Статьи на кабардинском языке

ГЪУЭГУ УХУЭНЫГЪЭХЭР ЗЭПЫУРКЪЫМ

«ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгу шынагъуэншэхэр» къэрал программэм и фIыгъэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым дызэрыт илъэсым къриубыдэу километр 60 зи кIыхьагъ гъуэгу щызэрагъэпэщыжыну къапэщылъщ.

ПсалъэкIэ къыпхуэIуэтэнукъым

Шэрджэсхэм (адыгэхэм) я ныпыр «адыгэкIэ» зэджэжу Урысейм и кавказ республикэ зыбжанэм (Къэ­бэрдей-Балъкъэрым, Къэ­рэшей-Шэрджэсым, Адыгейм), Уэсмэн пащты­хьы-­гъуэм хыхьэу щыта къэ­ралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я лъэпкъ ныпщ икIи Адыгэ Республикэм и къэрал ныпщ. 

Губгъуэжыхапхъэр гъэкIуэдыгъуейщ

ЦIыху куэд зыгъэсымаджэ губгъуэжыхапхъэр ­(амброзиер) Америкэ Ищхъэрэм нащэгъэбагъуэ (­клевер) жылэм хэлъу кърашри, Европэм къагъэIэпхъуа хъуащ 1873 гъэм. Удзым псынщIэ дыдэу зи­убгъуу, и зэранышхуи цIыхум къекIыу къыщIэкIащ. 

МэзгъэфIэнхэм я лъэ макъ

ЩIыуэпсым щхьэхуэу яхъумэ и щIы­пIэхэм (ООПТ-хэр - Особо охраняемые природные территории) гулъытэ хэха хуэщIыным теухуауэ ирагъэкIуэкI «МэзгъэфIэнхэм я лъэ макъ» («Марш парков») Iуэхугъуэхэр мы гъэм мэлыжьыхьым и 20-м щыщIэ­дзауэ и 26 пщIондэ ЩIы хъурейм тет къэ­ралхэм ящыщу 200-м щIи­гъум щокIуэкI.

Насыпыр Iыхьэ мыгуэшщ

Артисткэ  Щэрмэт  Людмилэ нобэ  къыщалъхуа  махуэщ

«ТХЬЭКIУМАЩIЭМ И ШЫР»

Налшык и уэрамхэрами нэгъуэщI зы къалэ, къуажэ удыхьауэ щытми, япэу гулъытэ зыхуэпщIхэм ящыщщ фэеплъхэр. Лъэпкъым и лIыгъэри гупсысэри зыхэлъ апхуэдэ фэеплъхэр тхыдэм и гъуджэщ, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ зэпызыщIэщ. Ди лIыхъужь нэсхэр щIэблэм яцIыхуным теухуауэ абыхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэм шэч хэлъкъым.

ЛАГЪУЭ-НАКЪЭ

Лагъуэнакъэ щIыпIэр бгыщхьэ тафэ хъупIэщ, «къущхьэхъущ». Абдеж къыщожьэ Ищхъэрэ - КъухьэпIэ Кавказым и псыщхьэ куэд. Зыпэгъунэгъу хы ФIыцIэм ар метр 2000-м нэблагъэкIэ щхьэщыIэтыкIащ. Шытх Нэхъыщхьэм и уанэгу щхьэнтэр зыфIэзыубыда Лагъуэнакъэ Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым и псыщхьэ куэдым и къыщIэдзапIэщ.

ЗИ ПIАЛЪЭ ИМЫКI

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр «Зи пIалъэ имыкI» фэеплъ пэхуэщIэм (проектым) епхауэ зэрыхэгъэгуу зэдащIэ Iуэхугъуэхэр егъэкIуэкIыным иужь ихьащ.

ДЭРБЗЭР НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я ЗЭПЕУЭ

«Стильный акцент» фIэщыгъэм щIэту КъБКъУ-м дизай­ным­кIэ и колледжым иджыблагъэ щекIуэкIащ дэрбзэр ныбжьыщIэхэм я зэпеуэ.

«ЧЕРКЕС»-Р КЪОФЭ

БжьыхьэлI Замир зи гъэсакIуэ «Черкес» къэфакIуэ гупыр иджыблагъэ хэтащ НТВ-мкIэ екIуэкI «Страна талантов» телеп­роектым. «Черкес»-р кавказ къафэхэмкIэ Урысейм и чемпионщ. Ди ныбжьыщIэхэм я жыджэрагъым, утыку итыкIэм итхьэкъуащ къэпщытакIуэхэр, телевизореплъхэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке