Статьи на кабардинском языке

Къэбэрдей-Балъкъэрым ягухэр къехьэху

Къэбэрдей-Балъкъэрым и махуэхэр щIэ­щыгъуэу икIи гукъинэжу щагъэлъэ­гъуащ Москва ВДНХ-м щекIуэкI «Уры-сей» лъэпкъыбэ выставкэм. 

ЗэманыщIэм къигъэувхэр

Илъэс 30 ипэкIэ, 1993 гъэм ды­гъэгъазэм и 12-м, Урысей Федерацэм и Конституцэр къыщащта махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Президент КIуэкIуэ В. М.

ГЪУЭТХ

Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм хыхьэ тхыцIэщ, бгым ущхьэдэзышу ТIуапсы къалэм ухуэзыунэтI гъуэгум бгъурытщ, метр 336-рэ и лъагагъщ.

ЩIыпIэцIэхэр джыным илъэс куэдкIэ яужь ита КIуэкIуэ Джэмалдин зэригъэувамкIэ, фIэщыгъэм и япэ Iыхьэр  хуэпхь хъунущ хы ФIыцIэ Iуфэм Iуса «гъуае» адыгэ лъэпкъыу натхъуэджхэмрэ шапсыгъхэмрэ яхэзэрыхьыжам зэреджэу щытыгъам.

НАРТ ПЩЫ БЭДЫНОКЪУЭ НАРТ СОСРЫКЪУЭРЭ Я ХЪЫБАР

Нарт Пщы Бэдэнокъуэ нартхэм яхэмыхьэу, ямыцIыхуу, зыдэщыIэр ямыщIэу псэуащ.
Пщы Бэдэнокъуэ къежьащ Сосырыкъуэ и деж кIуэну. КIуэурэ нартхэ я Iэхъуэм хуэзащ:
 - Бохъу апщий, Iэхъуэ цIыкIу! - жиIащ.
Iэхъуэ цIыкIум къицIыхуащ и хъыбар жаIэу зэхихамкIэ: «Мыр, шэч хэмылъу, Пщы Бэдэнокъуэщ», - жиIэри.

ЛЪЭПКЪ КЪАФЭХЭМ Я ХЪУМАКIУЭ

КъБР-мрэ УФ-мрэ цIыхубэ къафэхэмкIэ щапхъэу къыщалъытэ «Нал цIыкIу» ансамблыр къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 35-рэ ирикъуащ. Абы ирихьэлIэу зыхуэдгъэзащ гупым и художественнэ унафэщI Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш республикэхэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Куэшей Алик. 
- Кавказым ис лъэпкъхэм я къафэхэм фIыуэ фыщыгъуазэщ. Нэхъ фызыхуэIэзэм я гугъу къытхуэщIыт, Алик.

Дэрэжэгъуэрэ гуфIэгъуэрэ къытхуэзыхь

Дыгъэгъазэм и 10-р Футболым и дунейпсо махуэщ. Ар хэIэтыкIауэ дэнэ щIыпIи щагъэлъапIэу щымытми, футболистхэмрэ а спорт лIэужьыгъуэр фIыуэ зылъагъухэмрэ а махуэм зэныбжьэгъугъэ зэIущIэхэр ирагъэкIуэкI, псапащIэ Iуэхугъуэхэм хэтщ, гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр къызэрагъэпэщ, я нэгу зрагъэужь. 

Зауэ щIыхьымрэ лIыгъэ уахътыншэмрэ

Ди къэралым и махуэгъэпсым къыхэгъэбелджы­лыкIа махуэщIхэм ящыщу ­дыгъэгъазэм и пэщIэдзэм ягъэ­лъапIэ Сэлэт мыцIыхум  и махуэр абы зэрыхагъэувэрэ апхуэдэуи куэд дыдэ щIакъым.

МАШИНЭЩIЭХЭР ИРАТАЩ

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ­КъБР-м щыIэ МВД-м и къудамэхэм яритыжащ автомашинэщIэу 27-рэ. Ахэр къащэхуащ УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ къы­халъхьа «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым хыхьэу. 

ХЬЭ ХЬЭУЛЕЙХЭМ ПСЭУПIЭ ХУАЩIАЩ

Налшык къалэм и уэрамхэм сабии балигъи ягъэшынэу дэт хьэ хьэулейхэм унафэ ягъуэтащ. Къалэ уэрамыщхьэхэм хьэ куэд зэрытетым иригузавэу цIыхухэр куэдрэ къалэ администрацэм тхащ, ауэ иджыщ а гукъеуэм кIэ щигъуэтар.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке