Статьи на кабардинском языке

ДЫДЕЙХЭР ХУЭМЫХУАКЪЫМ

Илъэс 17 нэхърэ мынэхъыжьхэм атлетикэ псын­щIэмкIэ я урысейпсо кадет зэхьэзэхуэ Смоленск къалэ щекIуэкIащ. Ахэр щхьэхуэ-щхьэхуэу лIэужьыгъуитIкIэ, щыкIэ, плIыкIэ зэпеуахэщ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэ 17-м къикIауэ спортсмен 300-м щIигъу.

ЗЫХЭЛЪ ХОЛЪЭТ

ЛIы чэф е тутын ефэ щIалэ слъагъуху къызогубзыгъыж, чыш сытесу къы­щызжыхь ныбжьым сыщитам нэхъыжьхэм жаIэу зэхэсхыгъар: «Уей, уи фIэщ хъумэ, мопхуэдэ лIыр чэфу слъэгъуамэ!» - зым жиIэмэ, адрейм «Iэу, ар дауэ, зиуна­гъуэрэ, емыкIукъэ?» - къыпи­дзыжу зэрыщытар.

Иолантэ и дуней телъыджэр

Налшык дэт Музыкэ теат­рым иджыблагъэ щагъэ­лъэгъуащ Чайковский Пётр  и «Иолантэ» зы акт хъу оперэр.

Дыкъэзыухъуреихь дахагъэр сурэткIэ дегъэлъагъу

СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, мы махуэхэм щагъэлъагъуэ Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, КъБР-м ­гъуа­­­зджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Хэку зауэшхуэм и ветеран Ваннах Ми­хаил Александр и къуэм и IэдакъэщIэк­Iх­эр.

ЕгъэджакIуэхэр зэрыщIэмэ…

Хы ФIыцIэ Iуфэм Iус шапсыгъхэм адыгэбзэр курыт еджапIэхэмрэ гъэсапIэхэмрэ щегъэщIэным нэхъыбэу зи нэIэ тетхэм ящыщщ Шапсыгъ Адыгэ Хасэр,  ЕгъэджэныгъэмкIэ и комитетыр, Краснодар крайм Къэрал кIуэцI политикэмкIэ и департаментыр, краймрэ Адыгэ Республикэмрэ Егъэджэныгъэмрэ щIэ­ныгъэмкIэ я министерствэхэр, АР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и къэрал институтыр, Адыгэ къэрал университетыр, Сочэрэ ТI

УэсхэкIыкI- уэсчэсей-ажэгъуэмэ

1984 гъэм Инджылызым къыщалъытащ мэлы­жьы­хьым и 19-р Ажэгъуэмэм и махуэу. Абы иужькIэ, куэд дэмыкIыу, а Iуэхур ЩIы ­Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм щагъэлъапIэу щIадзащ. 

Пэжу пIэрэ?

Дунейм щыцIэрыIуэ цIыхушхуэ гуэрым ады­гэлъ зэрыщIэтым теухуа къэхутэныгъэхэр сыт хуэ­дэ зэмани гъэщIэгъуэнщ. Ди фIэщ тщIыну ди жа­гъуэкъым, ауэ шэчыр щы­нэхъыби къытхуохуэ. Сы­ту пIэрэ и пэжыпIэр аргуэру зытепсэлъыхьын щIа­дзэжа, «Да Винчи Леонардэ и анэр адыгэщ» хъыбарыщIэм? Зи макъ зэхэтхыр и хэкуэгъу щэджащэр «итальян ны­къуэу» къызэрыщIэкIар къэ­зыгъэнаIуэ урым профессор Вечче Карлэщ. 

«Гъатхэр къосри, удзхэр къокI…»

Гъатхэмрэ гъэмахуэмрэ ди щIыналъэм щизых пцIащхъуэ цIыкIухэр къэ­лъэтэжыным къэнэжа щIагъуэ щыIэкъым. Я бзэрабзэ макъымкIэ дунейр ягъэдахэу, пцIащ­хъуэ кIэдыкъуакъуэхэр унэ щIыхьэпIэхэм, гуэщ­хэм я бжыкъухэм къытетIысхьэнущ, япэ махуэхэм щIадзэнурэ къращIэкIынущ я абгъуэхэри.

Фэгъазэм узэрыпэщIэтыфынур

КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм республикэм фэгъазэ (корь) узыфэмкIэ щыIэ щы­тыкIэм теухуа зэIущIэ щекIуэкIащ.

КЪЫЗЭРЫКIЭРЫХУ ЩЫМЫIЭУ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек политикэ мыхьэнэ зиIэ зэIущIэ ин дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ респуб­ликэ УнафэщIым КъБР-м и Парламентым Зэ­рызыхуигъазэм. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке