Статьи на кабардинском языке

ДЖОЛАН: ЕТIУАНЭУ ХЭКУР ЗЫФIЭКIУЭДАХЭР

Дыгъуасэмрэ нобэмрэ

Адыгэ IуэрыIуатэм хамэ хэгъэгур анэнэпIэсым хуегъадэ. Уэсмэн Тыркур хьэжрэтхэм къазэрыпежьа «IэплIэешэкIым» фIыуэ дыщыгъуазэщ.

Хьэсанэ Мурат ягъэлъапIэ

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и УнафэкIэ самбэ спорт лIэужьыгъуэр цIыхубэм зэрахихьэм, илъэс куэд хъуауэ псэ хьэ­лэлкIэ зэрылэжьам папщIэ Адыгэ Республикэм щыщ самбист цIэры­Iуэ Хьэсанэ Мурат «Хэкум и пащхьэ щиIэ фIыщIэм папщIэ» орденым и етIуанэ нагъыщэ зиIэ медалыр къыхуагъэфэщащ. 

Iуащхьэмахуэ зыгъэпсэхупIэм лэжьэгъуэ пIалъэр щаублэ

ЩэкIуэгъуэм и 20-м Iуащ­хьэмахуэ зыгъэпсэхупIэм бгыщхьэм лъэрыжэкIэ къе­жэ­хыныр къы­щызэIуахащ. Кавказ.РФ Iуэ­хущIапIэм и унафэщIхэм я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек абы зы­хуэ­зы­гъэ­хьэзыра зы­гъэп­сэ­ху­пIэм и турист ухуэ­ныгъэхэм я Iуэху зыIутым зыщигъэ­гъуэ­защ. 

Зэкъуэтыныгъэм и къарур

«Дызэкъуэтмэ - ды­лъэщщ» фIэщыгъэм щIэт III республикэпсо фести­валь иджыблагъэ ще­кIуэкIащ Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэ­гъуапIэм.

Адыгэ щэнхабзэм и махуэ

УФ-м «Лъэпкъ политикэр щып­хы­гъэкIын», Адыгэ Республикэм «Лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнымрэ хэкупсэ гъэсэныгъэ ябгъэ­дэлъ­хьэнымкIэ» къэрал программэхэм тету, ди къуэшхэм я хэгъэгум иджыблагъэ щекIуэкIащ «Адыгэ щэнхабзэм и махуэ» зыфIаща дауэдапщэхэр.

ЩIалэгъуалэм я Iуэхур мэкIуатэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къигъэсэбэпу хэтащ Урысей Федерацэм и хэгъэгухэм къэрал щIалэгъуалэ политикэр щыпхызыгъэкI гъэзэщIакIуэ къулыкъущIэхэр щы­зэ­IущIа урысейпсо зэхыхьэм. Ар Салехард къалэм щекIуэкIащ, Урысейм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и агентствэмрэ Ямало-Ненецк автоном округым и ЩIалэгъуалэ департаментымрэ зэгъусэу къы­зэрагъэпэщауэ.

НЭХЪЫЖЬХЭМ Я ФЭЕПЛЪЫР ЯХЪУМЭУ

Хэку зауэшхуэм и щIэинхэм я музей иджыблагъэ Налшык къалэм къыщызэIуахащ.

ДЫЗЫIУЩIЭР ДЭЩХЬ-ДЭМЫЩХЬТ

ПланетэщIэр ди ЩIым ещхьщ. КIуэаракъэ, ещхьыркъэпсщ. Уэшхи къыщошх, уэси къыщос, къэкIыгъэхэмкIэ ди ЩIым йокъулеекI, хьэкIэкхъуэкIэхэр, къуалэбзухэр, хьэпщхупщхэр щынэхъыбэжщ. Ауэ, цIыхуу щыпсэур мащIэ дыдэщ. Iэпхъуэрыпсэущи, зэ узрихьэлIа гупыр етIуанэм плъагъужыркъым. ЛъапцIэхэщ, пцIанэхэщ. ЗэрыщакIуэ, зэрызахъумэж Iэщэр мыхьэнэншэщ. Нэхъыбэм зэрахьэр ентIырщ.

ЕКIУУ КЪАГЪЭЗЭЖ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ (ГТФ, Олимп джэгухэм хыхьэркъым) чемпионатрэ пашэныгъэр щыубыдыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Къэзан къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы кърихьэлIащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 63-м я спортсмен 2400-м нэблагъэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке