Гъатхэ лэжьэгъуэр яублэ

КъБР-м и Парламентым и гъатхэ лэжьэгъуэр къызэрызэIуаха зэIущIэм депутатхэр щытепсэлъыхьащ цIыхухэм къагъэсэбэпа газым и уасэр кассэ ­терминалымкIэ зытахэм къратыжын ­хуейуэ Iуэху къызэрыкъуэкIам.

ЗэIущIэр къыщызэIуихым, КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ жиIащ республикэм и къэрал ­къулыкъущIапIэ псоми лэжьыгъэшхуэ зэфIагъэкIын хуейуэ къазэрыпэщы-лъыр.
- КъБР-м и Парламентыр зэлэжь хабзэхэр едгъэфIэкIуэн папщIэ, къэрал IуэхущIапIэ псоми дадэлэжьэн хуейщ. КъищынэмыщIауэ, сфIэкъабылщ республикэм и щIыналъэхэм щедгъэкIуэкI зэIущIэхэм пытщэну, сыту жыпIэмэ, щIы­пIэхэр зыIууэ гугъуехьхэмрэ абыхэм я хэкIыпIэхэмрэ къэгъэнэIуэныр куэдкIэ абыхэм нэхъ тынш ящI, - жиIащ Егоровэм. - Мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ лъэпкъ проектхэр гъэзэщIэнри. Абы къыхэкIыу а Iуэхухэм хухах мылъкур къызэрагъэ­сэбэпым ди нэIэ тедгъэтыпхъэщ. ЦIыху­хэм дадэлэжьэныр, ахэр зыпэщIэт гугъуехьхэр зэрытхузэфIэкIкIэ ящыдгъэпсынщIэныр ди къалэн нэхъыщхьэщ.
Егоровэ Татьянэ къытеувыIащ мы зэманым гугъуехь нэхъыщхьэу щыIэхэм ящыщ зым - къагъэсэбэпа газым и уасэр терминалхэмкIэ зытахэм я ахъшэр зэ­рыпхымыкIам.
«Газпром межрегионгаз Налшык» ООО-м и унафэщI Цыплухин Александр зэрыжиIамкIэ, мы зэманым уасэхэр зэ­ратар къэзымыгъэлъэгъуауэ щыIэр «Интегра Софт» IуэхущIапIэм и къудамэрщ. НэгъуэщI системэхэр къэзыгъэсэбэпа­-хэм я ахъшэр псоми я счётым кIуащ.
- Гу лъывэзгъэтэну сыхуейт, 2018 гъэм и дыгъэгъазэм «Интегра Софт» IуэхущIапIэм и агенткIэ уасэ зытахэм я ахъшэр 2019 гъэм и щIышылэм кърахьэкIыну ­квитанцэхэм къыщыгъэлъэгъуауэ зэры­щы­мытынур, ауэ ар абонентхэм зэран яхуэхъунукъым (нэгъуэщIу жыпIэмэ, пеня, къуэды хуэдэхэр тралъхьэнукъым), - жиIащ Цыплухиным.
Абы жиIащ 8-800-100-09-04 телефон номерым псалъэмэ, цIыхухэм Iуэхум ­теухуауэ чэнджэщ зэрагъуэтынур. «Къэхъуар щIагъуэу пхужыIэнукъым, ауэ дыщогугъ цIыхухэм дакъыгурыIуэну», - дыщIигъуащ абы.
Егоровэ Татьянэ Iуэхур зытетыр и чэзум цIыхубэм щIрамыгъэщIам и щхьэусы­гъуэм щыщIэупщIэм, Цыплухин Алек­сандр къыхигъэщащ апхуэдэ къэхъункIэ ­хъуну езыхэм зэрамыгугъар икIи мы зэманым ар зэрагъэзэкIуэжыр. Депутатхэр щхьэхуэу къытеувыIащ фэтэр куэду зэхэт унэхэм газ шынагъуэншагъэр къызэры­щызэрагъэпэщым, газ уасэр зэрат щIы­кIэм, нэгъуэщIхэми.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Ухуэныгъэм, зэгъэпэщыжыныгъэм къыщагъэ­сэбэпыну, апхуэдэуи автомобиль гъуэгу­хэр зэIузэпэщ ящIын папщIэ федераль-нэ бюджетым къыхэкIыу Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм кърат кредитым теухуа зэгурыIуэныгъэхэм иджыри щIэ хэлъхьэнымкIэ» КъБР-м и Хабзэм и проектым.
КъБР-м и Парламентым ПромышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ и комитетым и унафэщI Гугу Владимир «ЦIыхухэмрэ хьэпшып­хэмрэ къезышэкI таксихэм я Iуэхутхьэбзэхэр зэрызэфIахым кIэлъыплъыныр къы­зэгъэпэщыным теухуауэ» КъБР-м и Хабзэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным      и IуэхукIэ» КъБР-м и Хабзэм и проек­-     тыр щIызэхагъэувам и щхьэусыгъуэу къыхигъэщащ таксим и Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм яхуэзыщIэ IуэхущIапIэхэмрэ хьэрычэтыщIэхэмрэ я хуитыныгъэхэмрэ къалэн нэхъыщхьэхэмрэ абыкIэ зэры­щIагъэбыдар. А дэфтэрхэр IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм Iэрагъэхьащ хагъэплъэ- ну.
Депутатхэр тепсэлъыхьащ нэгъуэщI федеральнэ хабзэхэмрэ жэрдэмхэмрэ я проектхэм. КъБР-м и Парламентым хэ­мыт политикэ партхэм я лIыкIуэхэр кърагъэблэгъауэ ирагъэкIуэкIыну зэIущIэр ­депутатхэм траухуащ щIышылэм и 31-м.

 

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.