Адыгэ щэнхабзэм и махуэ

УФ-м «Лъэпкъ политикэр щып­хы­гъэкIын», Адыгэ Республикэм «Лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнымрэ хэкупсэ гъэсэныгъэ ябгъэ­дэлъ­хьэнымкIэ» къэрал программэхэм тету, ди къуэшхэм я хэгъэгум иджыблагъэ щекIуэкIащ «Адыгэ щэнхабзэм и махуэ» зыфIаща дауэдапщэхэр. Ар къызэзыгъэпэщар Адыгейм Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу­ хэкуэгъухэм запыщIэнымрэ хъы­­барегъащIэ IэнатIэхэм ядэ­лэжьэнымкIэ и комитетырщ. 

Республикэм илъэс ещанэ ­хъуауэ къыщызэрагъэпэщ адыгэ­хэм­рэ урысхэмрэ я щэнхабзэм теу­хуа мыпхуэдэ Iуэхугъуэхэр. Иджы­рейри абыхэм ящыщ зыщ. АтIэми, ахэр щIыналъэм зэрыщрагъэ­кIуэкIыр УФ-м Лъэпкъ Iуэхухэм­кIэ и федеральнэ агентствэм и дэIэпыкъуныгъэкIэщ. 
КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, щэнхабзэм теухуа мып­хуэдэ зэхыхьэхэр щхьэпэщ Урысейм ипщэ лъэныкъуэмкIэ щиIэ и щIыналъэхэм щыпсэу лъэпкъхэм я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэхэр егъэфIэкIуэнымкIи гъуазджэм зе­гъэу­жьынымкIи. КъинэмыщIауэ,­ ахэр щIэгъэкъуэныфIщ къэ­рал­ абрагъуэм лъэпкъыбэу исым­ я бзэхэм заужьынымкIи хабзэ­-бзыпхъэу зэрахьэхэр гъунэгъу щIы­налъэхэм щыпсэухэм къегъэцIыхунымкIи. 
Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ а махуэхэм щызэрихьэлIат УФ-м и Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм хыхьэ хэгъэгухэм я лIыкIуэхэу ­40-м щIигъу. Ахэр нэхъыбэу Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Краснодар, Ставрополь­ крайхэм, Ростов областым, хы ФIыцIэ Iуфэ Шапсыгъым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием щыIэ лъэпкъ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэмрэ къэрал къулыкъущIэхэмрэт, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэри хэту.  

