КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеозэпыщIэныгъэ Iэмалхэр къигъэсэбэпу хэтащ Урысей Федерацэм и хэгъэгухэм къэрал щIалэгъуалэ политикэр щыпхызыгъэкI гъэзэщIакIуэ къулыкъущIэхэр щызэIущIа урысейпсо зэхыхьэм. Ар Салехард къалэм щекIуэкIащ, Урысейм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и агентствэмрэ Ямало-Ненецк автоном округым и ЩIалэгъуалэ департаментымрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщауэ.
Къызэхуэсахэм фIэхъус псалъэкIэ захуигъэзащ УФ-м и Президентым и Администрацэм и УнафэщIым и япэ къуэдзэ Кириенкэ Сергей. Абы къыхигъэщащ щIалэгъуалэ Iуэхур федеральнэ центрым япэ иригъэщхэм зэращыщыр. Президентым и унафэр ягъэзащIэкIэрэ, щIыналъэхэм щыщ щIалэгъуалэм заужьын, лъэ быдэкIэ гъащIэм хэувэн щхьэкIэ Iэмал псори къыхузэрагъэпэщ.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ 2023 гъэм зэфIагъэкIахэмрэ 2024 гъэм къапэщылъ Iуэхугъуэхэмрэ, щIалэгъуалэм щадэлэжьэн IуэхущIапIэхэр ухуэным, дяпэкIэ ирагъэкIуэкIыну дунейпсо щIалэгъуалэ фестивалым, «Пашэхэм я зэщIэхъееныгъэ» сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я урысейпсо зэгухьэныгъэм зэфIигъэкI лэжьыгъэхэм, щIыпIэхэм ныбжьыщIэхэм зэращыдэлажьэ щIыкIэхэм.
КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм ис щIалэгъуалэ мин 270-м драгъэкIуэкI лэжьыгъэхэмкIэ зэхуэсахэм ядэгуэшащ.
«Дэ ди лэжьыгъэм лъабжьэ хуэхъур щIалэгъуалэр лъэныкъуэ псомкIи къызэщIэдгъэуIуэнырщ. Хуабжьу дыдолажьэ Урысейм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и агентствэм. Псоми къежьапIэ хуэхъуар 2022 гъэм КъБР-м ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ министерствэ къызэрыщызэдгъэпэщарщ, щIалэгъуалэ зэрадэлэжьэнум теухуауэ щIыналъэ унафэ гъэбелджылаи диIэщ. Абы къищынэмыщIауэ, мы Iуэхум теухуауэ къэрал программэ щхьэхуэ зэхэтлъхьащ, щIыпIэ программэхэри къалэ, райони 8-м щагъэзэщIэнущ», - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм. Апхуэдэуи къыхигъэщащ Урысейм щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и агентствэм къэралым щригъэкIуэкI «ЩIалэгъуалэ щIыналъэ» программэм ди республикэр зэрыхэтыр, абы и фIыгъэкIэ щIалэгъуалэм драгъэкIуэкI лэжьыгъэм трагъэкIуэдэну къыхуаутIыпщ ахъшэр хуэдипщIкIэ зэрыхэхъуар. Абы къыпэкIуа IуэхуфIхэм КIуэкIуэ Казбек иджыблагъэ щигъэгъуэзащ УФ-м и Президент Путин Владимир.
«ЩIалэгъуалэ щIыналъэ» программэм къиутIыпща ахъшэмкIэ япэ щIалэгъуалэ центр Къэщкъэтау къыщызэIуахащ, апхуэдэ дыдэ унэ мыгувэу хьэзыр щыхъунущ Нарткъали. Апхуэдэ IуэхущIапIэхэр районым щекIуэкI щыIэкIэ-псэукIэм тещIыхьауэ ящI. Псалъэм папщIэ, Шэрэдж районым щекIуэкIыну Iуэхухэм къыхагъэхьэнущ щIалэгъуалэ туризмэр, хьэщIэ егъэблэгъэнкIэ.
ЩIалэгъуалэм и унэу Налшык дащIыхьри и кIэм нагъэс. Абы Кулиев Къайсын и цIэр зезыхьэ проспектым тет унэ метр зэбгъузэнатIэ мини 6,5-рэ хъур хухахащ. Дыгъэгъазэм къызэIуахыну я мурадщ.
- Гулъытэ хэха худощI щIалэгъуалэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэр къыхэхыным, абыхэм я мурадым и купщIэм, - жиIащ КIуэкIуэ Казбек. – Я Iэзагъэм хагъэхъуащ IэщIагъэлI 400-м. ЩIалэгъуалэр зэгъэуIуным, абыхэм зэрадэлажьэ Iэмалым технологиещIэхэр къыщыгъэсэбэпыным зи щIалэгъуэу цIыху мини 100 хуэдиз хуагъэсащ. 2025 гъэм апхуэдэ проектхэм къыхашэну я мурадщ ди щIалэгъуалэм и процент 60-р.
Республикэм и Iэтащхьэм игъэбелджылащ «ЩIалэгъуалэ щIыналъэ» зэпеуэм ди республикэр зэрыщытекIуар. Абы папщIэ къыхуаутIыпща со мелуани 186-р 2024 гъэм трагъэкIуэдэнущ иджыри райониплIым щIалэгъуалэ центрхэр къыщызэIухыным, апхуэдэуи ЩIалэгъуалэм я унэм и япэ къатым арт-резиденцэ къыщызэрагъэпэщынущ. Къапщтэмэ, унафэщIхэм я мурадщ республикэм и къалэ, район 13-ми щIалэгъуалэ центрхэр къыщызэIуахыну. Къуажэ, къали 130-м щыщу дэтхэнэми щIалэгъуалэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэр дэсынущ. Мы илъэсым къриубыдэу апхуэдэ IэщIагъэлIхэм я бжыгъэр 36-уэ щытати, 91-рэ хъуащ. ЩIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ къэрал советыр екIуэкIа нэужь, Президентым и унафэкIэ, ди республикэми щIалэгъуалэм ядэлажьэ IэщIагъэлIхэм улахуэ щыхуагъэуващ.
КIуэкIуэм жиIащ мы Iуэхум теухуауэ екIуэкI лэжьыгъэм дяпэкIи зэрыпащэ- нур.