Къуажэдэсхэр щогуфIыкI

Каменномост къуажэм къыщы­зэ­Iуахыжащ иужьрей зэманым лэжьыгъэшхуэ зращIэкIа, къызыхуэтыншэу зэ­рагъэ­пэщыжа щэнхабзэ унэр.

Абы теухуа гуфIэгъуэм хэтын папщIэ Дзэлыкъуэ районым и щIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Джатэ Руслан ­щIыгъуу жылэм къэкIуащ КъБР-м и Правительст­вэм и УнафэщI Мусуков         Алий, УФ-м и Къалэ Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин, къэрал властым и щIыналъэ органхэм я уна­фэщIхэр, Дзэлыкъуэ районым и къуа­жэхэм я ­Iэтащхьэхэр. Апхуэдэу къызэ­хуэсат жы­лагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIы­кIуэхэр, IуэхущIапIэр зэгъэпэщыжыным елэжьа ухуакIуэхэр, Каменномост щып­сэухэр, къуажэ школым щеджэхэр.
ГуфIэгъуэ зэIущIэм къыщыпсэлъа ­хьэ­щIэхэм къыхагъэщхьэхукIащ щэнхабзэ Iуэху­щIапIэхэр, зыгъэпсэхупIэ центрхэр егъэфIэкIуэным, абыхэм зегъэу­жьыным рес­публикэм гулъытэшхуэ зэ­ры­щыхуа­щIыр. Къапщтэмэ, блэкIа илъэ­сым къриубыдэу КъБР-м щэнхабзэмкIэ унэу 11, абыхэм ящыщу тIур Дзэлыкъуэ районым, къыщызэIуахащ.
Къуажэдэсхэм республикэм и уна­фэщI­хэм псалъэ гуапэхэр хужаIащ жылэм зэпымыууэ гулъытэ хэха къы­зэрыхуащIым папщIэ. ЩэнхабзэмкIэ унэм къыдэкIуэу, нэгъабэ зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ «Балъкъ­-Ингушлы» автомобиль гъуэгур. Ари мы къуажэм ­папщIэ сэбэпышхуэщ.
IуэхущIапIэр зэгъэпэщыжыным нэхъ жыджэру хэтахэу подряд IуэхущIапIэм и унафэщI КIэщт А., къуажэдэсхэу Къалэжьокъуэ А., Шэру З. сымэ щIыхь тхылъхэр иратащ. Апхуэдэу щIэуэ къызэ­Iуахыжа IуэхущIапIэм район админист­рацэм и Iэтащхьэм и цIэкIэ шахмат стIол, Котляровхэ Мариерэ Викторрэ къабгъэдэкIыу къуажэм дэт еджапIэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым теухуа тхылъхэр, ­Къарэмырзэ Барэсбий жылэм и библиотекэхэм МафIэдз Сэрэбий и «Адыгэ ­хабзэ» тхылъу 5 иратащ.

 

ЩОКЪУИЙ Iэминэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.

20.05.2024 - 09:09

КИНОФЕСТИВАЛЫМ И МАХУЭХЭР

Налшык къалэм и Курзалым накъыгъэм и 16-м къыщызэ­Iуахащ «Кинокавказ-2024» IV Кавказ Ищхъэрэ щIалэгъуалэ кинофестивалыр.

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр