Статьи на кабардинском языке

АЛЭКЪЕЙХЭ КЪЭРЭШЕЙ ЗЭРЫХЪУАР

ЖызыIэжар Хьэбэз къуажэм (Къэрэшей-Шэрджэс) къыщыхъуа Даур Умар и къуэ Мухьэрбийщ.
Нобэрей Хьэбэзыр (Къэсейхьэблэу щытар) ящыщщ Къэбэрдей щIыналъэр урыс пащтыхьым и дзэм щызэрипхъуэм, къуажэ зэбгрыдзахэм ящыщ хьэблэхэм нэхъ щIыпIэ шынагъуэншэ къалъыхъуэу къызэрехьэжьахэм. 

КIуэкIуэ Махъты и щIалэхэм я текIуэныгъэхэр

Урысей Федерацэм и лъэпкъхэм я зэ­къуэ­тыныгъэр гъэбыдэным, щIалэ­гъуалэр физкультурэмрэ спортымрэ дегъэхьэхы- ным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ Дзэ­лыкъуэкъуажэ. Абы хэтащ бэнакIуэ ныбжьыщIэу 150-м нэблагъэ. 
 

Джэду хъумакIуэ

(Теплъэгъуэ кIэщI)

УРЫС ЩЭНХАБЗЭМ ХАГЪЭГЪУАЗЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр сату-технологие колледжым щрагъэкIуэкIащ урыс щэнхабзэмрэ хабзэхэмрэ теухуа зэхыхьэ. Ар къызэрагъэпэщащ «Птица счастья» жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ «Вече» урыс лъэпкъ щэнхабзэ центрымрэ.
Урыс щэнхабзэм хухаха махуэм хэтащ студентхэр, егъэджакIуэхэр, абы и къызэгъэпэщакIуэхэр.

Тхылъхэм я бзэкIэ

Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм, Шарджэ къалэм, щекIуэкIащ «Sharjah International Book Fair-2023» 42-нэ дунейпсо тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. Абы хэтащ Урысейм щыщ тхакIуэхэр, Урысей къэрал сабий библиотекэм и лэжьакIуэхэр. Ди къэралым и стендыр къызэригъэпэщащ Гуманитар тхылъ тедзапIэ зэгуэтым. ЩIэгъэкъуэн хъуащ УФ-м бжыгъэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ хъыбарегъащIэ IэмалхэмкIэ и министерствэр.

И ГЪАЩIЭ МАЩIЭР ФУТБОЛЫМ ХУИГЪЭПСАЩ

Урысейм футболымкIэ спортым и мастер Танокъуэ Рустам и фэеплъу къызэрагъэпэща топджэгу зэхьэзэхуэ Лэскэн районым хыхьэ Хьэтуей къуажэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ «Хьэтуей», «Уэзрэдж», «Нарткъалэ», «Ныбжьэгъухэр» (Налшык къ.) гупхэр.

УДЗ ГЪЭГЪАМ ДЭГЪУЖХЭР

Рассказ

Япэ Iыхьэ

ЩIЫЭУПСЫР ФIЫУЭ ЗЫЛЪАГЪУХЭМ Я ЖЭРДЭМ

ГеографиемкIэ IX дунейпсо диктантыр иджыблагъэ щатхащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Республикэм Курортхэмрэ туризм хуэIухуэщIэхэмкIэ и министерствэм щекIуэкIа а Iуэхугъуэм и жэрдэмщIакIуэ хъуащ Урысей географие зэгухьэныгъэм ди щIыналъэм щиIэ «Альтаир» щIалэгъуалэ хасэр.

ЗЭКIУИЙ АЗЭМЭТ ЕТIУАНЭЩ

Дагъыстэным и Хасавюрт къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Ар и фэеплъу щытащ Урысей Федерацэм спортымкIэ щIыхь зиIэ и бэнакIуэ цIэрыIуэ Умаханов Щамил.

ТРОШЕВ ГЕННАДИЙ ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, Армавир къалэм Дзюдомрэ самбэмкIэ и комплексым урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щекIуэкIащ. СамбэмкIэ зэпеуэр щытащ Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь Трошев Геннадий и фэеплъу.

Я хьэлъагъ елъытауэ бэнакIуэ ныбжьыщIэхэр, илъэс 16 - 18 зи ныбжьхэр, гупибгъуу гуэшауэ щытащ, псори зэхэту 200-м нэблагъэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке