Статьи на кабардинском языке

ДИ ЩIЫУЭПСЫР ТЕЛЪЫДЖЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и куэдщ цIыхупсэм зыщигъэпсэху, и гур хэзыгъахъуэ щIыпIэ телъыджэхэр. Ахэращ ди хьэщIэхэри лъахэм къэзышэр, къэмыкIуэфхэми я нэр къызыхуикIыр. Хэгъэгум и апхуэдэ хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ Гуэл щхъуантIэхэр. Псори зэхэту къапщтэмэ, гуэлхэр тху мэхъу икIи Ипщэ, Ищхъэрэ гуэл щхъуантIэу зэхедз. Апхуэдэуи абыхэм я гъунэгъуу щытщ Гуэл щэхумрэ Гуэл гъущэмрэ.

ЛЭСКЭН – II

Къэбэрдей-Балъкъэрым и ипщэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ Лэскэн щIыналъэм километр зэбгъузэнатIэ 523-рэ къызэщIеубыдэ. Абы и гъунапкъэхэр егъэщIылIащ Осетие Ищхъэрэ-Аланием хыхьэ районхэм ящыщу щым. И щIыгум щежэх псыхэм я нэхъ инщ Арщыдан, Лэскэн, Урыху зи фIэщыгъэхэр.

НЫР СЕФ И ФЭЕПЛЪУ

Налшык дэт универсальнэ спорткомплексым щекIуэкIащ 2010 - 2011 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм дзюдомкIэ я республикэпсо зэхьэзэхуэ. Ар къызэрагъэпэщащ Урысейм щIыхь зиIэ и тренер Ныр Сеф и фэеплъу.

ХЭКУМ И ЩЫЖАКIУЭХЭР ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIахыжрэ илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу ди щIыналъэм пэкIу, зэIущIэ, щIэныгъэ зэхуэс куэд щокIуэкI, дяпэкIи щекIуэкIынущ. Ар икIи гурыIуэгъуэщ. Хэку зауэшхуэр дунейпсо тхыдэм лIыгъэрэ псэемыблэжыгъэкIэ гъэнщIа напэкIуэцIу хыхьащ.

КЪЫТПЭЩЫЛЪЫР СЫТ?

ЦIыхум и блэкIар къетIэщIыжыф, тхыдэр еджыф, ауэ хэт ищIэрэ къытпэщылъыр, илъэси 100 дэкIмэ дунейр зэрыщытынур, цIыхум и теплъэм игъуэтыну зэхъуэкIыныгъэр, щIэуэ къыгупсысынур?

АДЫГЭ ДУНЕЙ КЪЭЗЫГЪЭЩI IЭПЩIЭЛЪАПЩIЭ

Тыркум къиIэпхъукIыжри, Хэкур зэригъэгъуэтыжащ, унагъуи щыхъужащ Тэубичэ Сонер. Фэм, пхъэм, гъущI зэмылIэужьыгъуэхэм елэжь IэпщIэлъапщIэщ. Илъэс зыбжанэм къриубыдэу, адыгэ щIалэм и IэрыкIхэр цIэрыIуэ хъуащ. Абы ещI къэлътмэкъхэр, бгырыпххэр, ахъшалъэхэр, паспортртелъхьэхэр, шабзалъэхэр, сампIэхэр, фочылъэхэр, тхьэгъухэр, Iэлъынхэр, пщэрылъхэр, Iэпщэхъухэр.

ФIАГЪ ЛЪАГЭ ЗИIЭ ГЪУЭГУХЭР ДЯПЭКIИ ТРАЛЪХЬЭНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ IуэхухэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэритамкIэ, машинэхэр щызэхэзекIуэ гъуэгухэмрэ цIыху зекIуапIэхэмрэ зэгъэпэщыжыным, къэгъэщIэрэщIэжыным, щIыпIэ щхьэхуэхэм гъуэгу щытелъхьэным 2023 гъэми иужь итынущ. КъызэралъытамкIи, къэрал бюджетым къыхэкIыу гъуэгуухуэ Iуэхухэм сом меларди 4,1-рэ хуаутIыпщынущ.

ЩIЫМАХУЭРИ ЛЪЭХЪЭНЭ ГЪУЭЗЭДЖЭЩ

Уэсым и дунейпсо махуэр щагъэлъапIэр щIышылэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэрщ. Гъэ дызэрытым ар техуащ щIышылэм и 15-м.

КЪЭРАЛЫГЪУЭМ ШЭСЫПIЭ ХУЭХЪУ ТХЫГЪЭХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ а Iуэхугъуэм ехьэлIа тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъ гъэщIэгъуэн къыдигъэкIащ иджыблагъэ КъБР-м и Архив къулыкъущIапIэм.

УРЫСЕЙ ГВАРДИЕР ЖУРНАЛИСТХЭМ ЙОХЪУЭХЪУ

КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм и лэжьакIуэхэр Урысей печатым и махуэм я хьэщIащ къадэлажьэ журналистхэм. Ахэр щызэхуэзащ Печатым и унэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и хьэщIэщым

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке