«ИРИПСАЛЪЭ, АДЫГЭ, АДЫГЭБЗЭМ, ТЕТЫХУКIЭ МЫ ДУНЕЙМ АДЫГЭПСЭ!»

Иужьрей зэманым ди адыгэбзэм и пщIэмрэ мыхьэнэмрэ зэрелъэхъшэхам адыгэпсэ зыIуту имыгъэпIейтей щыIэу къыщIэкIынкъым. «Дыадыгэщ» жытIэу ди бгъэм дытеуэжкIэ, е «адыгэ, уей, уей» жытIэу дыкIийкIэ ди адыгэбзэми хабзэми заIэтынукъым. Адыгагъэр, цIыхугъэр, нэмысыр хуэмурэ IэщIыб зэрытщIым гу лъыдмытэжми, ар махуэ къэс нэхъ нэрылъагъу мэхъу.
«Зэманым декIур лIыфIщ»,- жытIэурэ, ди хабзэм хэмылъу хапща псори пщегъэгъупщэж ди адыгэхэр я бзэкIэ зэрызэмыпсэлъэжым. Адыгэ къуажэ нэхъ дызыщыгугъыу щытахэм я уэрамхэм щыджэгу сабийхэр, ди жагъуэ зэрыхъущи, зэрызэпсалъэр урысыбзэщ. Сыт хуэдэбзэри пщIэныр фIыщ, ауэ уи бзэр, уэ къыбдалъхуа анэдэлъхубзэр умыщIэжмэ, ухэт уэ?!
Сэри а Iуэхугъуэм игъэпIейтейхэм, игъэгузавэхэм сащыщщ. ЕджапIэм адыгэбзэр зэрыщадж зэманыр «яупсурэ» зыри къыханэжакъым, тхьэмахуэ псом зы сыхьэткIэ фIэкIа адыгэбзэр иумыгъэджмэ, унэм кIуэжхэрэ адэ-анэхэр урысыбзэкIэ къепсалъэмэ, дэнэ щащIэнур ди сабийхэм я анэдэлъхубзэр?! Анэдэлъхубзэ. Фегупсысыт абы мыхьэнэуэ иIэм! Ар уэ къыбдалъхуа уи бзэщ, аращ уэ лъэпкъ узыщIыр. АтIэ уи бзэр, уи анэдэлъхубзэр уэ зыIурыпчыжмэ, уи лъэпкъри щIэптIэу аращ.
Ди адэжьхэм яIа пщIэмрэ нэмысымрэ, дэнэ щIыпIи къыщыхуащIу щыта щIыхьыр тхъумэн папщIэ ди адыгэбзэр, ди хабзэр, нэмысыр зетхьэн хуейщ. НэгъуэщIыбзэкIэ уэ «сыадыгэщ» жыпIэу, абы «уей-уейр» пыбгъэувэжкIэ уэ адыгэ ухъунукъым, уи лъэпкъри пхуэхъумэнукъым.
УрысыбзэкIэ уэрамым щызэпсалъэ ди сабийхэм схуэмышэчу сахохьэри, абдеж дерс щазот. Сыт хуэдэбзэри пхузэгъэщIэнущ, ауэ уи бзэр, уи адыгэбзэр IэщIыб пщIамэ, абы къегъэгъэзэжыгъуейщ.
Куэдым сарохьэлIэ мыпхуэдэу жаIэу: «Бетэмал, ди зэманым адыгэбзэ деджакъым, иджы доIэбэри дылъэIэсыжыркъым». Мис апхуэдэу фи бынхэм къащымыщIын папщIэ бын зыпI ди щIалэгъуалэм сыволъэIу: ягъэ кIынкъым, фи бынхэм я анэбзэр яIурывмыч, фепсалъэ фи бзэкIэ, феубзэ фи бзэкIэ. Вгъэбагъуэ адыгэ лъэпкъыр, ди бзэр, ди хабзэр тIыгъыжу.
Мис а зи гугъу сщIа Iуэхухэм дигъэпIейтейкIэрэ иджыблагъэ Бахъэсэнёнкэ (Къэсейхьэблэ) дэт курыт еджапIэ №1-м и пэщIэдзэ классым щедгъэкIуэкIащ ди бзэм, хабзэм, нэмысым, адыгэ псалъэжьхэм, къуажэхьхэм, адыгэ псысэхэм ехьэлIа теплъэгъуэ цIыкIухэм, адыгэ усыгъэм теухуа дерс зэIуха. Мыпхуэдэ дерсхэр щIэх-щIэхыурэ пэщIэдзэ классхэм щыщIэдзауэ класс нэхъыжьхэми дынэсу едгъэкIуэкIыну ди гугъэщ.
Мурадым къызэщIеубыдэ сабийхэр щыпсэу щIыпIэмкIэ, абыхэм зэреджэмкIэ дэнэ къыщеупщIами жэуап ятыфу егъэсэныр, Хэкум и къежьапIэр, ар зищIысыр, абы хуаIэн хуей лъагъуныгъэмрэ гуапагъэмрэ псэкIэ зыхегъэщIэныр, Хэкум и къежьапIэр унагъуэр, адэ-анэр, анэкъилъхухэр арауэ зэрыщытыр гъэнэхуэныр, адыгэ псалъэжьхэм, къуажэхьхэм я мыхьэнэм, абыхэм узыхуагъасэм, узыхуаущийм сабийхэр щыгъуазэ щIыныр. Псом хуэмыдэу къыхэгъэщыпхъэщ ди бзэр дэтхэнэ зы адыгэм и дежкIи лъапIэу, ар пщIэ къудей мыхъуу, псэкIэ зыхэпщIэу узэрыщытын хуейр. КъызэщIэкъуэжауэ жыпIэмэ, ди сабийхэр адыгэ хабзэм, нэмысым хуэущиин, утыку ихьэмэ мыукIытэу и бзэмкIэ дэнэ дежи щыпсалъэу егъэсэн эрыхуейр наIуэ къащIащ.
Мурадыр къайхъулIауэ жыпIэ хъунущ мы цIыкIухэм я егъэджакIуэ Тажджэ Мадинэрэ дерс зэIухар езыгъэкIуэкIа, ебгъуанэ классым и еджакIуэ, ди литературэ кружокым жыджэру хэт Батыр Миланэрэ.
Сабийхэр гъэхуауэ Хэкум, бзэм теухуа усэхэм къеджащ, псалъэжь, къуажэхь нэхъыбэ хэт ищIэми ягъэлъэгъуащ.
Псори яфIэгъэщIэгъуэну еплъахэщ адыгэ псысэхэм къытетщIыкIа теплъэгъуэ цIыкIухэм. «Адакъэ хахуэ» теплъэгъуэр ягъэзэщIащ Зэрэкъуш Умар, Бэрокъуэ Айзэ, Къуэжьокъуэ Айе, Къэмбэчокъуэ Iэдэм, Зэрэкъуш Кемран сымэ. «Дыгъужьымрэ мэлымрэ» теплъэгъуэм хэтащ Зэгъэщтокъуэ Надаррэ Мыщхъуэжь Амирэрэ. Яхуумыгъэфэщэну Iэзагъ хьэлэмэт яхэлъу дэтхэнэ зыми я ролыр ягъэзэщIащ.
Дерс зэIухам кърихьэлIахэщ Бахъсэн щIыналъэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ къудамэм и унафэщI Тхьэмэдокъуэ Зерэ, КДЦ-м и лэжьакIуэхэр, курыт еджапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Бэрэздж Марин, егъэджэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ еджапIэм щыкIэлъыплъ Щхьэгъум Оксанэ сымэ.

Сабийхэми, цIыкIухэм ядэлэжьахэми псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ Тхьэмэдокъуэ Зерэ икIи Бахъсэн щIыналъэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и къудамэм къыбгъэдэкIыу Тажджэ Мадинэрэ Батыр Миланэрэ щытхъу тхылъкIэ яхуэупсащ.
Си гугъэщ мыпхуэдэ дерс зэIухахэр ди адыгэбзэр, хабзэр, нэмысыр хъумэнымкIэ Iуэху щхьэпэу.

ЗЭГЪЭЩТОКЪУЭ Людэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф

29.04.2024 - 09:03

МАКЪАМЭМ ЗЭФIЭКI ЩЫЗИIЭХЭР

Зэпеуэхэр

29.04.2024 - 09:03

СОМ МЕЛУАНИТХУМ ЩIИГЪУ

Урысей МВД-м Лэскэн районым щиIэ къудамэм и гъуэгу-плъыр IэнатIэм и инспекторхэм профилактикэ Iуэхухэр ирагъэкIуэкIыу, Чёрнэ Речкэ къуажэм пэгъунэгъуу щаубыдащ «Лэскэн мэзылъэ» IуэхущIапIэм и лэжьа

29.04.2024 - 09:03

УНАГЪУЭР - ЖЫЛАГЪУЭР ЗЭТЕЗЫIЫГЪЭЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ ­палатэм «Содружество» зыфIаща Iуэху­гъуэу иджыблагъэ щызэхашар теухуат 2024 гъэ екIуэкIыр Унагъуэм и илъэсу зэры­щы­тым.

28.04.2024 - 09:03

АРХИТЕКТОРХЭМ Я ЗЭФIЭКIХЭР

Ди гъащIэм сыт щыгъуи увыпIэ ­лъагэ щызыубыд IэщIагъэ, щIэныгъэ куэд щыIэщ. Абыхэм ящыщщ архитектурэр.