Статьи на кабардинском языке

IЕЙМ ЩАХЪУМЭ

Урысей МВД-м Налшык къалэм щиIэ управленэмрэ КъБР-м щыIэ МВД-м экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и центрымрэ ирагъэкIуэкIащ «Лъагъумыхъуныгъэмрэ зэбиинымрэ ди зэхэтыкIэм къезэгъыркъым» Iуэху щхьэпэ. 

ЩАХЭ ЛЫШХЫР КЪЫЗЭРАЦIЫХУ ЩЫТЫКIЭХЭР

Узыншагъэ

ЩэкIуэгъуэм и 17-р щахэ лышхым (рак простаты) пэщIэтынымкIэ дунейпсо махуэщ. Медицинэм епхахэм цIыхухъухэр къыхураджэ я узыншагъэм кIэлъыплъыжыну, икIи мы узыфэ шынагъуэр къызэроуэлIар къызэрыпщIэну щытыкIэхэр кърабжэкI. 

ХЬЭСАНЭ МУРАТ ПСОМИ ЯТОКIУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, Мэзкуу областым и Красногорск къалэм грэпплинг, грепплинг-ги спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ иджыблагъэ щекIуэкIащ дунейпсо чемпионатрэ пашэныгъэр къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ.

БЛЭ­КIАМРЭ КЪЭКIУЭНУМРЭ ЗЭПЫ­ЗЫ­ЩIЭ ЛЪЭМЫЖ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм щагъэлъагъуэ «Карусель» выставкэм фыщеплъыну Iэмал щыIэщ сурэтыщI Нестеренкэ Эдит и лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэм.

БОРЭЖЬ И ХЪЫБАР

Хъыбар псоми зэрыжаIэмкIэ, КъардэнгъущI Зырамыкуи зэритхыжамкIэ, зауэлI хъыжьэу, зекIуэлI емызэшыжу щыт Борэжь и фызыр лIащ, зы къуэ закъуэ къыщIэнри. И къуэр къыдэкIуэтейуэ лIыпIэ щиувэм, и адэм ещхьу зекIуэлI хахуэ хъуащ, зэманыр зыIутыр арати, зауэлI фащэкIэ зихуапэри зекIуэлIу ежьащ. Ауэ Борэжь къишэжа фызымрэ и къуэмрэ зэмызэгъ, и кIэм зэтеплъэ мыхъу хъуащ.

ЩЭКIУЭГЪУЭ, ЩАКIУЭ

Бзэм и щэхухэр

«ЩэкIуэгъуэ мазэм» сыт къикIыр? ЩакIуэ щыкIуэ мазэ жиIэу аращ, шэч хэмылъу. «ЩакIуэм» къикIыжыр сыт-тIэ? Сыт хуэдэ щэху къаIуатэр а псалъэр зэрызэхэлъ пкъыгъуэхэм?

АЛАНЭ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, Урысей Федерацэм атлетикэ хьэлъэмкIэ пашэныгъэр щыубыдыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Адыгейм и къалащхьэ Мейкъуапэ щекIуэкIащ. Абы гупитIу гуэшауэ щызэпеуащ илъэс 15-18, 19-20 зи ныбжь спортсменхэр.

«Урысейм и сабийхэр-2023»

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэрагъэкIуэкIым кIэ­лъыплъы­нымкIэ и управленэм щызэхэтащ «Урысейм и сабийхэр-2023» Iуэхум и етIуанэ Iыхьэр республикэм щэкIуэ­гъуэм и 13 - 22-хэм зэрыщекIуэкIы­-нум щытепсэлъыхьа зэIущIэ. 

НыбжьыщIэхэр зэпоуэ

«Спортыр наркотикым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту щIы­налъэхэм атлетикэ псынщIэмкIэ я зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Бахъ­сэнёнкэ къуажэм щекIуэкIащ. Спортсменхэр зэпеуащ гъущI бжы папцIэмрэ жэз хъурей пIащIэмрэ дзынымкIэ. 

Медаль зырыз къахьащ

Белоруссием и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я чемпион Караваев Олег и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Мы гъэм ар 27-нэрэ ирагъэкIуэкIащ. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту Минск къалэм щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ бэнакIуэ щIалиплI икIи абыхэм псоми ме­даль зэхуэмыдэхэр зэпеуэм къыщахьащ. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке