Статьи на кабардинском языке

УРЫСЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР КЪАПОПЛЪЭ

СпортымкIэ мастер, дунейпсо класс зиIэ, КъШР-м и депутату, дунейм самбэмкIэ и чемпиону щыта Къуныжь Мухьэмэд и фэеплъ урысейпсо зэпеуэ Черкесск къалэ щекIуэ­кIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм а зэхьэзэхуэм медалитху къыщахьащ. 

ЗЫХУЕЙХЭМКIЭ ЗЫЩIАГЪАКЪУЭ

Бахъсэн щIыналъэм щыщу дзэ къулыкъум ираджэжахэм яхэхуа ди щIалэхэм зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ зыщIагъа­къуэ. Апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэр къызэрагъэпэщащ къуа­жэ­дэс­хэм, еджапIэхэм щIэс­хэм, жылагъуэ зэгухьэ­ны­гъэхэм хэтхэм.

ДАХАГЪЫР ЗЭБЭКIХЭР

Гъэлъэгъуэныгъэхэр

«Гранд-Кавказ» хьэщIэщым щагъэлъагъуэ «Палитра» выставкэм хагъэхьащ республикэм и художник цIэры­Iуэхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа сурэт тхущIым щIигъу.

ХЬЭМБЫЛУ ЗЭПРЫПЩЫПIЭ

Астрофизикэ

Зэрынэрылъагъущи, уахэр (хьэршыр) зэлъэщIэгъэхьэнымкIэ лъэпощхьэпо нэхъ ин дыдэу къэувыр абы иIэ абрагъуагъэу кIэи пэи зыдамылъагъурщ. 

ДЫГЪЭМЫХЪУЭ ЛЪЭМЫЖЫР ЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм (проектым) ипкъ Зеикъуэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ) къуажэм деж Дыгъэмыхъуэрэ Хьэрэкхъуэрэрэ зэрипхыу Бахъсэныпсым телъ лъэмыжыр трахыу щIэрыщIэу тралъхьэжыну гъуэгуухуэхэм къапэщылъщ.

ХЬЭЩIЭМ ТЕУХУАУЭ

Хабзэ

ИЛЪЭС 50 ИРИКЪУА ЕДЖАПIЭ

Си фIэщ хъуркъым уи сабиигъуэр щыбгъэкIуа еджапIэмрэ балигъ гъащIэм ухуэзыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэмрэ, сыт хуэдэ ехъуэлIэныгъэ уиIэу уемыджами, пщызыгъэгъупщэн щыIэу. Нэхъри ягури, я псэри етарэ, узыхурагъаджэм куууэ хэзыщIыкIхэр къыпщхьэщытамэ. Си насып къикIри, сэ сыщеджащ Бахъсэн районым сыт и лъэныкъуэкIи бжьыпэр пIалъэ кIыхькIэ щызыIыгъа, Зеикъуэ къуажэ дэт езанэ курыт школым.

КРЕМЛЫМ ЩЫЛЫД ВАГЪУЭ ПЛЪЫЖЬХЭР

1935 гъэ пщIондэ Кремлым и щхьэщыгум вагъуэм и пIэкIэ пылъащ щхьитI зыпыт бгъэр - ар Урысей империем и дамыгъэт. ИужькIэ, Совет властым унафэ ищIащ гъубжэрэ уадэрэ зытещIыхьа, жырым къыхэщIыкIа вагъуэкIэ ар яхъуэжыну. Вагъуэми иджы иIэ теплъэр щигъуэтар иужьыIуэкIэщ. Япэ щIыкIэ ар гъэщIэрэщIат Уралым и мывэ цIугъэнэхэмкIэ (аметист, топаз, александрит, абджыджэ, аквамарин).

АНЗОРХЭ Я КЪЭБЭРДЕЙТ

Хэти щыгъуазэщ адыгэхэр иджыпсту зытес щIыналъэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэжым я адэжьхэр тепсэукIыу зэрыщытами, а щIыгум щыщу, лъэхъэнэ кIэщI дыдэм къриубыдэу, ди гъунэгъу лъэпкъхэм лъагъэсар зыхуэдизми.

IУАЩХЬАЦЭ И ЩЭХУХЭР

Пасэрей зэман жыжьэм хабзэу щыIащ дунейм ехыжа лIыхъужьхэм, уэркъхэм, пщыхэм я кхъащхьэм Iуащхьэ тращIыхьыжу, абдеж цIыхушхуэ зэрыщIэлъыр, а щIыпIэм пщIэ хуэщIын зэрыхуейр ящIэн, абы и хъыбар мыкIуэдыжын папщIэ. Кавказ Ищхъэрэм щыкуэдщ зи гугъу тщIы Iуащхьэхэм хуэдэ. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке