Iуащхьэмахуэ зыгъэпсэхупIэм лэжьэгъуэ пIалъэр щаублэ

ЩэкIуэгъуэм и 20-м Iуащ­хьэмахуэ зыгъэпсэхупIэм бгыщхьэм лъэрыжэкIэ къе­жэ­хыныр къы­щызэIуахащ. Кавказ.РФ Iуэ­хущIапIэм и унафэщIхэм я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек абы зы­хуэ­зы­гъэ­хьэзыра зы­гъэп­сэ­ху­пIэм и турист ухуэ­ныгъэхэм я Iуэху зыIутым зыщигъэ­гъуэ­защ. 

Дунейр уэфI хъумэ, къытпэщылъ тхьэмахуэм, щэкIуэгъуэм и 21-м, метр 3455 - 3847-кIэ хым щхьэщыт «Мир-Гарабаши» кIапсэ гъуэгум и ещанэ къудамэм лэжьэн щIидзэнущ. 
Мурад зэращIэм тету, кIап­сэ гъуэгухэм я станцхэм гъэ­лъэгъуапIэрэ сурэт зытрегъэхыпIэрэ иIэнущ. 
Мыгувэу къызэIуахынущ автотранспорт 800-м нэс зэ­ры­хуэну гъэувыпIэр. Азау псы­хъуэм кIуэну автобусхэр гъуэгум трагъэувэнущ. 
 КъежэхыпIэ лъагъуэу километр 17-м нэс щызэрагъэпэщащ Iуащхьэмахуэ. Ахэр дунейм и щытыкIэм елъытауэ ягъэлэжьэнущ. Сабийхэм папщIэ лъэрыжэ гъуэгущIэхэри ящI, бугель IэмалкIэ удэзышей Iэмэпсымэ хэту. 
2024 гъэм иджыри кIапсэ гъуэгуитIрэ лъэрыжэкIэ къы­щыбжыхь хъуну, километрих зи кIыхьагъ лъагъуэрэ яутIып­щынущ. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.

17.05.2024 - 09:03

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

6-нэ Iыхьэ