БЭЛЪТОКУ

- Хэдэ!

Раянэ къищэхуа бэлътокухэр, пшынэм ещхьу, зэтригъэжауэ, Фаизэ и пащхьэм щегъэсыс. Хъыджэбзхэр шэджагъуэ зыгъэпсэхугъуэм ирихьэлIэу, «ПцIащхъуэ абгъуэ» тыкуэным щIэлъэдауэ арати, гъатхэ дыгъэм къыхэувэжауэ, псапэ зэIэпах.

- КхъыIэ, сэри зы бэлътоку къызэт! - цIыхубз макъ къоIу.

Нэм къыфIэмынащэу, тыкуэн бжэIупэм деж удз гъэгъахэр щызыщэ нанэр гуфIэурэ къахудоплъей.

- Уэри хэдэ! - игъащIэ лъандэм ицIыхуам ещхьу щогуфIыкI абы Раяни, и бэлътокухэр хуеший.

 - СыгушыIэу аращ, фи адыгэбзэм сехъуэпсауэ. Куэдщ, куэдщ! Ажэгъуэмэхэр мэкIуэд жысIэри, сыкъыдэкIуеящ нобэ къалэм. Иджы мыр къэсщтэху сигу укъэкIынущ, си хъыджэбз! ИIэ, фэри си ажэгъуэмэхэм щыщ зы Iэрамэ къыхэфх!

- Мыхэр уи хадэм щыбгъэкIыу ара, нанэ? - Фаизэ ажэгъуэмэ щIыхухэм яхоплъэ.

- Хьэуэ, тхьэ! Мэз лъапэм къыщыстIащ.

«Псори къэдгъэщэху!» - и ныбжьэгъум и тхьэкIумэм йохъуцацэ Раянэ. Нанэр фэджэладжэ дыдэуи хуэпакъым, ауэ куэд щIауэ и щхьэ Iуэху зэрызэримыхуэжыр нэм къыщIоуэ жумыIэпэнуми, нэрылъагъущ.

- Псори къэтщэхумэ, тхьэмыщкIафэ етплъу къыфIэщIынущ.

- Сыт-тIэ тщIэнур?

- Дэнэ ущыщ, нанэ? - нэхъ хуабжьу щIоупщIэ Фаизэ.

- Къалэ щIыбым, дачэхэм сыщопсэу.

- Шэджагъуэшхуэ тIэкIу къыддэпщIын?

- АIэ! Сэ псынщIэу семыжьэжмэ, кIуэжыгъуей сыхъунущ. Сымаджэ къэзгъэнащ.

И лIыр зэрихьэ къыщIэкIынщ, - зохъуцацэ хъыджэбзитIри, тыкуэным ягъэзэж, зы пакет из хъун шхыныгъуэ хузэралъхьэри, къыщIокIыж.

- Нанэ, дэ машинэ дисщ, ухуеймэ, уIутшэжынщ унэм. Уи удзхэр сэ къэсщэхунущ псори хадэм хэссэну. Дапщэ жыпIэрэ?

- Иджыпсту пасэIуэщ хэпсэну, химыубыдэнкIи хъунущ, - дзыхьмыщIу жеIэ нанэм. Ауэ Фаизэ уемыдаIуэу зэрымыхъунур и нэгум къищырти, зримылъэфыхьу ажэгъуэмэхэр хуишиящ. Ахъшэри зэIэпахащ.

 Къалэ щIыбым ирикIуэ гъуэгум здрижэм, нанэм здагъэшынур яригъэлъагъуурэ, унэ хэщIыхьа цIыкIу гуэрым и гупэм къыщоувыIэ. Пакетри кърахащ.

- Мыхэр, нанэ, ди цIэкIэ фшхынщ!

- ФыныщIыхьэ, фымыпIащIэмэ, зы шеибжьэ дефэнщ! - укIытэр къызэрытекIуэр IупщIу, жеIэ иджы нанафи зытемытыж цIыхубзым.

- Хьэуэ, хьэуэ, дэ лэжьапIэм дыIухьэжын хуейщ. Хэт зепхьэр? Уи щхьэгъусэра?

