Сыт хуэдэ зауэри щIыуэпсым и бийщ

ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм 2001 гъэм и щэкIуэ­гъуэ мазэм хъыбар зэбгригъэхауэ щытащ, цIыхухэм я зэхуаку къыдэхъуэ зэжьэхэуэныгъэ зэмылIэужьы­гъуэ­хэмрэ зауэхэмрэ щызэщIэплъэ щIыпIэхэм щIыуэ­псым и щытыкIэр къызэрымыкIуэу зэрыщызэIыхьэр къэлъытауэ, жыла­гъуэр а Iуэхугъуэ мыщхьэпэм пэщIэтыным къыхуезыджэ махуэу щэкIуэгъуэм и 6-р (International Day for Preventing the Exploitation of the Environment in War and Armed Conflict) къызэдэщтэн зэрыхуейм ехьэлIауэ.
ООН-м хэтхэр а унафэм щеувалIэм, псом япэу зэгупсысар адэкIэ-мыдэкIэ къыщыхъей зауэхэм, зэраныгъэшхуэ къызэрашэм къы­хэкIыу, дыкъэзыухъуреихь ­дунейм и экосистемэхэм хъугъуэфIыгъуэу япкърылъми икъукIэ зэрегуауэрщ. Уеблэ­мэ, щIыуэпсым къылъыс тхьэмыщкIагъэр апхуэдизу инщи, зэжьэхэуэныгъэхэм къарикIуам «ижь» зыщIихур зыщаубгъу къэралхэмрэ абыхэм щыпсэу цIыхухэмрэ я ­закъуэкъым, атIэ а хэкухэм къедза Iэшэлъашэхэри гузэ­вэгъуэшхуэм хадзэ, къэунэ­хуну щIэблэхэми щIэин ­мы­хъумыщIэкIэ «яхуоупсэ».
Мыбдежым дигу къэдмыгъэкIыжынкIэ Iэмал иIэкъым Урыс-Кавказ зауэм и кIэухыр ищхъэрэкIэ къикIа пащ­тыхьыдзэхэм зэрырагъэ­кIуэкIауэ щыта щIыкIэр: зыхъумэжыныгъэ кIыхьым зи къарур мащIэ ищIа адыгэхэм ятекIуэу, я лъахэм ахэр ирагъэкъэбзыкIын папщIэ, зэ­рыпхъуакIуэхэм яхузэфIэкI псори ялэжьауэ зэрыщытар: хэкупсэхэр щыпсэуа щIыгум и гъавэ щIапIэхэр Iисраф зэтращIэрэ я Iэщри зэтраукIэжу, ихъуреягъкIэ къыщыт мэзхэр мафIэ лыгъейм зэщI­рагъащтэрэ жыг зи цIи кърамынэу...
ООН-м къулыкъу щызы­Iыгъхэр зэрегупсысымкIэ, зи гугъу тщIа хьэкIэкхъуэкIагъэм хуэдэхэр къамыгъэхъун е, нэгъуэщI мыхъуми, ягъэ­мэщIэн яхузэфIэкIынут зэ­пэщIэувэныгъэ гущIэгъун­шэхэм зэпигъэщхьэхукI лъэныкъуэхэр къэзыухъуре­ихь дунейм и щIыуэпсым леи­шхуэ зэрырамыхыным хущIэкъуамэ. Мыбдеж IэфIу ­дигу къэдмыгъэкIыжынкIэ Iэмал иIэкъым совет лъэхъэнэм ­кинотеатрхэмрэ телевиденэмкIэ куэдрэ дагъэлъагъуу къыддекIуэкIа «Отец солдата» фильм цIэрыIуэр. Абы еплъахэм ящыщу хэт зы­мыщIэжыр лIыхъужь нэхъы­щхьэр, Махарашвили зи унэцIэ куржы дадэр, и къуэр къыщилъыхъуэу зауэм зды­пэрытым, Германием и щIыналъэм къыщихутарэ советыдзэхэм я гъусэу здэкIуа­тэм, танкыр зезыхуэ дзэлIхэм зрихьэлIа жызумыпкъэр зэ­рыс я гъущIышымкIэ щыс­хьыншэу зэрызэхаутэр и гум щIыхьэщауэ зэрыщытар…
Швейцарием и къалащхьэ Женевэ къыщащтауэ щыта къэрал зэхуаку зэгурыIуэ­ныгъэм къыщагъэлъэгъуат адэкIэ-мыдэкIэ къыщыхъей зэпэщIэувэныгъэхэу зауэм хуэкIуэжхэм щIыуэпсым зэ­раныгъэшхуэ ирамыхын хуэ­дэу, ахэр мардэ хэгъэунэхукIам итын зэрыхуейр. Псалъэм папщIэ, абыхэм ящыщ зыр, мэкъумэш щIапIэхэр щхьэзыфIэфIагъкIэ зэхэбутэ зэрымыхъунур, экологие мы­хьэнэ зиIэу къалъытэр. Ар­щхьэкIэ, зэрыгурыIуэгъуэщи, мащIэ дыдэщ а гупсысэм иригъуазэу зауэ IэнатIэм пэ­рыувэр. Ауэ, итIани, къэралхэм я унафэщIхэми щIэ­ныгъэлIхэми я нэхъыбапIэр зэрегупсысымкIэ, игъуэ ­хъуащ (хэмытIэсамэ), ЩIы Хъурейм и къэкIуэнур зэрыхэ­плъэгъуэм къыхэкIыу, щIы­уэпсым щхьэзыфIэфIагъкIэ лей езыххэм тезыр ятелъхьэн зэрыхуейм и мызакъуэу, зэрымыщIэкIэ ар Iисраф зыщIхэри дунейпсо жэуапым ешэлIэнри.
Зи гугъу тщIы Iэмалхэм хуэдэхэр щызэхагъэувэкIэ, ООН-м щыщхэр зыщыгу­-гъыр зыщ: зэпэщIэувэныгъэ мыхъу­мыщIэхэм зыдезы­гъэ­хьэх­хэм къэзыухъуреихь дунейм леишхуэ ирах зэрымыхъунур я щхьэм кърагъэ­хьэкIэрэ, я зэхуаку къыдэхъуэ зэныкъуэкъухэри зауэм зэ­рыхуамыгъэкIуэжынырщ. Сыту жыпIэмэ, зэрынэры­лъагъущи, зэпэщIэува лъэныкъуэхэм «фызэзауэми, фи хъуреягъкIэ зэтекъутэныгъэхэр къыщывмыгъэхъу!» яжепIэныр, дауи, дзыхьщIыгъуэджэщ, хэкIыпIэ щIагъуэу зэрыщымытри гурыIуэ­гъуэщ.

