ЦIЫХУР ЗЫПЭМЫЛЪЭЩ ДУНЕЙ КЪЭХЪУКЪАЩIЭ

Дунейм и къэхъукъащIэхэм цIыхухэм я Iэмалхэр щыпэмылъэщ къохъу куэдрэ. Апхуэдэщ щIыхъейр. ЩIыхъей шынагъуэр щхьэусыгъуэ хуэхъуфынущ цунами, вулкан къэхъукъащIэхэми.
1139 гъэм Азербайджаным щIыхъей шынагъуэ къыщыхъуауэ щытащ. Къыгуэууэ псыежэхым къыхэхуа бгым псым и жапIэр игъэбыдат. Абы щыгъуэ къэунэхуащ Гёйгёль гуэлыр.1556 гъэм Китайм къыщыхъуа насыпыншагъэм хэкIуэдауэ щытащ цIыху мин 800. Япэ сейсмографыр Пасэрей Китайм 132 гъэм щащIауэ щытащ. 1811 гъэм США-м къыщыхъуа щIыхъейм кърикIуар гъэщIэгъуэнт. Миссисипи псым пIалъэкIэ и жапIэр иригъэхъуэжауэ щытащ - емыжэхыу, дэжей щIыкIэу. 1960 гъэм Чили къыщыхъуащ щIыхъей шынагъуэ дыдэ. Рихтер и шкаламкIэ, абы иIыгът лъэщагъыу балли 9,5-рэ. Абы къигъэхъея цунамим километр мини 10-кIэ зиубгъуауэ щытащ. 2010 гъэм Чили къыщыхъуа щIыхъеишхуэм Консепсьон къалэр метри 3-кIэ иригъэкIуэтэкIауэ щытащ. 2015 гъэм Непал къыщыхъуа щIыхъеишхуэм Катманду къалэр егъэлеяуэ къиудыныхьауэ щытащ. ЩIыр щэ хъеиху къэс еплIанэр Японием къыщохъу.1930 гъэм абы 5744-рэ щIыр щыхъеящ.
Илъэс къэс дунейм щIыр щохъей мелуан ныкъуэ хуэдизынкIэ. 2004 гъэм щIыхъей нэхъ кIыхь дыдэр къыщыхъуауэ щытащ Индийскэ хым и Iэгъуэблагъэм. Ику иту щIыхъейр екIуэкI хабзэщ зы дакъикъэ хуэдизкIэ. ЩIыр нэхъ хуабжь дыдэу хъеяуэ къабжащ сыхьэтым - километр 360-рэ хуабжьагъкIэ. Языныкъуэ псэущхьэхэм щIыр щыхъеинум деж зыхащIэ хабзэщ. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, дзыгъуэшхуэхэр.
Мы гъэм Тыркумрэ Сириемрэ щIыр тIэунейрэ шынагъуэу щыхъеящ мазаем и 6-м. Япэрейм нэхъыбэ дыдэу хиубыдащ Газиантеп и Iэгъуэблагъэр, етIуанэм Кахраманмараш къегъэщIылIа къалэхэмрэ къуажэхэмрэ. Лъэщагъыу абыхэм яIыгъащ: япэм - магнитудэ 7,8-рэ, етIуанэм - 7,5-рэ. ТIэу шынагъуэу щIыр хъея нэужь, нэхъ мащIэуи зыкъом къыкIэлъыкIуащ. Абыхэм афтершоккIэ йоджэ. Насыпыншагъэм Тыркум и цIыху 38 000-рэ, Сирием щыщу – 8 500-рэ хэкIуэдащ.

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.