- Хьэуэ, тхьэ. Си щIалэ закъуэр.

- Еууей! Машинэ, сыт, къыжьэхэуа, хьэмэ?

- Алыхьым апхуэдэу къызитащ. И лъакъуэр къыщIэувэркъым, и нэми илъагъуркъым.

Хъыджэбзхэр къэнэщхъеящ. Куэбжэпэм здыIутым, и укIытэм текIуэн щхьэкIэ, и къуэмрэ езымрэ я хъыбарыр иришэжьауэ, къажреIэж.

- «Дэ сабий ныкъуэдыкъуэ дыхуейкъым», - къызжаIащ сызэрыса унагъуэм, сабийм и Iуэху зыIутыр наIуэ къызэрыхъуу. «Мы сабий нэджэIуджэр», - жиIэурэ си пщыпхъур къэкIуэжыху шхыдэрт. Къасщтэри сыкъэкIуэжащ. Гукъани яхуэзмыщIу сакъыхэкIыжащ. Абы лъандэрэ илъэс дапщэ дэкIагъэн? ПщыкIуплI? ПщыкIутху? Си адэ-анэм къыздапIащ, псэуху. И акъылыр зэтесщ, Тхьэм и фIыщIэкIэ. ЕгъэджакIуэ гуэри къытхуокIуэ. Благъэхэр къыздоIэпыкъу. Сылэжьэпэнуми, и закъуэу къыщIэбнэ хъуркъым. Содэ, зыгуэрхэр зэрызохъэ, зэкIэрызогъапщIэ.

«ДыщIэгъэхьэ! - мэIущащэ Раянэ. - Сеплъыну сыхуейщ».

 ЗэлъыIухат унэр. Ауэ гуфIэгъуэ щIэмыту апхуэдэт.

 - Мамэ! УкъэкIуэжа? - ныбжьыщIэ макъ гъум къыщIоIукI пэш пхыдзам.

- НтIэ, Саид, сэращ ар, си щIалэ цIыкIу!

- Хэт уи гъусэр?

- Уи шыпхъухэращ ар, Саид, Раянэрэ Фаизэрэ! - Фаизэ кIуэрыкIуэм тету къигупсысхэр къыздрихыр зэи къыпхуэщIэркъым.

 - Сэ шыпхъу сиIэкъым.

- Иджыри къэс уимыIами, иджы уиIэнущ, си дэлъхушхуэ! - Фаизэ зэрымыпсэлъэгъуейр фэри къывгурыIуа къыщIэкIынщ.

- Дапхуэдэу узэрыщытыр?

- СытхьэIухудщ! Уэ пхуэдэу шыпхъукIэ ехъулIа щыIэу си фIэщ хъуркъым! - къыжьэдохури, и псалъэм лъэщIыхьэжыркъым Фаизэ.

- Сэ дахэ жиIэм къикIыр сщIэркъым, - нэщхъейуэ, ауэ нэжэгужэу мэпсалъэ Саид. - Уи Iэм сегъэIусэт!

Фаизэ щхьэнтэ лъагэм кIэрыгъэщIауэ пIэм хэлъ щIалэ цIыкIум бгъэдохьэри, и Iэр хуеший.

- Сыту гъэщIэгъуэн! Уи Iэр цIыхуфIыIэщ, ауэ уи макъым тIэкIу сыщошынэ.

- Сыт щхьэкIэ?

- ФIыуэ сыкъыумылъагъуу къысщегъэхъу.

- НтIэ, Раянэ ейм еIусэт, абы и макъыр иджыри зэхэпхакъым.

Раянэ и Iэр жыIэщIэу щIалэм хуеший. Саид ар къиутIыпщыжыну пIащIэркъым.

- Псалъэт! - къару щIэлъу унафэ ещI ныбжьыщIэм.

- Сэри сыцIыхуфIу жумыIэмэ, си жагъуэ хъунущ! - зэрыхъукIэ нэхъ къызэрыгуэкI ещI и макъыр Раянэ.

- Уи нэхэр удзыфэ?