АНЗОР Къесын.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

04.05.2024 - 09:03

БАЛЪКЪЫЗ КАМИЛЭ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪЕХЬ

УФ-м и еджакIуэхэм художественнэ гимнастикэмкIэ я урысейпсо спартакиадэм и 2-нэ Iыхьэр иджыблагъэ Астрэхъан къалэм щекIуэкIащ.

04.05.2024 - 09:03

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

03.05.2024 - 09:15

ЩIЫПIЭ ТЕЛЪЫДЖЭУ 40

ЗыгъэпсэхуакIуэхэр Къэбэрдей-Балъкъэрым къокIуэ и гуэл щхъуантIэхэр, псыкъелъэ цIэрыIуэхэр зрагъэлъагъуну, аузхэм къыщакIухьыну, псы хущхъуэ ирафыну, Iуащхьэмахуэ Iуплъэну, дэкIыну. 

03.05.2024 - 09:13

АЛИМ КIЭУХ ЗЭПЕУЭМ ХЭТЫНУЩ

Мэлыжьыхьым и 18 - 19-хэм Урысей МВД-м и Краснодар университетым и Ставрополь къудамэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м и щIыналъэ органхэм балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ я IэнатIэхэмрэ хабзэм ебэкъуа балиг

03.05.2024 - 09:13

СЕРТИФИКАТХЭР ИРАТАЩ

КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я творчествэм зыщрагъэужь и уардэунэм щекIуэкIащ сабийхэр гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм хэмыхуэнымрэ ЮИД гупхэр къыз