
•Антарктидэм: Винсон - метр 5139-рэ.
•Австралиемрэ Океаниемрэ: Джая (Новэ Гвинее) - метр 5029-рэ.
ФIэщ щIыгъуейщ, ауэ пэжщ
•Ди ЩIым хуэдэпс планетэ куэд хьэршым итщ, езым я дыгъи, мази яIэжу, гъащIэ щыIэфын хуэдэу температурэ тэмэм яIыгъыу. Ауэ абыхэм гъащIэ щыIэрэ щымыIэрэ иджыри къахуэхутакъым щIэныгъэлIхэм.
•Закъуэныгъэр зыфIэфIхэр Гренландием кIуэ хъунущ. Зы километр зэбгъузэнатIэм цIыху нэхъ мащIэ дыдэ зэрысыр а къэралырщ. 2010 гъэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм къызэригъэлъэгъуамкIэ, хытIыгум иубыд километр зэбгъузэнатIэ 2166086-м цIыху 56534-рэ щыпсэууэ аращ – КъБР-м и къуажэшхуитI хуэдиз. Абыхэм я нэхъыбапIэр Iусщ тенджыз Iуфэм.
•Зэхэвэзэхэжьэ фIыуэ фымылъагъумэ зэи Манилэ фымыкIуэ! Филиппинхэм я къалащхьэм цIыхуу дэсым хуэдиз зы къали дэскъым, дуней псор къапщтэмэ. 2007 гъэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм къигъэлъэгъуащ километр зэбгъузэнатIэ 38,55-м цIыху 16607I4 тесу!
•БыдзышэкIэ зи щIэблэр зыпI псэущхьэхэм я нэхъ цIыкIу дыдэр Азием и ипщэ-къуэкIыпIэм щыпсэу дзыгъуэнэфырщ. Абы сантиметри 3 и кIыхьагъыу аращ, грамми 2 и хьэлъагъщ.
•Дунейм тет псэущхьэхэм нэхъ ин дыдэу яхэтыр сытра? Пыл? Джей щIыху? Хьэуэ! Iэгъэбэгухэрщ. Ботаникэм ахэр псэущхьэхэми къэкIыгъэхэми яхибжэркъым. Абы къыхэкIыу, псэ зыIути, зыIумыти, багъуэу, хэхъуэу щыIэм я нэхъ ин дыдэр Iэгъэбэгурауэ жаIэ. Псалъэм папщIэ, щыIэщ Iэгъэбэгу (опенок) и лъэхъыцым щIы гектарым зриубгъуауэ.
•Къэбэкъауэхэм (вулканхэм) я нэхъ «жыджэрыр» Страмболи зи фIэщыгъэцIэу хы Курытым и хытIыгухэм ящыщ зым щыIэрщ. Иужьрей илъэс мин 20-м ар зэи къызэтемыувыIауэ къокI. Хытетхэм ар гъуазэу ябж, сыту жыпIэмэ, жэщым плъыжьыбзэу къоблэри, уигъэгъуэщэнукъым.
•ЩIым и тафэр Iыхьихыу гуэшащ, зэрытщIэщи: Евразие (Европэрэ Азиерэ), Африкэ, Америкэ Ищхъэрэ, Америкэ Ипщэ, Австралие, Антарктидэ. Нобэ ахэр зэпэщIэхащ, хышхуэхэр я зэхуаку дэлъщ. Ауэ илъэс мелуан 200-кIэ узэIэбэкIыжмэ, а псори зы щIы Iыхьэу щытащ. ЩIы лъабжьэр хъеин, зекIуэн щIидза нэужь, щIы щхьэфэр Iыхьэ-Iыхьэу зэкIэщIитхъри, зэпэщIихащ. Ар нэрылъагъу пщохъу картэм уеплъурэ континетхэр зэбгъурыбгъэувэжмэ - я гъунапкъэхэр пазлым хуэдэу зэжьэдоувэж. ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, зэгуэр, къэкIуэну жыжьэм, ахэр зы хъужынущ.
•Мазэр дэнэ къыздикIар? Языныкъуэ щIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Тейе жыхуаIэ планетэр зэгуэр ЩIым гъунэгъущэ къыхуэхъущ, къыжьэхэуэри, и зы Iыхьэшхуэ гуиудащ. Къыгуиудар Мазэ хъуащ.
•ЩIымрэ Дыгъэмрэ километр мелуани 150-рэ я зэхуакущ. Ауэ Дыгъэм къидз нэхур ЩIым къэсыным медани 8,19-рэ ихьу аращ!
•Дунейпсо тенджыхым ЩIым и процент 70-р еубыд. Ауэ абы щыщу цIыхум иджар проценти 5-рщ. Тенджызым щыпсэухэмрэ абы и лъабжьэм щIэлъымрэ дыщымыгъуазэу жыпIэмэ, ущыуэнукъым.
•ЩIыуэпсым езыр-езыру къегъэщI электрокъару. Псалъэм папщIэ, щыблэмрэ уафэхъуэпскIымрэ. Щыблэр къыщыуэкIэ абы и Iэгъуэблагъэ ит хьэуар градус мин 30-м нэскIэ къегъэплъ. Хьэуа къэплъам къиутIыпщ гуащIэм къаруушхуэ къегъэщIри, атмосферэр къызэкIэщIетхъ. Абы щыгъуэм деж дэ зэхыдох уафэгъуагъуэр.
•Псоми зэрытщIэщи, ди ЩIым хьэршымкIэ укъыщеплъмэ, щIыху-удзыфафэу ялъагъу космонавтхэм. Аращ зэрыщытри. Ауэ пасэрей зэман жыжьэм ЩIыр шэкъафэу щытащ. Ар къызыхэкIар ретинал жыхуаIэ молекулэращ. Пасэрей къэкIыгъэхэм дыгъэбзийр зыщIашэн папщIэ къагъэсэбэпу щытар хлорофиллракъым, нобэ хуэдэу. АтIэ, зи гугъу тщIы ретиналырщ.
•Уэшхыр дэнэ къыздикIыр? Уафэм… Уафэм псыр дэнэ къыздрихыр? Физикэм къызэрихутамкIэ, гуащIэр зэи кIуэдыркъым, атIэ зы сэфэтым къикIыу нэгъуэщI сэфэт иувэу аращ. Апхуэдэщ псым и Iуэхури. Дыгъэ къепсым тенджызхэр, псы ежэххэр, гуэлхэр къегъэхуабэри, бахъэ къыхеху. А бахъэр уэм докIуей. Атмосферэ щIыIэм нэса нэужь, бахъэр ткIуаткIуэ мэхъужри, уэшх, уэс, уэ жиIэу, сэфэт зыбжанэм иту (дунейм и щIыIагъэ-хуэбагъэм елъытауэ) къегъэзэж.
•Гуэлхэри къоуэ! Камерун щыIэщ гуэлищ, кIэщI-кIэщIыурэ къауэу: Ниос, Монун, Киву. Ахэр къэбэкъауэ кумбым итщи, углекислэ гъуэзыр щIы лъабжьэм къиутIыпщыху, гуэлхэри къоуэ.
•Псы зылъэмыIэса, щIы щхьэфэ гъущэм нэхъ куу дыдэу иIэ щIыпIэр Бентли зыфIаща, Антарктидэм щыIэ кумбырщ. Абы метр 2555-рэ и куууагъщ. ЩIэныгъэлIхэм я жагъуэ зэрыхъунщи, абы унэсыфынукъым мыл IувкIэ щIэхъумащи.

