КIуэкIуэ Казбек щыгъуазэ зищIащ Налшык псым и Iуфэр зэIузэпэщ зэращIым

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм зригъэлъэгъуащ Налшык псым и Iуфэм щыщ Iыхьэр, Осетинскэ уэрамым къыщыщIэдзауэ КIыщокъуэм и цIэр зезыхьэм нэс къызэщIэзыубыдэр, зэIузэпэщ зэращIыр.
Республикэм и УнафэщIым инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым къыщыхигъэщащ къалэм и зыгъэпсэхупIэхэм зегъэужьыным хуэунэтIауэ зэхалъхьа концепцэм ипкъ иткIэ абдежым «Зэкъуэтыныгъэм и аллее» къызэрыщызэрагъэпэщынур, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 щри­къум ирихьэлIэу. Псори зэхэту ахэр щы ­хъунущ. Идарым и цIэр зезыхьэ уэрамым деж къыщыщIэдзауэ Осетинскэ уэрамым нэсыху «Мамырыгъэм и аллеер», КIыщо­къуэм и цIэр зезыхьэм щегъэжьауэ ­Къуэныкъуейм и цIэр зезыхьэм екIуалIэу «ЗэгурыIуэныгъэм и аллее» къыщыунэхунущ. Лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIыну я мурадщ махуэшхуэр щагъэлъэпIэну 2022 гъэм ирихьэлIэу.
«Мыбдеж щызэтраухуэ IуэхущIэм, шэч хэмылъу, къалэм и теплъэр иригъэфIэкIуэнущ, узыншэу псэуну, зи Iэпкълъэпкъым зезыгъэукъуэдиину хуейхэу псы Iуфэм ­пэгъунэгъуу щыпсэухэм абыкIэ IэмалыщIэхэр къахузэIуихынущ, я унагъуэхэм ящIыгъуу загъэпсэхунымкIи къалащхьэм гупсэхуу зыщаплъыхьынымкIи сэбэп ­хъунущ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ К. В.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2024 - 09:03

ДАХАГЪЭМ ДИХЬЭХХЭМ Я КIУАПIЭ

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм тхыдэ дахэ къыдокIуэкI. 

21.05.2024 - 09:03

БЭНАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭМРЭ ЯIУОЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Спо­р­тымкIэ и министерствэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион махуэ зыбжанэ ипэкIэ хъуа ЗэкIуий Анзоррэ дыжьын медаль абы къыщызыхьа Шаваев Малик

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.