Зыхуей псомкIи къызэгъэпэщауэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Ухуэныгъэмрэ ЖКХ-мкIэ и минис­терствэм и пресс-IуэхущIапIэм къы­зэритамкIэ, Бахъ­сэн щIыналъэм хыхьэ Куба ­къуажэм щау­хуащ метр зэб­гъузэнатIэ 600-м нэблагъэ зыубыд амбулато­рэ­щIэ.

Мы IуэхущIапIэм зы лэжьэ­-гъуэ махуэм къриубыдэу я узыншагъэм щыкIэлъагъэплъыфынущ цIыху 90-м щIигъум. Абы нэмыщI, махуэкIэ цIыхухэм зы­щрагъэIэзэу, ­хущхъуэхэр щрахьэлIэу щIэлъынухэм папщIэ ­гъуэлъыпIэ 15 щIагъэуващ. 
Зы къат хъу амбулаторэр зы­хуей-зыхуэфI псомкIи къызэ­гъэпэщащ. Абы хэтщ узыфэ зэхуэ­мыдэхэр зыпкърытхэм ще­Iэзэ, ­хущхъуэхэр щыхалъхьэ пэшхэр, нэгъуэщI зыхуеинухэр. Абы къепхауэ лэжьэнущ дэIэ­пыкъуэгъу псынщIэри.
Ухуэныгъэр ирагъэкIуэкIащ «Узын­шагъэр хъумэн» лъэпкъ проектым хыхьэ «ЦIыхухэм япэу зы­зыхуагъазэ медицинэ Iуэху­щIапIэ­хэр егъэфIэкIуэн» щIыналъэ программэм тету.

наурызыкъуэ  Ислъам. 

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.