Лъэпкъ музейм

«Адыгэ щэнхабзэм и махуэ» зы­фIащам хыхьэу, хьэщIэхэри бы­сымхэри куэду нэхъ щызэрихьэлIа Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм ящыщу дэ къэтлъытар хэгъэгум и къалащхьэ Мейкъуапэ дэт Лъэпкъ музейм щекIуэкIарщ. 
ХьэщIэхэр зи гугъу тщIы унэ зыкъизыхым дашэри, тхыдэм ижь зыщIихуауэ абы щахъумэ хьэпшып те­лъыджэхэр щыдагъэлъэ­гъуащ, дэтхэнэри зищIысым гъэхуарэ удэзыхьэу щыгъуазэ дыщыхуащIу. БлэкIам и Iэужь Iэщэ-фащэхэмрэ унэлъащIэхэмрэ «къыжраIэ» фIэкIа умыщIэну, музейм и лэжьакIуэ нэхъыжьым лъэщу гъэпсарэ дригъэхъуапсэу адыгэхэм я псэукIам, лIэщIыгъуэу къызэранэкIам, дуней тетыкIэу яIам теухуауэ гъэщIэгъуэн куэд зэхыдигъэхащ. 
Иужьым, гупым хэтхэр а IуэхущIапIэм и пщIантIэм дэт «ХьэщIэщым» дашэри, нэхъыжьхэмрэ лIыщхьэ­хэм­рэ Iэнэ кIыхьым пэрысу, мыд­рейхэр я щIыбагъ дыдэдэсу, «Адыгагъэ зыхэлъым – цIыхугъи хэлъщ» псэлъафэр зи гъуазэ, «Лъэпкъым къыдекIуэкI хабзэхэр – адыгэ щэнхабзэм и къулеигъэщ» («Национальные традиции - богатство адыгской культуры») зыфIаща зэIущIэм щIрагъэдзащ.
Адыгэ щэнхабзэм и махуэм хуа­Iэ еплъыкIэм ехьэлIауэ зэхыхьэм къы­щыпсэлъащ бысымхэм ящыщу а Iуэхум хуэгъэза лэжьыгъэр, махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу, езыгъэкIуэкIхэмрэ хьэщIэхэм ящыщу къызэхуэсахэм ядэгуэшэну гупыж зыщIахэмрэ. 
- А щIыкIэм тету дэ цIыхухэр щыгъуазэ дощI лъэпкъыбэ Адыгейм щэн­хабзэм зыщегъэужьынымкIэ длэжь лэжьыгъэр зыхуэдэм. Къыхэгъэщыпхъэщ, зы илъэс къэмынэу республикэм и къалащхьэмрэ ­районхэмрэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмкIэ, цIыкIуми нэхъ зыубгъуами, Iуэхугъуэу 70-м щIигъу зэрыщедгъэкIуэкIри. Абыхэм, псори зэхэту, цIыху мин 60-м нэблагъэ зэхуашэс, - къыхигъэщащ «ХьэщIэщым» щекIуэкIа зэIущIэм хэта, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ и министр Аулъэ Юрий.
Зэхуэсым бысымхэмрэ гъунэгъу щIыналъэхэм къикIахэмрэ къинэ­мыщIа, Адыгэ Республикэм и къа­лащхьэм къыкIэлъыкIуэ махуэм щекIуэкIа, «Русский мир» зыфIаща зэIущIэм зыкърезыгъэхьэлIахэри къы­щыпсэлъащ. Абыхэм ящыщ зыт БРИКС зэгухьэныгъэм и Iуэхугъэув (деловой) гупым (советым) и унафэщI, Бразилием щыщ, илъэс зыбжанэ хъуауэ ди къэралым и щыхьэрым щыпсэу икIи щылажьэ, профессор Барриентос Висенте. 
- Мыбдежым щIэсхэм, бысымхэми хьэщIэхэми, чэнджэщ фы­зот лъэпкъ щэнхабзэхэм теухуа­ Iуэхухэм адэкIи нэхъри нэхъ еры­щыжу зевгъэужьыну. НэгъуэщI щэн­хабзэм щIапIыкIа, хамэ хэ­гъэгу къыщыхъуа сэ нобэ слъэгъуа-зэхэсхамкIэ срикъуауэ шэсыпIэ сихьэфынущ, Адыгейм и къэфакIуэ-уэрэд жыIакIуэхэр БРИКС-м хыхьэ адрей къэралхэми зэрызыкъыщагъэлъэгъуэфынымкIэ. Езыгъэблэгъэнухэми ягу зэрырихьынум шэч къытесхьэркъым, - жиIащ профессорым.

Пушкин Александр
и уардэунэм

А махуэ дыдэм, сыхьэт 14-м щы­щIэдзауэ, Пушкин Александр и цIэр зезыхьэ уардэунэу а къалэм дэтым Адыгэ щэнхабзэм и махуэм хуэгъэза къыкIэлъыкIуэ Iуэхухэм щыпащащ. Адыгэ IэпэIэсэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ утыкушхуэ къыщызэIуахащ, тхыдэдж-тхыдэтххэр, бзэщIэныгъэлIхэр, археологхэр хьэщIэхэм яIущIащ, я упщIэхэм жэуап иратащ, флэшмоб щызэхашащ, хэгъэгум шхыныгъуэу щаупщэфIхэм, Iуагъаплъэ къудей мыхъуу, къызэхуэсахэм Iуагъэхуащ, а псом яужькIэ республикэм и къэфакIуэ, уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэхэм концертышхуэ ятащ.
Иужьрейр и щIэдзэкIэкIи и егъэ­кIуэкIыкIэкIи апхуэдизу удэзыхьэхти, «псоми езгъэлъэгъуарэт мы да­хагъэр» жыуигъэIэт! СыхьэтитIым къриубыдэу, къафэрэ джэгукIэ, уэрэдрэ ежьукIэ «яузэда» теплъэгъуэ дахэхэмкIэ къызэщIрагъэубыдэн яхузэфIэкIащ адыгэхэм я щэнхабзэм и мызакъуэу, и тхыдэм щыщ напэкIуэцIхэри. КъинэмыщIауэ, лъэпкъ Iэмэпсымэхэм кърагъэкI пшыналъэ дахэхэр зыщIэт уэрэдхэр адыгэбзэм и диалектитымкIи щызэхыдагъэхащ… 

Еудых Iэсият и «ГъэтIылъыпIэ»

Адыгэ щэнхабзэм и махуэм ехьэ­лIа кIэлъыкIуэ Iуэхугъуэу щытащ дыщэм зэрелэжь щIыкIэмкIэ бзылъхугъэ Iэзащэ, и IэдакъэщIэкI  телъыджащэхэмкIэ щIыпIэ куэдым къыщацIыхуа Еудых Iэсият «ГъэтIылъыпIэ» зыфIаща и Унэу Мейкъуапэ дэтым зэрызыщыдагъэплъыхьар. (Ар тхыгъэ щхьэхуэ зыхуэфащэщи, иужькIэ къытезгъэзэжынущ).
Махуэм и кIыхьагъкIэ дызыхэта Iуэху­хэм я кIэухт пщыхьэщхьэм тхуау­хуа Iэнэм деж хьэщIэхэри бы­сым­хэри дызэрыщрихьэлIэжар. Тлъэ­гъуар къызэрытщыхъуам ды­теп­сэлъыхьыжу дыздэщысым, республикэм Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, нэ­гъуэщI къэралхэм щыпсэу хэкуэгъу­хэм запыщIэнымрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и комитетым и Iэтащхьэ Щхьэлахъуэ Аскэр жиIащ:
- Лъэпкъхэм я щэнхабзэхэм хэчы­хьауэ хухэтх махуэхэр гъэлъэпIэн зэрыщIэддзэрэ куэд щIакъым. Къы­зэретхьэжьэри яужь дитщ хьэ­щIэу къытхуэкIуэхэмрэ ди щIыналъэм щыпсэухэмрэ абыхэм кIуэ пэтми нэхъри зэрыдедгъэхьэхыным. Дэтхэнэ лъэпкъми щыщ цIыхум дежкIэ мыхьэнэ нэхъ зиIэу къэлъытапхъэр и нэмыс, и хабзэ, и бзэ и щIэгъэкъуэну гъащIэм ирикIуэнырщ. Лъэпкъым зэрызицIыхуж и гуп­сы­сэм и къежьапIэр анэм гущэкъу уэ­рэду зэхригъэхарщ, адэжьхэм къа­Iуэтэжу щыта хъыбархэрщ, гъэсэныгъи тхыдэ щIэныгъи хэлъу, унагъуэм щызекIуэ зэхэтыкIэ дахэрщ. АтIэми, дэ дызэреплъымкIэ, адыгэ лъэпкъым и щэнхабзэм и джэлэс нэхъыщхьэу къэлъытапхъэр бзэр, щэнхабзэр, ижькIэрэ къыддекIуэкI гупсысэкIэ-дуней хущытыкIэм лъабжьэ быдэ етту, а псо­ри зэрытхъумэным тщыщ дэтхэ­нэри яужь дитын зэрыхуейрщ. 
ХьэщIэхэм ­къазэрыщыхъуар 

- МахуэщIым сыкъэкIуащ ди зэхуэдэ лэжьыгъэм, лъэпкъхэм­ я щэнхабзэр хъумэнымрэ зегъэу­жьы­нымкIэ IуэхущIафэхэр мы хэгъэгум зэрыщрагъэкIуэкIыр, къызэ­ры­щаIэтыр зэзгъэщIэн, адыгэхэм я хабзэ-бзыпхъэхэм, бзэм, къэ­фэ­кIэм, уэрэд жыIэкIэм нэхъ гъу­нэгъу захуэсщIын хьисэпкIэ. Нэры­лъ­агъущ, зи гугъу сщIахэр хэгъэгум хуэсакъыпэу зэрыщахъу­мэм и мыза­къуэу, «гъуэгущIэ» те­шэ­нымкIи­ зэрыщелIалIэр. Ар, дауи, хэкурысхэр зыгъэгушхуэщ. Пушкиным и унэм дыщыщIэтами дымыгъэщIэгъуэн тлъэкIакъым гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэIуаха и бгъу­рыщIэ пэш Iэхуитлъэхуитым бзэ зэмылIэужьыгъуэ щыIуа пэтми, цIыхухэм ягъэнэхъапэу гу зылъыттар я зэхуаку дэлъ зэхущытыкIэ къабзэр, гуапагъэр зэрыарар, - къы­хигъэщащ Ставрополь крайм Лъэпкъ политикэмрэ къэзакъхэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм чэнджэщакIуэ къалэныр щызыгъэзащIэ Бекеновэ Екатеринэ.   
Гъунэгъу щIыналъэм щыщ хьэ­щIэм жиIар зэрыщыпкъэр къыхигъэща иужь, бысымхэм захуи­гъа­зэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым­ Лъэпкъ Iуэхухэмрэ жылагъуэ про­ект­хэмкIэ и министерствэм и IэщIагъэлI пашэ Абазэ Динэ жиIащ:
– Мыбдежым къыщекIуэкIыр Нал­шык къикIахэр хуабжьу дызыгъэгушхуэщ. Фыкъызэрытхущытыр апхуэдизу къыдэхуэбылIэу дигу дыхьэщащи, дызыщыщ Къэбэр­дей-Балъкъэрым дыщыIэрэ ди уни дисыж хуэдэу къэдвгъэлъытэжащ. КъэфIэта Iуэхухэри я къы­зэ­гъэпэщыкIэкIэ дахащэщ, къызэ­рымыкIуэуи купщIафIэщ. Щытлъэгъуари щызэхэтхари дэ, адыгэ ­псоми, ди зэхуэдэ щIэинщ, беягъэщи, щыгъуазэ дызыхуэфщIам ­дамыгъэпIейтеиныр Iэмал зимыIэщ... 
Абазэ Динэ жиIам къыпытщэу къыхэдгъэщынщи, Адыгэ Республикэм къыщыдаха хьэщIагъэр абдежми щиухакъым. КъыкIэлъыкIуэ махуэм емыжьэжу къэнахэр нэгузыужь дашащ бгыщхьэхэмкIэ, Щхьэгуащэ къыхэлъэдэж Рыфыпс псы цIыкIум и къуэладжэм дахащэу щызэкIэлъыкIуэ псыкъелъэхэм ­гъунэгъу дыхуащIщ, дыбгъэдашэри, а щIыпIэм щызэкIэлъыхьа этнопаркым, адыгэхэм я тхыдэм, щэнхабзэм щыщ напэкIуэцIхэр щIыуэпсым хэту щагъэлъагъуэм, хъыбар гъэ­щIэгъуэнхэм дыщрагъэдэIуащ­, а псом япэ къихуэу, ерыскъы ­гу­­ры­хь­хэмкIэ узэда Iэнэ дэгъуэми ды­пэрагъэсащ, ­хъуэхъу дахэ куэди щызэхыдагъэхащ...   

Тхыгъэри сурэтхэри
КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