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.12.2024 - 09:03

ПсэупIэ фондым и лэжьыгъэр къалъытэ

Фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIауэ щыIэ къэрал программэхэр щIыналъэхэм зэрагъэзащIэм и фIагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIхэм яхыхьащ.

08.12.2024 - 09:03

КъытхуэкIуэхэр нэхъыбэ мэхъу

«Санатории-России.рф» интернет-порталым къызэритамкIэ, ди республикэм и санаторхэмрэ курортхэмрэ зыщызыгъэпсэхуну, я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыну мы гъэмахуэм къэкIуахэм я куэдагъымрэ абыхэм хэхъуэ

07.12.2024 - 12:25

ТхыцIэм и щхьи и лъабжьи…

Кавказ Ищхъэрэм и Къу­хьэпIэ дахащэм ноби узыщрихьэлIэ адыгэ лъагъуэжь­хэмкIэ дрикIуэну, хы ФIы­цIэ Iуфэм ухуэзышэ гъуэгур къэтхутэн мурадыр диIэу, си адэ шыпхъум и ­къуэ Уэлджыр Зауррэ сэрэ дызэхэ

07.12.2024 - 10:01

Апсэ Дианэ: Макъамэмрэ сэрэ дыкъызэхуонэ

Апсэ Дианэ Къэрэшей-Шэрджэсым, Черкесск къалэм щыщщ. Ди республикэм щопсэу, щолажьэ.

07.12.2024 - 09:03

Сэлэт хахуэм и фэеплъу

Бахъсэн куейм хиубыдэ Зеикъуэ къуажэм футбол цIыкIумкIэ зэхьэзэхуэ щызэхэтащ иджыблагъэ.