ШЫПСЫРАНЭ СЫР

Шыпсыранэм и лъахъц кIыхьхэр щIым тыншу хокIэ. ИкIи абы псэупIэ ищIа щIыпIэм а къэкIыгъэр щыбгъэкIуэдыжыныр тыншкъым. Шыпсыранэр лIэужьыгъуэ 60 - у зэщхьэщагъэкI. Хэт нэхъ лъагэщ, хэт лъахъшэщ, хэти нэхъ сырщ, языныкъуэхэри укъимысыххэу дэгущ. Къапщтэмэ, шыпсыранэр гъэщIэгъуэнагъ куэд зыхэлъ къэкIыгъэщ.
- Шыпсыранэм укъес абы хъумпIэцIэдж кислота зэрыхэлъым щхьэкIэ. 
- Шыпсыранэр языныкъуэ хьэндрабгъуэхэм нэхъ яфIэфI дыдэ шхыныгъуэщ.
- Пасэм шыпсыранэ щэкIым чэтэнхэр (парус), кIапсэ быдэхэр къыхащIыкIыу щытащ. 
 - Японием шыпсыранэ бганэмрэ (жгут) данэ щэкIымрэ самурайхэм я фэилъхьэгъуэхэр къыщыхащIыкIырт. Шыпсыранэм и лъэдий гъуахэр мэIу щащIкIэ къагъэсэбэпырт, шыпсыранэ тхъахуэ (волокно) быдэм сагъыз щахуэрти, шабзэпсхэр къыхащIыкIырт.
- Шыпсыранэм и хущхъуэгъуэр нэхъыбэу зыхэлъыр и тхьэмпэхэрщ. Ахэр къулейщ С, В, К витаминхэмкIэ, белоккIэ. 
- Шыпсыранэм и тхьэмпэ цIынэхэр хьэнтхъупсым, салатхэм халъхьэ. Аэр халъхьэ «Гауда» кхъуейр щащIкIэ. 
- Шыпсыранэ тхьэмпэр къэбгъэсэбэп мэхъу, щIэх зэIыхьэнкIэ хъуну ерыскъыпхъэхэр ирипхъумэу. Псалъэм папщIэ, былымылыр е бдзэжьейр шыпсыранэ тхьэмпэм кIуэцIышыхьауэ бгъэтIылъмэ, зэIымыхьэу нэхъыбэрэ щылъщ.
- Шыпсыранэ халъхьэ хабзэщ щхьэц зэрахущI сабынхэм. Абы щхьэцыр быдэ ещI. Уи щхьэцыр пхущIа нэужь, шыпсыранэпс щIэбгъэжыжынри сэбэпщ, зи щхьэц къикIхэм я дежкIэ.
- Шыпсыранэ куэд яшх хъунукъым зи гур узхэм. 
- Британием шыпсыранэм къыщыхащIыкI пиви шагъыри. 
- Шыпсыранэм уи щIыфэр ебгъэсыну узыншагъэу къалъытэ. Ар зыжьэхэуам деж лъыр нэхъ тыншу щызокIуэ. 
- Ауэ шыпсыранэхэм яхэтщ ужьэхэуэрэ укъисмэ, узэрылIыкIынкIэ хъуну лIэужьыгъуэ шынагъуи.
- Тулэм щыIэ Крапивнэ къуажэм 2002 гъэм щегъэжьауэ «Шыпсыранэм и фестиваль» щокIуэкI илъэс къэс. А къуажэм герб зэрахьэ, шыпсыранэм и сурэт къыщыгъэлъэгъуауэ.
- Инджылызым, Маршвуд жылэ цIыкIум, илъэс 20 хъуауэ гъэ къэс щрагъэкIуэкI шыпсыранэ шхынымкIэ чемпионат.

 

ГЪУЭТ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.