ХЫ ФIЫЦIЭМ И ЛЪАБЖЬЭМ ПСЫ ЩIОЖ

Дунейр къызэригъэщIрэ илъэс мелард бжыгъэ хъужами, цIыхур абы мелуан бжыгъэ хъуауэ щыпсэуми, мы ЩIым щэхуу пкъырытыр иджыри къэс къахуэтIэщIакъым. ЗыхэтщIыкIыр зырикIщ, къыдгурымыIуэмрэ дымылъагъумрэ елъытауэ. Апхуэдэ щэхухэм ящыщщ тенджыз, хы лъабжьэхэм псы ежэх зэрыщыIэр, а тIур зэрызэхэмылъадэр. 
Нэхъапэм ар фIэщ щIыгъуейуэ щытащ. Ауэ щIэныгъэлIхэм къэхутэныгъэ зыбжанэ ирагъэкIуэкIа нэужь, щыхьэт техъуащ языныкъуэ тенджызхэм я лъабжьэм псы зэрыщIэжым. 
Мексикэм щыIэ тенджызым щIэжу къагъуэтащ апхуэдэпс. Сенот Ангелитэ зыфIаща псыр къэзыгъуэта дайверхэм зэрыжаIэмкIэ, ар метр 35-кIэ тенджызым зыщIэбгъэбрууэмэ щIэтщ, Iуфэхэр иIэу, жыг лъэхъыцхэмрэ къудамэхэмрэ къыхэпIиикIыу, езым и лъагъуэ иIэжу. 
ЯпэщIыкIэ, щIэныгъэлIхэм ар зэхаха нэужь, хуагъэфэщащ тенджыз лъабжьэм щIэс бактериехэм къапкъырыкI сероводород гъуэзыр дайверхэм псы къащыхъуауэ. Ауэ езыхэр ехыу, яджын щIадза нэужь къагурыIуащ зищIыс дыдэр – ар дызэса, къызэрыгуэкI псы ежэхыу зэрыщытыр. 
Апхуэдэ псы етIуанэр хы ФIыцIэм и лъабжьэм щIэжу 2010 гъэм шыщхьэуIум и I-м къагъуэтащ Швецием щыIэ Линд университетым и доктор Парсон Дэн зи унафэщI гупым. А псым метр 30,5-рэ и куууагъщ, зы сыхьэтым километр 35,4-рэ гъуэгуанэ къызэпичыу уэрщ, 1 километр и бгъуагъщ, километр 60 и кIыхьагъщ. ЗэрыжаIэмкIэ, ар щIы щхьэфэм щежэхыу щытатэмэ, дунейм псышхуэу тетым ебгъапщэмэ, 6-нэ увыпIэм бгъэув хъунут, апхуэдизкIэ инщи. Хы ФIыцIэм щIэж псыми Iуфэхэр, джабэхэр, псы къелъэхэр иIэщ. Мыдрей псы ежэххэм емыщхьу абы хэлъыр зы закъуэщ – архъуанэр сэмэгумкIэ ирилъафэркъым, атIэ ижьымкIэщ!
АтIэ, дауэ ар тенджыз лъабжьэм къызэрыщыхутар, дэнэ къыздижыр, зыхэлъэдэжыр?
ЗэрыжаIэмкIэ, илъэс мин 18-15 ипэкIэ хы ФIыцIэр нобэ зэрытцIыхум хуэдэу щытакъым. Абы ипIэкIэ абдеж итащ МыутI гуэл къабзэ мыин дыдэр, и хъуреягъым мэз Iувхэр щыкIыу, къызэрыгуэкI губгъуэу. Абы щыхьэт техъуэ жыг лъэдакъэхэр псы лъабжьэм къыщагъуэтыжауэ музейхэм щIэлъщ. Илъэс мини 7,5-рэ ипэкIэ дунейр пщтыр къэхъущ, къуршхэм телъ мыл Iувхэр къэвщ, Атлант хым зиIэтщ, Европэмрэ Африкэмрэ я зэпылъыпIэр (Гибралтар тIуащIэр) къызэгуитхъри, псы шыугъэм уэру къуэкIыпIэмкIэ къиунэтIащ. Абы хы Курытми Эгей тенджызми закъригъэIэтщ, къащхьэпрыжри, МыутI гуэлымкIэ къиунэтIащ, Босфор тIуащIэмкIэ къыдэжурэ. Мис а лъэхъэнэм къэунэхуа Босфор тIуащIэмкIэ къыдэжа псыщ нобэ хы ФIыцIэм и лъабжьэм щIэжыр. Ар хым нэхърэ нэхъ шыугъэщ, нэхъ хъэлъэщи аращ щIежэхыфыр. 
КъызыхэкIыр къащIами, псыр здэжэр къахуэгъуэтакъым, ар зэрыуэрым, зэрыиным, бджыну зэрыгугъусыгъум къыхэк1ыу.
 

 

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2025 - 13:57

Ислъэмей къуажэм ныпыр щохуарзэ!

Лъэпкъыр дыкъэзыхъумэ дамыгъэхэм ящыщ зым – ныпым - и теплъэр щIыуэпсым егъэкIуауэ Къэрэшей – Шэрджэсым и Алибердыкъуэ къуажэм щыIэщ.

30.04.2025 - 09:29

«Зэныбжьэгъугъэ-2025»-р гуфIэгъуэкIэ зэхуащIыж

«Акрополь» хьэщIэщым щы­зэхуащIыжащ илъэс зыб­жанэ хъуауэ ди щIыналъэм щекIуэкI «Зэныб­жьэгъу­гъэ» Iуэхум и зи чэзу Iыхьэр.

29.04.2025 - 12:25

ФIым къыхураджэу

«Спортыр террорым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту Налшык къалэм и «Налшык» спорт комплексым щекIуэкIащ кикбоксингымкIэ республикэ зэхьэзэхуэхэм я кIэух Iыхьэр.

29.04.2025 - 09:03

Бахъсэндэсхэмрэ спортымрэ

Бахъсэн къалэм и администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ дыщигъэгъуэзащ иужьрей зэманым бахъсэндэсхэм спортымкIэ яIа ехъулIэныгъэхэм икIи абыхэм уариплъэу щытмэ, узыщыгуфIыкIыныр мащIэкъэ

29.04.2025 - 09:03

Уафэ гъуэгъуэрейр уэшхыншэщ

Астрономхэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, щыблэм и теплъэ зэхуэмыдэхэм, ди планетэм и мызакъуэу, Дыгъэм къедза адрей уафэщIхэми, псалъэм папщIэ, Ураным, Венерэм, Сатурным, Юпитерым, нэгъуэщIхэми уащрихьэл