ЖЫГХЭМ Я ХЬЭЛ ЯIЭЖЩ

Жыгхэм егъэлеяуэ мыхьэнэшхуэ щаIэщ гъащIэм. Зыщыщ лъэпкъыгъуэм елъытауэ абыхэм езыхэм я хьэли яIэжщ. Абы къыхэкIыуи пхъэм узэрелэжь Iэмалхэри зэхуэмыдэщ. Жыгхэм ядэплъагъу гъэщIэгъуэнагъым теухуа щапхъэхэр къэдгъэлъэгъуэнщ.
Калининград щыIэщ «Мэз чэфкIэ» зэджэр. Метр зэбгъузэнатIэ хуэдиз хъу мэзым щIэт уэздыгъэейхэм я лъэдийхэр къэгъэшащ. Жыгхэм зэдикIыу апхуэдэ теплъэ щIаIэм и щхьэусыгъуэр къахуэщIакъым. 
Дунейм тетщ цIыхум и узыншагъэмкIэ зэран зыпылъ жыг лIэужьыгъуэ. Апхуэдэм и къудамэм къыщIэж псым цIыхум и щIыфэр ес, псыбыб ещI. Ар нэм лъэIэс хъужыкъуэмэ, нэф йохъукI. Абы къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэр теплъэкIэ мыIэрысэм ирагъэщхь. 
Кедр жыгыр нэхъ лъапIагъ ин дыдэ зиIэхэм хабжэ, абы и пхъэр зэрыбыдэм, псы зэрызыщIимыфым къыхэкIыу. Абы къыщIаху дагъэри узыншагъэмкIэ егъэлеяуэ сэбэп мэхъу.
Урысейм и мэзхэм къыщокI зи пхъэр егъэлеяуэ хьэлъэ жыг лIэужьыгъуэ – «Шмидт и пхъэхуей» жыхуаIэр. Жыгыр ипхыным пэлъыщыркъым джыди пхъэхи. 
Дунейм нэхъыбэ дыдэрэ узыщрихьэлIэ пхъэщхьэмыщхьэ жыгыу къалъытэ мыIэрысейр. 
Зы жыгейм ику иту къыпокIэ мышхумпIэ мини I0 хуэдиз. 
Финляндием и мэзхэм яубыд къэралым и щIыпIэм щыщу процент 70-р. Великобританием и мэзхэм яубыдыр проценти 6 къудейщ.
«Секвая» жыг лIэужьыгъуэр дуней псом щынэхъ лъагэ дыдэщ. Ауэ абы и пхъэр щIагъуэу къэсэбэпыркъым, быдагъ зэрыщIэмылъым къыхэкIыу. 
ТхылъымпIэжьу килограмм 80 хуэдиз зэхуэхьэсам ирамыупщIыкIыу къригъэлыфынущ зы жыг. 
Дунейм нэхъ щIэх дыдэу къыщыкIыу къахутащ «Адамовэ» жыг лIэужьыгъуэр. Абы иджыри «Пурпурная трава» хужаIэ. 
I980 гъэм Китайм хабзэу щагъэувауэ щытащ къэралым и цIыху къэс (илъэс II ирикъуамэ) илъэсым къриубыдэу жыгищ хисэн хуейуэ. 
Ику ит лIэщIыгъуэхэм жыгхэр къэсэбэпу щытащ быдапIэхэр щаухуэкIэ.
ТхылъымпIэу тонн мелуан къыщIэбгъэкIын папщIэ ухуейщ жыгыу мелуаным и Iыхьэ плIанэ.
Бразилием къыщокI «копаиферэ» жыг лIэужьыгъуэ гъэщIэгъуэныр. Абы и лъэдийм къыщIэж псыр дизель гъэсыныпхъэм хуагъадэ. Абы къыхэкIыу, етIуанэу фIэщыгъэу зэрехьэ «щIыдагъэ жыг». 
Жыгхэм яхэтщ илъэс мин бжыгъэхэр къэзыгъащIэ лIэужьыгъуэхэр. Абыхэм ящыщщ Мафусаил лъэпкъыгъуэм щыщ уэздыгъейхэр. Ахэм илъэс 5000 - м нэблагъэ къагъащIэ.
Уэздыгъей жыг лъэпкъыгъуэм хыхьэхэм я зэхуэдитIыр Урысейм къыщокI. 
Калифорнием и «Мэз абрагъуэкIэ» зэджэ щIыпIэм щыIэщ дунейм жыг лъэпкъыгъуэ нэхъ ин дыдэу тетыр – «Генерал Шерман и жыгыр». Абы и лъагагъщ метр 83,8-рэ. И ныбжьыр илъэс 2300-2700 хъууэ хуагъэфащэ.
Жыгым и лIэужьыгъуэм елъытауэ, пхъэр бгъэгъущыным токIуадэ мазэ бжыгъэм щегъэжьауэ илъэс бжыгъэм нэс.
ГъэщIэгъуэнщ жыг лIэужьыгъуэ къэс езым и мэ зэриIэжыр.
ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.