Статьи на кабардинском языке

«Гъатхэр къосри, удзхэр къокI…»

Гъатхэмрэ гъэмахуэмрэ ди щIыналъэм щизых пцIащхъуэ цIыкIухэр къэ­лъэтэжыным къэнэжа щIагъуэ щыIэкъым. Я бзэрабзэ макъымкIэ дунейр ягъэдахэу, пцIащ­хъуэ кIэдыкъуакъуэхэр унэ щIыхьэпIэхэм, гуэщ­хэм я бжыкъухэм къытетIысхьэнущ, япэ махуэхэм щIадзэнурэ къращIэкIынущ я абгъуэхэри.

Фэгъазэм узэрыпэщIэтыфынур

КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм республикэм фэгъазэ (корь) узыфэмкIэ щыIэ щы­тыкIэм теухуа зэIущIэ щекIуэкIащ.

КЪЫЗЭРЫКIЭРЫХУ ЩЫМЫIЭУ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек политикэ мыхьэнэ зиIэ зэIущIэ ин дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ респуб­ликэ УнафэщIым КъБР-м и Парламентым Зэ­рызыхуигъазэм. 

НэщI исхэм гулъытэ хуащI

«Кавказ» феде­ральнэ гъуэгум щыщ Iыхьэу Къэбэрдей-­Балъкъэрым и Бахъ­сэн районым хиу­быдэм ще­кIуэкIащ хабзэ ­яхуэхъуа, гъуэгухэм шынагъуэншэу щызе­кIуэ­ным, нэщI зыIыгъыу ­ру­лым дэсхэм яхуэгъэза псапащIэ. КъБР-м и  ав-­тоинспекторхэр, жыла­гъуэ, дин IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэр щIэупщIащ рулым дэс­хэм я узыншагъэм ­икIи нэщIхэм хъурмэрэ псырэ иратащ.
 

ЗЭГУРЫӀУЭР ФАЩЭЩ ИКIИ ЩАПХЪЭЩ

КъБР-м щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Лу Азэмэт иджыблагъэ Бахъсэн щIыналъэм щыIащ.

ШЭМ И ФIАГЪЫР

Дуней псом гъэшу щызэрахьэм и бжыгъэр тонн мелуан 700-м щхьэдох. Шэм и процент 90-р псыуэ зэхэтщ. Шэм хэлъщ цIыхум и узыншагъэм сэбэп хуэхъу минерал лIэужьыгъуэ 80 хуэдиз. ЩIэныгъэлIхэм жаIэ илъэсищэм щIигъукIэ псэу цIыхухэм я нэхъыбэр зэпымыууэ шэ ефэхэр е гъэш зыхэлъ ерыскъы зышххэр зэрыарар. Бжэнышэр нэхъ къэуату къалъытэ жэмышэм нэхърэ.

АХЪУБЭ ИРИЗЭДАУЭХЭР

Къэрэшей-Шэрджэсым къухьэпIэ лъэныкъуэмкIэ щиIэ Абиширэ-Ахубэ лъагапIэр къурш тхыцIэ, шытх теплъэ зиIэщ, Лабэшхуэ и тIуащIащхьэм къыщхьэщыт Загедан Iуащхьэм (метр 3099-рэ и лъагагъщ) и джабэщIхэмкIэ къыщIедзэри къуэкIыпIэмкIэ «къыщына» Джэмэрыкъуэ (Джэмарыкъу - лощина Джемару) щыгум (метр 3180-рэ и лъагагъщ) йоуалIэ.

НАРКОТИКЫМ ЩАХЪУМЭУ

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэбграгъэхым кIэлъыплъынымкIэ и управленэм и лэжьакIуэхэмрэ Налшык къалэм щыIэ УМВД-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и инспекторхэмрэ «Урысейм и сабийхэр-2023» профилактикэ Iуэхум и япэ Iыхьэм хыхьэу яхуэзащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым хамэ къэралхэм къикIауэ щеджэ студентхэм.

ПСЫКЪЕЛЪЭХЭР

Псыр къежэхыурэ, ар нэпкъым жьым ириудэкIыурэ, псыкъелъэхэр къоунэху. Ауэ псыкъелъэ къихъукIыфынущ дунейм и къэхъукъащIэ шынагъуэхэми. Псалъэм щхьэкIэ, щIыхъейм, къэбэкъауэм (вулкан). Къапщтэмэ, псыкъелъэу лIэужьыгъуэ 17 щыIэщ. ЩыIэщ псыщIагъ псыкъелъэхэри. Абыхэм я бжыгъэр блы мэхъу. Псыкъелъэхэм яхэтщ IэрыщIу ящIахэри.

Нэхъ мащIэщ зэхуашэсынур

Террорым пэщIэтынымкIэ комиссэм и зэIущIэ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек иригъэ­кIуэ­кIащ мэлыжьыхьым и ­18-м.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке