|
Статьи на кабардинском языке
19 февраля, 2024 - 06:03
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щылажьэ «Къуажэ ипотекэ» программэмкIэ унагъуэ 625-м республикэм и щIыналъэхэм, жылэхэм щIы къыщащэхуащ. Апхуэдэ ахъшэу сом зы мелардрэ ныкъуэрэ итащ банкым.
19 февраля, 2024 - 06:03
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ советыдзэхэр Афганистаным къызэрырашыжрэ илъэс 35-рэ зэрырикъум теухуа, абы хэкIуэда зауэлIхэр ягу къыщагъэкIыж зэIущIэм.
19 февраля, 2024 - 06:02
КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и зэIущIэ иджыблагъэ щригъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техникэ колледжым. Абы щытепсэлъыхьащ «Профессионалитет» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ колледжхэм курыт щIэныгъэ зэрырат Iэмалхэр зэрыщрагъэфIакIуэм.
19 февраля, 2024 - 06:01
Налшык къалэм дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIа зэхыхьэр теухуат Афганистаным советыдзэхэр къызэрырашыжрэ илъэс 35-рэ зэрырикъум.
19 февраля, 2024 - 06:01
Илъэс мин бжыгъэкIэ цIыхур кIэлъыплъащ щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, удзхэм, ахэр цIыхум сэбэп е зэран зэрыхуэхъу щIыкIэм. Ауэрэ къэунэхуащ цIыхубэ медицинэ жыхуэтIэжыр.
18 февраля, 2024 - 06:03
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къыхилъхьа «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ, уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и ЩIыналъэ инжиринг центрым республикэм и IуэхущIапIэхэм инженер-чэнджэщ IуэхутхьэбзэхэмкIэ къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр ярет, зэрызаужьыну щIыкIэм, къыщIагъэкI продукцэмрэ ахэр зэрылажьэ технологиехэмрэ егъэфIэкIуэным, щIэуэ щыIэ
18 февраля, 2024 - 06:03
Къербэч теухуауэ хъыбарыжьхэм къаIуэтэжыр икъукIэ мащIэщ. Уэрэдым и хъыбарыр зытхыжыгъа КъардэнгъущI Зырамыку зэрыжиIэмкIэ, Щхьэгуащэпсыр я зэхуакуу Къербэч зыдэса Къэние къуажэмрэ Нэгъуей къуажэмрэ зэпэщысу псы Iуфэ зырызым Iусащ. А зэман жыжьэм лъэпкъхэр фIыуэ зэрымылъагъуу, зэбийуэ, зэкъуэхуауэ зэрыгъуэтмэ, зыр адрейм теуэрэ зэрипхъуэу щытащ.
17 февраля, 2024 - 09:25
Гъэтхасэ
Къэбэрдей-Балъкъэрым и губгъуэхэм нартыху IэфIыр гектар мини 2-м нэблагъэм щыхасэ. Лъэпкъыгъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэман зэхуэмыдэм мэхъу. Абы къыхэкIыу, зи гугъу тщIы къэкIыгъэ хьэлэмэтыр бжьыхьэкIэ дыдэ хъуху ди тыкуэнхэмрэ бэзэрхэмрэ щащэ.
17 февраля, 2024 - 06:03
Ижь-ижьыж лъандэрэ тхыдэтххэм, тхакIуэхэм, усакIуэхэм яфIэтелъыджэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр цIэрыIуэ зыщIар и щIыуэпс дахэращ. Пэжу, тхыдэ щхьэхуэ зиIэ щIыпIэхэмкIэ, къэкIыгъэ, псэущхьэ гъэщIэгъуэнхэмкIэ къулейщ ди хэкур. Арами, ди щIэныгъэлIхэм яIэщ щIыуэпсым ехьэлIа гукъеуэ гуэрхэр. Абыхэм ящыщщ щыхь къуэлэн лъы къабзэ зэрамыгъуэтыжыр.
16 февраля, 2024 - 09:25
•Урысейм илъэсым къриубыдэу кIэрыхубжьэрыху тонн меларди 5 щызэхуахьэс, икIи ар зыхуей хуигъэзэжыну хузэфIэкIыркъым къэралым. А бжыгъэм щыщу зэлэжьыжыр проценти 8-ращ, адрей 92-р зэтофыхьри зэтелъщ. Къыхэгъэщыпхъэщ УФ-м и щIым щыщу кIэрыхубжьэрыхум гектар мелуани 4 зэриубыдыр, абыи къызэрыщымыувыIэнур.
Страницы
|