ЖЫДЖЭРУ IУЭХУМ ПЭРЫТЩ

Мы гъэм мэлыжьыхьым и 10-м илъэс 74-рэ ирикъуащ Налшык къалэм щыIэ УМВД-м дэлажьэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэ, профессор, КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым и кафедрэм и унафэщI Былымгъуэт Хьэмидбий Лабид и къуэр.

Абы фIыщIэ, хъуэхъу псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуигъэзащ управленэм и унафэщI Шыбзыхъуэ Хьэчим.

- Управленэм и деж щыIэ Жылагъуэ советым и тхьэмадэу ущыткIэрэ уэ къызыбогъэпэщ хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэр цIыхухэм я хуитыныгъэхэмрэ я сэбэп зыхэлъхэмрэ и хъумакIуэу зэрыщытыр цIыхубэм зыхегъэщIэным хуэунэтIа Iуэхухэр, хэлъхьэныгъэшхуэ хубощI жылагъуэмрэ хабзэм и хъумакIуэхэмрэя зэпыщIэныгъэр гъэбыдэным.  

Гупым, сэ езым къыдбгъэдэкIыу фIыщIэшхуэ пхудощI ди зэхуэдэ Iуэхум - хабзэр дэIыгъыным - гулъытэшхуэ зэрыхуэпщIым папщIэ. Узыншагъэ быдэ, зэIузэпэщыгъэ, зэпIэзэрытыныгъэрэ ехъулIэныгъэщIэхэмрэ адэкIи уиIэну, сыт щыгъуи уи унэм гупсэхугъуэ илъыну ди гуапэщ!,- къыхигъэщащ Шыбзыхъуэ Хь.

ЩОДЖЭН Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2024 - 09:03

ДАХАГЪЭМ ДИХЬЭХХЭМ Я КIУАПIЭ

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм тхыдэ дахэ къыдокIуэкI. 

21.05.2024 - 09:03

БЭНАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭМРЭ ЯIУОЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Спо­р­тымкIэ и министерствэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион махуэ зыбжанэ ипэкIэ хъуа ЗэкIуий Анзоррэ дыжьын медаль абы къыщызыхьа Шаваев Малик

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.