|
Статьи на кабардинском языке
8 ноября, 2023 - 05:26
ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2001 гъэм и щэкIуэгъуэм хъыбар зэбгригъэхат, къэралхэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэпэщIэувэныгъэхэр нэхъ щызэщIэплъэ щIыпIэхэм щIыуэпсым и щытыкIэр къызэрымыкIуэу зэрыщызэIагъэхьэр къэлъытауэ, а Iуэхугъуэ мыщхьэпэм жылагъуэр пэщIэтыным къыхуезыджэ махуэу щэкIуэгъуэм и 6-р къэлъытэн зэрыхуейм теухуауэ.
8 ноября, 2023 - 05:26
Налшык къалэм дэт 33-нэ курыт еджапIэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «УнэтIакIуэхэм я зэхуэс-2023» зыфIаща урысейпсо Iуэхугъуэр. Ар теухуат къэралымрэ щIыналъэхэмрэ щызэфIэува унэтIакIуэ жэрдэмхэр зэщIэгъэуIуэным, нэхъ гъэщIэгъуэнхэр хэIущIыIу щIыным, ахэр къызыхэщ къэралпсо Iуэхугъуэхэр къызэгъэпэща хъуным.
8 ноября, 2023 - 05:25
ДифI догъэлъапIэ
УФ-м и ТхакIуэхэми и Журналистхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт тхакIуэ, усакIуэ-уэрэдус, журналист Джэдгъэф Борис къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирокъу.
7 ноября, 2023 - 09:53
Бокс
Осетие Ищхъэрэ – Аланием и Киров куейм хыхьэ Карджин къуажэм иджыблагъэ щызэхэтащ щIыналъэхэм боксымкIэ я зэхьэзэхуэ зэIуха. Абы хэтащ 2011 - 2012, 2009 - 2010 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр.
7 ноября, 2023 - 06:36
Псэ зыIуту ЩIым щыпсэухэм ящыщу цIыхум нэмыщI хыбжхэрщ (хыкхъуэкIи йоджэ дельфинхэм) цIэкIэ зэджэжыр. Ар къахутащ шотланд биологхэм.
7 ноября, 2023 - 06:34
ДжэгукIэр зэрекIуэкIыу щытар мыпхуэдэущ. ЩIалэ цIыкIуи хъыджэбз цIыкIуи - джэгуу хъуар - пщIантIэм дэт выгум итIысхьэрт, зы фIэкIа къэмынэу. А зым щхьэкIэ хэт Iэхъуэ, жаIэ, хэти зы хьэкIэкхъуэкIэ гуэрым и цIэр фIащ. Ирехъу ар Iэхъуэ. АтIэ, иджы гум исхэр, Iэхъуэр зэгуагъэпу, къолъэ, абы зыкърамыгъэубыду пщIантIэр къажыхьри, гум долъеиж.
6 ноября, 2023 - 12:54
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, СССР-ми РСФСР-ми я къэрал саугъэтхэм, Лениным и цIэр зезыхьэ саугъэтым я лауреат Кулиев Къайсын къыщалъхуа махуэм ирихьэлIэу, гъэ къэси хуэдэу, Налшык къалэм усакIуэм и фэеплъу абы и цIэр зезыхьэ уэрамым тетым деж ягу къыщагъэкIыжащ.
6 ноября, 2023 - 09:35
Газетеджэхэр, къегъэцIыху лей хэмыту, зи гуащIэм щыгъуазэ артисткэщ нобэ ди тхыгъэр зытеухуар.
6 ноября, 2023 - 06:25
Бейтыгъуэн Сэфарбий «За мерой - инобытие» зыфIища и тхылъыр Котляровхэ Викторрэ Мариерэ я тхылъ тедзапIэм нэгъабэ къыщыдэкIащ тхакIуэр, тхыдэджыр, публицистыр, гупсысакIуэр илъэс 80 щрикъум ирихьэлIэу. Абы щызэхуэхьэсащ тхыдэ напэкIуэцIхэр къызэзыгъэдзэкIыж гупсысэхэмрэ абыхэм яхэлъ упщIэ-жэуапхэмрэ, эссехэр, афоризмхэр, езы Сэфарбий теухуауэ жаIахэр.
6 ноября, 2023 - 06:03
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Адыгэ щэнхабзэмкIэ и центр ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэм екIуалIэ щIалэгъуалэр иджыблагъэ щыIащ Адыгэ Республикэм и «Адыгэ хабзэ» лъэпкъ лагерым.
Страницы
|