Зэкъуэтыныгъэм и къарур

«Дызэкъуэтмэ - ды­лъэщщ» фIэщыгъэм щIэт III республикэпсо фести­валь иджыблагъэ ще­кIуэкIащ Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэ­гъуапIэм.

Ар къызэрагъэпэщат Вэ­рокъуэ Владимир и цIэр зезыхьэ фондым, Налшык къалэ администрацэм щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и уп­равленэм, КъБР-м Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ министерствэм.
А зэхыхьэм къеблэгъа хьэ­щIэхэм ирагъэлъэгъуащ лъэпкъ - щэнхабзэ IуэхущIапIэхэм къызэрагъэпэща гъэ­лъэгъуэныгъэхэр, абыхэм ­Iуагъэхуащ лъэпкъхэм я шхыныгъуэхэм ящыщхэр. Лъэпкъ фащэхэмкIэ хуэпауэ абы щыплъагъухэм зэкъуэ­тыныгъэм и къарумрэ дахэмрэ я щапхъэм хуэдэт. 
Ди щIыналъэм и беягъ ­нэхъыщхьэр абы щыпсэу лъэпкъ­хэрщ (щэм щIегъу), дэтхэнэми езым и тхыдэ, щэнхабзэ къулей яIэжщ, хабзэ дахэхэр зэрахьэ. Мис а псор щагъэлъэ­гъуащ зэхы­хьэм.
Мы зэхыхьэр зрагъэлъэ­гъуащ Дунейпсо Адыгэ Ха­сэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъБР-м щэнхабзэм­кIэ и министрым и къуэдзэ Карчаевэ Iэминат, лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ проектхэмкIэ министерствэм и унафэщIым и къуэдзэ Гер­гоков Жамболэт, Налшык ­къалэ администрацэм и уна­фэщIым и къуэдзэ Хурэ Тимур сымэ. 
- НэгъуэщI щIыналъэхэм щыпсэу лъэпкъхэм еплъытмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм яку дэлъ зэныбжьэгъугъэр куэдкIэ нэхъ куущ. Абы ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал иIэкъым, - жиIащ Сэхъурокъуэ Хьэутий. - Мы зэхыхьэ дахэм мыхьэнэшхуэ иIэщ. Ди къэралым ис лъэпкъхэм я ­зэгурыIуэныгъэм и быдагъыр щагъэунэху зэманщ иджы. БлэкIар зыщыдмыгъэгъуп­щэу, ди хабзэхэр тхъумэжу, ипэкIэ дызэрыбэкъуэнум ды­хущIэкъупхъэщ.
Гергоков Жамболэт къы­щып­салъэм жиIащ зэхыхьэм щIалэгъуалэ куэду зэры­щIэ­сым зэрыщыгуфIыкIар.
- Лъэпкъыр къэпцIыхуну ухуеймэ, и щэнхабзэм нэ­Iуасэ зыхуэщI. Мыр зэныбжьэгъугъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я махуэшхуэщ, - жи­Iащ Карчаевэ Iэминэ. Ап­хуэдэу абы къыхигъэщащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрыр мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ я лъахэу къызэрилъытэр, а хъугъуэфIыгъуэ ­нэхъыщхьэр псоми тхъумэну дызэрикъалэныр.
- Мы зэхыхьэм хуащIа «Ды­зэкъуэтмэ - дылъэщщ» фIэ­щыгъэм мыхьэнэшхуэ иIэщ, псом хуэмыдэу щIалэгъуа­лэм папщIэ зэхаша фести­валыр къыдэхъулIэнтэкъым мы Iуэхум и къызэгъэпэщакIуэхэр зэкъуэмыувамэ. ИрефIакIуэ ди къэралыр, республикэр, - жиIащ Щэн­хабзэмкIэ фондым и уна­фэщI Мэкъуауэ Люазэ.
Пшыхьым ДАХ-м къыбгъэ­дэкIыу утыку къыщихьащ «Къа­фэ» (КъБКъУ), «Нартхасэ» (Аруан щIыналъэ), «Нар­тан» гупхэр, «Вече» (урыс), «Ватан» (тырку-мес­хитинхэр), «Азери» (азер­байджан), «Туган тел» (тэтэр), «Нарспи» (чуваш), «Кодумаа» (эстон) щэнхабзэ центрхэм я уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфакIуэхэмрэ.

Щомахуэ  Залинэ.

Сурэтхэр  Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