Статьи на кабардинском языке

ЩIАЛЭГЪУАЛЭ ПАЛАТЭМ ХЭТЫНУХЭР КЪЫХАХ

КъБР-м и Парламентым щекIуэкIащ ЩIалэ­гъуалэ палатэм и еянэ зэхыхьэгъуэм хэтынухэр къыщыхах зэIущIэ. Абы хыхьэну хуейуэ цIыху 50 щызэхуэсат хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм. 

САБИЙ ДЫГЪЭХЭМ ЯДОIЭПЫКЪУ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм мэлыжьыхьым и 3-м къы­щызэIуахащ «Уэшхым и цIыху» фестивалыр. Выставкэр къы­зэригъэпэщащ «Индиго» сабий центрым. Гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьащ «Кармо Арт» студием екIуалIэ, зи узыншагъэм ныкъусаныгъэ иIэ ­ныбжьыщIэ 40-м нэблагъэм я IэдакъэщIэкI сурэтхэр. Абы щыщу лэжьыгъэ 30-р ейщ илъэситI ныбжьым иту сурэт щIын щIэзыдза Иуаз Амир. 

СУРЭТЫЩI ГЪУАЗДЖЭМ ДИХЬЭХ АРТИСТХЭР

КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгу­хьэныгъэм къызэригъэпэщри иджы­благъэ «Гранд-Кавказ» хьэ­щIэщым щекIуэкIащ «Арт» спектаклымрэ гъэлъэ­гъуэны­гъэм­рэ.

ГУЛЪЫТЭ ЗЫХУЭЩIЫПХЪЭ

Мэлыжьыхьым и 7-р Узыншагъэм и дунейпсо махуэщ

1950 гъэм щегъэжьауэ Узыншагъэм и дунейпсо махуэр мэлыжьыхьым и 7-м ягъэлъапIэ. Апхуэдэ махуэ щIыхахам и щхьэусыгъуэ нэхъыщхьэр я узыншагъэм гулъытэшхуэ хуащIын зэрыхуейр цIыхухэм ягурыгъэIуэнырщ, ар егъэфIэкIуэнымкIэ зэфIэхыпхъэхэр убзыхунырщ.

КЛАСС УНАФЭЩIХЭМРЭ УНЭТIАКIУЭХЭМРЭ Я ЗЭХУЭС

Урысейм и Президент Путин Владимир и унафэм ипкъ иткIэ УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэм Класс унафэщIхэмрэ унэтIакIуэхэмрэ я Урысейпсо зэхуэсыр мы гъэм ещанэу иригъэкIуэкIынущ. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсым къриубыдэу зэхашэну Iуэхугъуэхэм ар я IэтащхьэIулIэж хъунущ.

УЭШХЫМ И ХЬЭЛХЭР

Уэшхыр дызэсэжа къэхъукъащIэ пэтми, уегупсысмэ, абы бгъэщIэгъуэну куэди хэлъщ. И къешхыкIэм, къэхъукIэм, къызэрызэщIищIэм, къыщешх щIыпIэм теухуауэ щхьэхуэныгъэхэр иIэщ. Деплъынщ абы теухуа гупсысэ зыбжанэм:

- Илъэс къэс щIылъэм уэшхыу къытошхэ тонн мелуан 500,000-рэ.

- Дунейм нэхъыбэ дыдэрэ уэшх къыщошх Колумбием щыщ Бэнавентурэ къалэм.

ЛИТЕРАТУРЭ ЗЭХУЭСЫПIЭМ И ЯПЭ ЛЪЭБАКЪУЭХЭР

Налшык къалэм и библиотекэм и лэжьыгъэр литературэ уэршэрхэр, щIэныгъэ псалъэмакъхэр щекIуэкI зэхуэсыпIэм ещхьу дяпэкIэ екIуэкIынущ.

МРАМОР ХЪАРЫМ И ЩЭХУР

Псыдзэри, щIыхъейри, къэбэкъауэри, зэманри пэмылъэщу нобэ къэса мывэ фэеплъхэр умыгъэщIагъуэу плъэкIыркъым. ЛIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа IэщIагъэлIхэм, щэнхабзэм итхьэкъуа сурэтыщI цIэрыIуэхэм, сыт хуэдэ IэмэпсымэкIэ къыхабзыкIа мы телъыджэр жыпIэурэ урагъэгупсыс, IэлъэщI хъар къепхъуха хуэдэ мраморым къыхэбзыкIа Iэпкълъэпкъ зэкIужхэр музейхэм щIэту щыплъагъукIэ. 

ЛЪЭХЪЭНЭЖЬЫМ И ФЭЕПЛЪ КЪАЛЭХЭР

ЦIыхур къызэригъэщIрэ ­щIы­­уэп­сыр къегъэсэбэп бгъуэн­щIагъхэм, бгыщхьэхэм, жыг щхьэкIэхэм, къумым, псыщ-хьэм псэуалъэхэр щаухуэу. ЩIыуэпсми, зэрылъэкIкIэ, зэ­ры­­зихъумэжыным яужь итщ, цIыхум иригъэлей зэрымыхъунур игу къигъэкIыж хуэдэурэ зыкърегъащIэ.

ТХЬЭРЫКЪУЭ ЦIЫКIУИТI

Бжьыхьэ мазэщ. ФокIадэм дунейр уэшхырилэ хъу и хабзэми, зы пшэ закъуи уафэгум щыгъуэщатэкъым, къытхуеблагъэ бжьыхьэм и фащэ дыщафэр къызэкъуихыни щIидзатэкъым. Дыгъэм и гуащIагъым жьыр мащIэу щIэпщэрти, Iэпкълъэпкъым гурыхь щыхъуу, махуэфIт. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке