Статьи на кабардинском языке

ЩХЬЭЦЫМ ТЕУХУАУЭ

Щхьэцыр зэхэтщ кератинрэ, белокрэ аминокислотауэ. Щхьэцыр захуэу е баринэу щытыныр зэлъытар «фолликул» жыхуаIэм и щытыкIэрщ. Фолликулхэр хыуэ зэтопщIыкI, абыхэм къикIыкI щхьэцыр - щыуэ.

Иджырей технологиехэр жыжьэ зэрынэсам и фIыгъэкIэ, цIыхум и щхьэц налъэ закъуэр къэпхутэу, абы теухуауэ куэд къыпхуэщIэнущ, зыщыпсэу щIыпIэр, цIыхум ишхырейр, щхьэцым ирихьэлIэр, нэгъуэщIхэри.

ЗЫ СУРЭТЫМ И ХЪЫБАР

«Монэ Лизэ» сурэтыр Леонардэ да Винчи и IэдакъэщIэкI нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ зыщ. Абы къищ бзылъхугъэм и теплъэм тIэкIу зэхэзещхъуэн уищIынкIэ хъунущ набдзэ зэримыIэм къыхэкIыу. КъызэрыщIэкIымкIэ, япэщIыкIэ набдзэр тещIыхьат, ауэ сурэтыр къыщагъэщIэрэщIэжым (реставрация) къаIэщIэщIэри, набдзэр трахащ. ТепщIыхьыжынри дзыхьщIыгъуэджэт.

«УИ ПЩIЭР УИ IУЭХУЩIАФЭРЩ»

  ЩIэ гуэр къэгупсысыным, зэхэлъхьэным и гуащIэри и гъащIэри  теухуащ техникэ щIэныгъэхэмкIэ доктор  ЗекIуэрей Аслъэн. Ар щIэныгъэм хуэнэхъуеиншэщи, еджэм хуабжьу пщIэ хуещI, емыджэр къыгурымыIуэххэ. Еш зымыщIэу жыджэрщ.

IЭНАТIЭМ ЩЕКIУЭКIХЭМ ЗЫЩЕГЪЭГЪУАЗЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ узыншагъэр хъу­мэнымкIэ IэнатIэм цIыхухэм япэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрат и IуэхущIапIэхэр къызэрагъэ­щIэрэщIэжым, IэщIагъэлIхэмкIэ къызэрызэгъэпэщам.

ПСАПАЩIЭ КОНЦЕРТХЭР

Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щиIэ дзэхэм уэрэдымрэ къафэмкIэ и ансамблым и артистхэм дзэ Iуэху хэхам хэтхэр даIыгъыу, апхуэдэуи ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуауэ псапащIэ концертхэр щатащ Къэбэрдей-Балъкъэрым.

ЩIЫНАЛЪЭМ АХЪШЭУ ИIЭНУР ЯГЪЭБЕЛДЖЫЛЫ

КъБР-м и Парламентым и комитетхэм мы зэманым щыхоплъэ «КъБР-м и бюджетыр 2024 гъэм, 2025-2026 гъэхэм ятещIы­хьауэ» КъБР-м и законым и проектым. 

ПАШЭ ХЪУАХЭМ ЙОХЪУЭХЪУ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ехъуэхъуащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыщу «Зыгъэпсэхугъуэ иным» къыхэжаныкIа ­ныбжьыщIэхэм икIи дяпэкIи ехъулIэныгъэхэр яIэну зэригуапэр жиIащ. Зэхьэзэхуэм кърикIуахэр къыщагъэнэIуащ «Артек» ­дунейпсо сабий центрым щекIуэкIа «ИпэкIэ кIуэ!» урысейпсо зэхыхьэм. 

ЩIЫ IЫХЬЭ ЗРАТЫПХЪЭХЭР ЯГЪЭБЕЛДЖЫЛЫ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджы­благъэ иригъэкIуэкIа зэ­Iу­щIэм депутатхэр щыхэп­лъащ Iуэхугъуэ 30-м нэблагъэм.

ЗЭНЫБЖЬЭГЪУГЪЭМ ТОЛАЖЬЭ

«Созвездие дружбы» фIэщыгъэм щIэт XIII дунейпсо Артийскэ зэпеуэм щытекIуахэр Налшык щагъэлъэпIащ.

АХЪМЭТ МУСЭБИЙ И ФЭЕПЛЪ ЗЭПЕУЭМ

УФ-м ДзюдомкIэ и федерацэм и пресс-IуэхущIапIэм къы­зэ­ритамкIэ, Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексыш­хуэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Социалист Лэжьыгъэм и ЛIы-хъужь Ахъмэт Мусэбий и фэ-еплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке