|
Статьи на кабардинском языке
15 апреля, 2023 - 09:25
Дыкъэзыухъуреихь дунейм, щIыуэпсым и щытыкIэм теухуа щIэныгъэ цIыхухэм ябгъэдэлъхьэным мыхьэнэ ин зэриIэр къалъытэу, 1992 гъэм Бразилием и щыхьэр Рио-де-Жанейрэ ООН-м щызэхиша къэрал зэхуаку зэхыхьэм мэлыжьыхьым и 15-р Экологие щIэныгъэхэм я махуэу щагъэуващ.
15 апреля, 2023 - 07:01
«Библиотекэ» псалъэр алыджыбзэм къыхэкIащ. «Библио» жиIэмэ – «тхылъ», «тека»-м - «хъумапIэ» жиIэу къокI. Компьютерхэмрэ интернетымрэ къежьэн ипэ, щIэныгъэр зэрызэIэпыпхыу, щIэблэм и гупсысэм зырызрагъэужьу щыIар тхылъырщ. Тхыбзэр къызэрыунэхуу, цIыхухэм щIэныгъэр зыхалъхьэу, зэхуахьэсу, нэгъуэщIхэми ядэгуашэу щIадзащ. Япэ библиотекэхэр Пасэрей Мысырым къыщежьащ.
15 апреля, 2023 - 06:03
Мы гъэм мэлыжьыхьым и 10-м илъэс 74-рэ ирикъуащ Налшык къалэм щыIэ УМВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ, профессор, КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым и кафедрэм и унафэщI Былымгъуэт Хьэмидбий Лабид и къуэр.
Абы фIыщIэ, хъуэхъу псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуигъэзащ управленэм и унафэщI Шыбзыхъуэ Хьэчим.
14 апреля, 2023 - 10:38
«Iущхэмрэ Iущыцэхэмрэ» зи фIэщыгъэ урысейпсо щIэныгъэ-егъэджэныгъэ хэдэрыхэш зэхьэзэхуэм и 31-нэ хэгъэгупсо зэхыхьэгъуэм и бжьыгъуэ зэфIэхьыр иджыблагъэ зэфIэкIащ, кърикIуахэри наIуэ хъуащ.
14 апреля, 2023 - 06:25
Мы махуэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ гуманитар IуэхухэмкIэ проект куэд зи гъусэу ягъэзэщIа, Дунейпсо зэпыщIэныгъэхэмкIэ Санкт-Петербург ассоциацэм - Санкт-Петербург и Хабзэубзыху Зэхуэсым и дэлэжьэгъум - и лIыкIуэ гуп. Абыхэм яхэ-тащ судыщIэ IэнатIэм, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щрагъэгъуэт еджапIэхэм, туризмэм, щэнхабзэм, Къэрал Эрмитажым я лэжьакIуэхэр, хьэрычэтыщIэхэр.
14 апреля, 2023 - 06:24
2023 гъэм накъыгъэм и 1-м къару ягъуэт УФ-м и законодательствэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэм. Иджы пенсэхэмрэ къэралым цIыхухэм зэрызащIигъакъуэ ахъшэхэмрэ Iэрылъхьэу яIэрызыгъэхьэнур Урысей пощтырщ. А зэхъуэкIыныгъэхэм тхутепсэлъыхьащ Федеральнэ пощт къулыкъум Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ управленэм и унафэщI Вэрокъуэ Заур.
13 апреля, 2023 - 07:01
Бзэр лъэпкъым и фIыгъуэ нэхъ лъапIэхэм ящыщщ. ИкIи, псалъэ дыгъэлу щымыту, лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэм ар ябгъэдэлъхьэным, ягъэджыным зи гуащIэ езыхьэлIэхэм я лэжьыгъэр уасэншэщ. Анэдэлъхубзэр къалэм дэс сабийхэм языгъэджхэм я пщэ къыдэхуэ жэуаплыныгъэр зыхащIэу я IэнатIэм пэрытщ ди республикэм и егъэджакIуэхэр.
13 апреля, 2023 - 07:01
Иужьрей зэманым ди адыгэбзэм и пщIэмрэ мыхьэнэмрэ зэрелъэхъшэхам адыгэпсэ зыIуту имыгъэпIейтей щыIэу къыщIэкIынкъым. «Дыадыгэщ» жытIэу ди бгъэм дытеуэжкIэ, е «адыгэ, уей, уей» жытIэу дыкIийкIэ ди адыгэбзэми хабзэми заIэтынукъым. Адыгагъэр, цIыхугъэр, нэмысыр хуэмурэ IэщIыб зэрытщIым гу лъыдмытэжми, ар махуэ къэс нэхъ нэрылъагъу мэхъу.
13 апреля, 2023 - 07:01
ЦIыху псори къыщалъхуа жылэм къуэпс быдэкIэ епхащ. Дэнэ щIыпIэ ущыIами, абы ущекIуэлIэжкIэ гупсэхугъуэ бгъуэтыжу апхуэдэщ. Уи гур хохъуэ уи къуажэжьым и цIэр фIыкIэ щыIукIэ, ар зэрефIакIуэр, зэрызиужьыр щыплъагъукIэ. Нобэ апхуэдэ гухэхъуэ къызет сыкъыщыхъуа Хьэтуей къуажэм и псэукIэм фIы и лъэныкъуэкIэ зэрызихъуэжым.
13 апреля, 2023 - 06:03
Дунейм и къэхъукъащIэхэм цIыхухэм я Iэмалхэр щыпэмылъэщ къохъу куэдрэ. Апхуэдэщ щIыхъейр. ЩIыхъей шынагъуэр щхьэусыгъуэ хуэхъуфынущ цунами, вулкан къэхъукъащIэхэми.
Страницы
|