- Дауэ къызэрыпщIар? - псори мэдыхьэшх, езы щIалэ цIыкIуми и гукъыдэжым зыкъеIэт.

- СщIэркъым, уи Iэм къызжеIэ апхуэдэу.

- Си щхьэцыр-щэ?

- Мамэ ейм ещхьу щхьэцыгъуэщ.

- Мамэ IэлъэщI телъщ.

- Сэ IэлъэщIым къикIыр сщIэркъым.

- ЕIусэт, Саид, Раянэ къызита бэлътокум! - Зарэ щIалэ цIыкIур къытехьэу кIиин щIидзэнкIэ мэгузавэ, хъыджэбзхэр щIэмыкIыж щIыкIэ. Апхуэди и хьэлщ. Саид и анэм къыхуишия бэлътокур къещтэри, и пэм хуехь. ИтIанэ и нэм трелъхьэри, жеIэ:

- Исуф и адэм ещхьу, сэри си нэр къигъэплъэжтэмэ уи бэлътокум!

- Хэт Исуфыр? - хъыджэбзитIыр Зарэ йоплъ.

- Езым къывжиIэжынщ, сэ шей згъэвэху, - зыгуэркIэ зэрыгушхуэр наIуэу къыщолъэт Зари, пэшым щIокI.

- Екъуб бегъымбарымрэ абы и къуэмрэ къащыщIар зэхэвмыхауэ ара? - ауан ищI щIыкIэу щIоупщIэ Саид.

Зэхахакъым. Хъыджэбзхэр пIэм хэлъкъым, тхылъ еджэн хуэдэу.

- Исуф и къуэш нэхъыжьхэр къефыгъуэрти, ягъэпщкIури пщылIу зыгуэрым иращащ. И адэ Екъуб ар хуэмышэчу нэф хъуат. Зыкъом дэкIауэ, езыхэри ин хъури я делагъэр щхьэщыкIауэ, Исуф пщышхуэ хъуауэ къагъуэтыжащ и къуэшхэм. И адэр нэф зэрыхъуар жраIати, си джанэр и нэм хутефлъхьи, къэплъэжынущ къажриIэри, апхуэдэуи хъуащ. Сэри си адэм сыхуолъаIуэ жэщ къэс. Ялыхь, и гур зэшалIэ, жызоIэ.

- Уэ уи гур зэрыплъэм хуэдэу дэ ди нэхэр плъэуэ щытамэ, Саид, сыту дехъулIат! - и фIэщыпсу мэпсалъэ Раянэ.

ХъыджэбзитIым псапэ къызэрахьам шэч къытрамыхьэу, итIани, я гур хьэлъэу къыщIэкIыжащ Зарэ и унэм.

- ИIэ, нэгъуэщI мыхъуми, мазэм зэ дыкъэгъакIуэ! - япэу Фаизэ и бзэр къеутIыпщыж.

- Абы и адэм иджы нэгъуэщI унагъуэ иухуауэ, сабий узыншэ епIри дунейм тетщ, зыгуэр къыщыщIынкIэ мышынэу.

- КъыщыщIагъэххэкъэ, ар зигу! АфIэкIа зыхыумыщIэу дунейм утетыныр нэхъ ныкъуэдыкъуагъэщ, а зэанэзэкъуэм ягъэвым нэхърэ. Еплъ ухуейми, и хъыбарыфI гуэр зэхэтхыжынущ абыхэм. Мынобэми, мыпщэдейми.

Пщэдей куэди дэкIатэкъым Фаизэ и телефоным Зарэ къыщипсэлъыкIам:

- Иджыри къэс зигъэхъеин идакъым. Иджы къыздэлэжьэн дохутыр къысхуэлъыхъуэ, къызжиIащ. Фэращ зи фIыгъэр, си псэр къурмэн зыхуэхъунхэ! КхъыIэ, фыхущIыхьэмэ, пщэдей фыкъакIуэ, къаз фхуэзукIынущ.

- Щэбэтым, сыхьэт пщыкIузым деж къытпэплъэ, Зарэ!

ЧЭРИМ Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.