Статьи на кабардинском языке

БЭЛЪТОКУ

- Хэдэ!

Раянэ къищэхуа бэлътокухэр, пшынэм ещхьу, зэтригъэжауэ, Фаизэ и пащхьэм щегъэсыс. Хъыджэбзхэр шэджагъуэ зыгъэпсэхугъуэм ирихьэлIэу, «ПцIащхъуэ абгъуэ» тыкуэным щIэлъэдауэ арати, гъатхэ дыгъэм къыхэувэжауэ, псапэ зэIэпах.

- КхъыIэ, сэри зы бэлътоку къызэт! - цIыхубз макъ къоIу.

IУАЩХЬЭ ПIАЛЪЭ

Къуэн Исмел Iуащхьэ пIалъэ итауэ ХьэтIохъущокъуэхэ я гуащэ къыхуеблэгъащ. «Фыз хьэщIэ нэхъей» жыхуаIэрати, емыжьэжурэ махуэ зыбжанэ дэкIат. «ХьэщIэр Тхьэм и лIыкIуэщ» псэлъафэм тету, къигъанэу ежьэж мыхъуурэ, Iуащхьэ пIалъэм гувауэщ щекIуэлIар.

КЪАФЭМ КЪЫХУИГЪЭЩIА

ЗэрыжаIэщи, къафэр - псэщ. Классикэ академическэ къафэр къызэрыгуэкIкъым. Артистым ар къехъулIэн папщIэ зэмани къаруи тригъэкIуэдэн, зэгугъужын хуейщ. КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, зэфIэкI зиIэ балеринэ, Музыкэ къэрал театрым и къэфакIуэ Щэбэтыкъуэ Юлианэ и гъащIэр аращ зытриухуар.

ЖЫР БАЛЛОНЫР КЪЫЩIЕЖЬАР

Ди зэманым зэмылIэужьыгъуэ куэду щыIэщ жыр баллон цIыкIухэр: тэмакъ узым и хущхъуэ, бадзэгъалIэ, щхьэцыр зэрагъэцIу ткIуаткIуэ, напэр зэрагъэкъабзэ сабыныпс, дыху иту. Ауэ нэхъапэм щыгъуэ апхуэдэ ткIуаткIуэхэр е хущхъуэ ящI псыхэр зэрызэрахьэ баллонхэр щыIакъым.

ЩIЭБЛЭМ ЯГУ ДЫХЬЭФ ЕГЪЭДЖАКIУЭ

2023 гъэр егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ я илъэсу ягъэуващ. Абы дыпэджэжу, дыхуейт фыщыдгъэгъуэзэну КъБР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, цIыхубэ егъэджэныгъэм и отличник, и IэзагъымкIэ квалификацэ лъагэ зиIэ Ефэнды Маринэрэ абы и гъэсэнхэмрэ ехъулIэныгъэхэм.

ДЭТХЭНЭМИ КЪИЛЭЖЬА ТЕЗЫРЫР ТРАЛЪХЬАЩ

КъБР-м щыIэ УФСБ-мрэ МВД-мрэ я лэжьакIуэхэм хабзэншагъэкIэ наркотикхэкIхэр игъэкIыным пэщIэт Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу яубыдащ хамэ къэрал щыщхэу наркотикхэкIхэр куэду республикэм щигъэкIыным пыщIа цIыхуитI. 

КЪЭТ И БЫНХЭМ САХУЭЗЭШЫРТ

Хы ФIыцIэ Iуфэм лъэсу сыкъыщежьэри, бгыщхьэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Ло Ипщэ къуажэмкIэ згъэзащ. Ар зыбгъэдэс Ло псы цIыкIур къызыдэж къуэладжэр Шахэпсрэ Сочыпсрэ щешкIурэх тIуащIэхэм я зэхуаку дэтщ.

ХЫ ФIЫЦIЭМ И ЛЪАБЖЬЭМ ПСЫ ЩIОЖ

Дунейр къызэригъэщIрэ илъэс мелард бжыгъэ хъужами, цIыхур абы мелуан бжыгъэ хъуауэ щыпсэуми, мы ЩIым щэхуу пкъырытыр иджыри къэс къахуэтIэщIакъым. ЗыхэтщIыкIыр зырикIщ, къыдгурымыIуэмрэ дымылъагъумрэ елъытауэ. Апхуэдэ щэхухэм ящыщщ тенджыз, хы лъабжьэхэм псы ежэх зэрыщыIэр, а тIур зэрызэхэмылъадэр. 

ЦIЫХУБЗ ЗЭГУХЬЭНЫГЪЭР ЩАГЪЭГЪУАЗЭ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр яIущIащ «Надежда России» бзылъ­хугъэ зэгухьэныгъэ» урысей­псо жылагъуэ IуэхущIапIэм и Къэ­бэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм хэтхэм. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ. 

«ДОНБАСС-2022»

«Российская газета»-м и дзэ корреспондент Аносов Владимир триха сурэтхэр щагъэлъагъуэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъу­мэш университетым. «Донбасс-2022» выставкэр къызэ­рагъэпэщащ КъБР-м и про­куратурэмрэ ЩIалэ­гъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и ми­нистерствэмрэ я дэIэпы­къуэгъуу.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке