УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей Налшык щохьэщIэ

Дыгъуасэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ Урысей Федерацэм Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей. Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ абырэ щызэпсалъэм къаIэтащ ди щIыналъэм илъэс гъунэгъухэм ­къриубыдэу игъуэтыну социально-экономикэ зыужьыныгъэр зыхуэунэтIауэ щытыну лъэныкъуэхэр.

ЗэIущIэм апхуэдэу щыхэплъащ нэ­гъабэ инвестицэ проектхэр республикэм зэрыщагъэзэщIам, дызэрыт илъэсым зы­телэжьэнухэм, апхуэдэу ди щIыналъэм щыIэ турист IуэхущIапIэхэм я зэ­фIэкIыр къэIэтыным пыщIа Iуэхухэм.
Инвестицэ программэ пыухыкIам ипкъ иткIэ нобэм ирихьэлIэу Шэджэм, Аруан, Бахъсэн районхэм предприятэ щхьэ­хуэхэр щаухуащ, иджыпсту жылапхъэфIхэр щагъэкI селекцэ центр зэтегъэувэным теухуа проектым йолэжьхэр.
Псалъэмакъым къызэрыхэщамкIэ, дызэрыт илъэсым и мазаем Урысейм Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и ми­нистерствэм 2019 гъэм ягъэзэщIэну ­инвестицэ проектхэр къыхэхынымкIэ комиссэм и зэIущIэ щекIуэкIынущ. Абы апхуэдэу щытепсэлъыхьынущ Кавказ Ищ­хъэрэ федеральнэ округым зегъэу­жьынымкIэ къэрал программэм ипкъ иткIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм игъэхьэзыра программэ къуэ­дзэм.
КъБР-м и къэрал властым и гъэ­зэ­щIакIуэ органхэр хэту иужькIэ къызэрагъэпэща зэIущIэм щызэпкърахащ республикэм и инвестицэ зэфIэкIым адэкIи хэгъэхъуэным ехьэлIа Iуэхухэр.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)