ЖЫР БАЛЛОНЫР КЪЫЩIЕЖЬАР

Ди зэманым зэмылIэужьыгъуэ куэду щыIэщ жыр баллон цIыкIухэр: тэмакъ узым и хущхъуэ, бадзэгъалIэ, щхьэцыр зэрагъэцIу ткIуаткIуэ, напэр зэрагъэкъабзэ сабыныпс, дыху иту. Ауэ нэхъапэм щыгъуэ апхуэдэ ткIуаткIуэхэр е хущхъуэ ящI псыхэр зэрызэрахьэ баллонхэр щыIакъым.

1770 гъэм швед Бергман Тоберн псым газ зэрыхаутIыпщхьэ сатуратор къигупсысащ. Абы щыгъуэ гу лъитащ газым ткIуаткIуэр кумбыгъэм къызэрырихум.

XIX - нэ лIэщIыгъуэм и кум физик зыбжанэ и ужь ихьащ газыр къузыным. 1862 гъэм газ къузар зэрыбубыдэ хъу жыр баллон Iувхэр къежьащ. 1899 гъэм Лондон щыщ Хелринг Генрихрэ Лион щыщ Перч Густаврэ хьэуа къузам ипIэкIэ метилрэ этилхлоридрэ зэрыт баллоным и патент къыдахащ. Абы Iэмал къуитырт баллоныр нэхъ пIащIэ пщIыну. Ауэ ар къэбгъэсэбэпыну тынштэкым, итыр зэраутх IупIэ (клапан) зэримыIэм къыхэкIыу.

1926 гъэм Норвегием щыщ инженер-химик Ротхейм Эрик ухуэкIэщIэ зиIэ баллон цIыкIум и патент зэригъэпэщыну и ужь ихьащ. Абы пропелленрэ псырэ щызэхэту ириубыдат. Баллоным и IупIэм теппIытIа нэужь, газыр (пропелленым) къыкIэщIэрыIэрти, псыр къриутхыкIырт. Баллоным итыр буха нэужьи, щIэрыщIэу ибгъэхъуэжу къэбгъэсэбэпи хъурт. 1929 гъэм Ротхейм патент къыщыдихащ Норвегием, 1931 гъэм - США-м. 1927 гъэм абы и баллоныр ярищащ «Malern til Bjercke» лэч, краскэ зыщI компанием. Апхуэдэ баллоным иту къыщIагъэкIа краскэхэм щIэупщIэ яIакъым. 1938 гъэм Ротхейм дунейм ехыжащ. Ауэ абы ипэкIэ крон мини 100-кIэ и патентыр ирищат америкэ компание гуэрым.

1938 гъэм Америкэм щыщ С. Кан Джулиан ткIуаткIуэрэ газрэ зрагъахъуэ баллоным и патент къыдихащ. Ар куэдкIэ ещхьт Ротхейм ейм, ауэ къызыхэщIыкIар нэхъ мыхьэнэншэт - баллоныр зэ фIэкIа къэбгъэсэбэп хъуртэкъым. Абыи цIыхубэм мыхьэнэ иратакъым, къагъэсэбэпыну и ужь ихьакъым.

ЕтIуанэ дунейпсо зауэр къэхъеящ. США-р Японием щыпэщIэуват хы Щэхум и хытIыгухэм деж. Абдежым инфекцэхэр зэбгырызых хьэпщхупщхэр щыIэт. Псом хуэмыдэу техьэгъуэ (малярие) къезыхьэкI аргъуейхэр щыкуэдт. США-м Мэкъумэш IуэхухэмкIэ и министерствэм щылажьэхэу Гудхью Лайлрэ Салливан Уильямрэ я пщэ иралъхьащ аргъуейм зыгуэр къыхуагупсысыну. Щхъухьхэр зэхалъхьат, ауэ ар хытIыгум зэрынагъэсын кумбыгъэ тынш яIэтэкъым. Ягу къэкIыжащ жыр баллон цIыкIур - ткIуаткIуэр тыншу ипкIэ хъурт, ирибутхынми гугъуехь пыщIатэкъым. Баллоным краскэм ипIэкIэ инсектицидкIэ зэхэщIа ткIуаткIуэ ирагъэхъуащ. Гудхью Лайлрэ Салливан Уильямрэ я баллоным фIащащ «Bug Bomb», «цIывхэм папщIэ лагъым» жиIэу къикIыу. А зэманым жыр баллоным ирагъэхъуауэ гъудэбадзэм траутха щхъухьым и фIыгъэкIэкIэ Америкэм и цIыхухэр техьэгъуэм къелауэ жыпIэ хъунущ.

1945 гъэм Гудхью Лайл Канзас щыIэ «Airosol Inc» компанием къэхутэныгъэхэмкIэ и унафэщIу кIуащ. США-м и армэм папщIэ а IуэхущIапIэм мелуан бжыгъэкIэ къыщIигъэкIырт «Bug Bomb»-р. Зауэр иуха нэужь, инсектицид зэрыт баллонхэм щIэупщIэ яIэжакъым.

1949 гъэм лэч зэрыт жыр баллоныр куэду къагъэсэбэп хъуащ. ЦIыхухэм къагурыIуащ абыкIэ улэну зэрытыншыр. Иджы баллонхэр лIэужьыгъуэ куэду къагъэсэбэп.

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.