Пенсэхэр дяпэкIэ яхуэзыхьынур пощтым и закъуэщ

2023 гъэм накъыгъэм и 1-м къару ягъуэт УФ-м и законодательствэм халъхьа зэхъуэ­кIыныгъэхэм. Иджы пенсэ­хэмрэ къэралым цIыхухэм зэ­рызащIигъакъуэ ахъшэ­хэмрэ Iэрылъхьэу яIэрызыгъэхьэнур Урысей пощтырщ. А зэхъуэкIыныгъэхэм тхутеп­сэлъыхьащ Федеральнэ   пощт къулыкъум Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щиIэ управленэм и унафэщI Вэ­рокъуэ Заур. 

- Пенсэхэр яIэры­зыгъэ­хьэ­ну IэнатIэ закъуэ пощтыр сыт щIэхъуар? 
- Пенсэхэр ахъшэ Iэрылъ­хьэу цIыхухэм яIэрыгъэхьэ­нымкIэ Урысей пощтым и за­къуэ хуит зыщIар «Пощт зэпы­щIэныгъэхэм я IуэхукIэ» Федеральнэ законымрэ Урысей Федерацэм и хабзэгъэув акт щхьэхуэхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным я IуэхукIэ» 2023 гъэм гъатхэпэм и 18-м къыдэкIа къэрал закон  №76-рщ. 
Пощтым Урысей Федерацэм и щIыналъэ псом пощт зэпыщIэныгъэхэр къыщы­зэ­регъэпэщ икIи пощт Iуэхутхьэбзэхэр щызэфIех, цIыхухэр здэщыIэ щIыпIэхэм укIуэныр гугъуми, абы щыпсэухэр зы­хуэ­дизми емылъытауэ. 
Пощтыр ящыщщ къэралым мыхьэнэшхуэ дыдэ щызиIэ IэнатIэхэм. Абы и акционер закъуэр Урысей Федерацэрщ икIи ар шэсыпIэ йохьэ зэ­пIэзэрыту, щызэблэу къэмыхъуу пенсэхэр Iэрагъэхьэну, сыт хуэдэ щытыкIэми, абы къэхъукъащIэ къызэры­мы­кIуэ­хэри хэту, емылъытауэ.. 
- Сыт зызыхъуэжынур ахъ­шэхэр нэхъапэм нэгъуэщI IуэхущIапIэхэм яхуэзыхьу щы­тахэм я дежкIэ? 
- Нэхъапэм зи ахъшэхэр нэгъуэщI IуэхущапIэхэм я лэжьа­кIуэхэм къахуэзыхьу щыта пенсионерхэм я дежкIэ зыми зихъуэжынукъым - абыхэм ар унэм хуашэнущ зэса зэманым ирихьэлIэу. Къахуэзыхь организацэхэм я кассэм къыщеIызыхыу щытахэм иджы пощтым и кассэм къыщыIахыфынущ. КъинэмыщIауэ, нэ­гъуэщI социальнэ ахъшэхэр зыIэрыхьэхэм я Iуэхур нэхъ тыншыж хъунущ: ахэр пощтзехьэхэм зы махуэм хуахьынущ. ЦIыхур а махуэм унэм щIэмысамэ, нэгъуэщI махуэм и унэм е пощт къудамэм къыщратыфынущ. ЦIыхум ­хуагъэува пенсэр дзыхь зы­хуищI гуэрым къыIихыу арамэ, икIи абы щыхьэт техъуэ тхы­лъым ахъшэр къыхуэзыхь организацэр къыщыгъэлъэ­гъуамэ, апхуэдэ дэфтэрыр хъуэ­жын хуейуэ аращ. 
- Пенсэр пощткIэ яIэры­хьэным тыншыгъуэу хэлъым и гугъу уэдгъэщIынут.
- Пенсионерхэм, нэгъуэщI социальнэ ахъшэхэр зратхэм Iуэхутхьэбзэхэр пощт къудамэм е унэм щыхузэфIахмэ, абыхэм мыпхуэдэ Iуэхухэри щыхузэфIагъэкIы­фы­нущ: ЖКУ-м и счётхэм, ГИБДД-м къытрилъхьа къуэ­дыхэм, налогхэм, фэтэрым е дачэм ехьэлIа и страховкэм,                      ОСАГО-м пэкIуэу ятын хуейхэр халъхьэфынущ, лотерей билетхэр къащэхуфынущ, газетхэм, журналхэм Iэ тра­дзэфынущ. Апхуэдэуи пощтзехьэхэм жьы хъуа е къарууншэ цIыхухэм хуахь Iэмал имыIэу зыхуеину хьэпшып­хэмрэ ерыскъыхэкIхэмрэ. Ди лэжьакIуэхэр дызыпыщIахэм я деж макIуэ мазэ къэс зэ. Абыхэм гу лъатэнущ дэтхэнэми и гъащIэм игъуэта зэ­хъуэкIыныгъэм икIи цIыхухэр социальнэу хъумэнымкIэ органхэм я дэIэпыкъуэгъу хуэныкъуэмэ, абыкIэ хъыбар ирагъэщIэнущ зыIэрыхьапхъэм.
Къызэрыхэдгъэщащи, щIы­пIэ нэхъ пхыдза дыдэхэм щыпсэухэми шэч къыщIытрахьэн щыIэкъым иратыпхъэ ахъшэхэр и зэманым зэры­хуахьынум. Апхуэдэуи, къызэ­рымыкIуэ щытыкIэхэм дежи пенсэхэр яIэрыхьэнущ. Дыкъэзыухъуреихь дунейм и щытыкIэм емылъытауэ, ды­зы­пыщIахэм иратыпхъэ ахъ­шэр и чэзум зэраIэрыдгъэ­хьэ­ным дыхуэхьэзырщ. 
Зыгъэхьэзырар
БАХЪСЭН Ланэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.05.2024 - 13:05

БОРСЭ АЛАН ЯТОКIУЭ

«Танкоградым и Кубокыр» фIэщыгъэр зэрихьэу Челябинск къалэм и «ЩIалэгъуэ» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ боксымкIэ «А» класс зиIэ урысейпсо зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:38

ЕВРОПЭМ И ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР

Алыджым и Луртаки къалэм мы махуэхэм щекIуэкIащ Европэм грэпплинг бэнэкIэ лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

16.05.2024 - 08:37

ВЕТЕРАНЫМ ЕХЪУЭХЪУАЩ

Урысейм Тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ къулыкъум и управленэу КъБР-м и колоние №3-м и лэжьакIуэхэр ТекIуэныгъэм и махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ фронтым Iута Хочуев Магомед. 

16.05.2024 - 08:36

ХЬЭРШ КЪЭХУТЭНЫГЪЭЩIЭХЭР

Уахэ жыжьэм къраутIыпщыкIыу, акъыл зиIэ гуэрхэм ди деж къагъэсынкIэ хъуну радио-хысыджхэр (сигналхэр) къэубыдыным хузэхагъэува проектым хыхьэу, Австралием ЩIэныгъэхэмкIэ и къэрал зэгухьэныгъэм (CSI

16.05.2024 - 08:36

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЭБЛЭР»

А фIэщыгъэм щIэт V ЩIалэгъуалэ фестивалыр Налшык и НыбжьыщIэ театрым къыщызэIуахащ накъыгъэм и 11-м.