Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и Правительствэм хэтхэм яIущIащ. Абы кърихьэлIащ КъБР-м и Премьер-министр Мусуков А. ТI., КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ М. М., КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хъубий М. Б., КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ М. Л., КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Е. А., КъБР-м и Iэтащхьэм и чэнджэщэгъу Тюбеев А. И., Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и унафэщI Ахъуэхъу Т. Б.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIа зэрыхъум, щыхэплъащ щэнхабзэ IэнатIэм и бюджет IуэхущIапIэхэм щылажьэхэм я улахуэхэм хэгъэхъуэным, цIыхухэм ябгъэдэлъ зэчийм зегъэужьыным теухуа Iуэхухэм.
Гулъытэ щхьэхуэ хуащIащ КъБР-р къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыхуэгъэхьэзырыным хуэунэтIауэ зэфIагъэкIыну зэхалъхьахэм зэрехъулIэм, апхуэдэуи Къэбэрдей-Балъкъэрым музейхэм, гъэлъэгъуэныгъэхэм я лэжьыгъэр щегъэфIэкIуэным.
КIуэкIуэ Казбек зэIущIэр къыщызэIуихым и гугъу ищIащ эпидемиологие щы-тыкIэр дэнэ щIыпIи зэрыщымыщIагъуэм къыхэкIыу иджыпсту дуней псом япэ щрагъэщыр коронавирус узыфэм ебэныным пыщIа Iуэхухэрауэ зэрыщытыр, абы къыхэкIыуи щэнхабзэ Iуэху куэдым я пIалъэхэр ягъэIэпхъуэн хуей зэрыхъуар е зэрырамыгъэкIуэкIыххар.
Апхуэдэу щытми, къыхигъэщащ щIыналъэм и Iэтащхьэм, COVID-19-м пыщIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ щытыкIэр я нэIэ щIэтщ, гъуэлъыпIэ 300-м щIигъу нэщIу яIэщ. ГъащIэм пещэ икIи сыт щыгъуи гулъытэ хэха зыгъуэтхэм ящыщу къонэж республикэм и жылагъуэм зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхухэр. Абыхэм ящыщ зыщ щэнхабзэри. Щэнхабзэм ехьэлIа лэжьыгъэм и мыхьэнэм нэхъри хохъуэ мы зэманым - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур гъэлъэпIэным зыщыхуэдгъэхьэзыр лъэхъэнэм.
«Щэнхабзэр хуолажьэ къэкIуэну щIэблэхэми икIи аращ нэхъыщхьэр. Дэ и гугъу дощI ди лъэпкъ хабзэхэр тхъумэ-жын зэрыхуейм, ауэ апхуэдэуи къыдгуроIуэ ди щIалэгъуалэр ди щэнхабзэм и закъуэкIэ гъэнщIа зэрымыхъунур, атIэ дунейпсо хъугъуэфIыгъуэхэми щыдгъэгъуэзэныр ди къалэну зэрыщытыр, ахэр улъэщIэмыхьэу зызыужь дунейм декIуэкIыфын, лъагапIэхэм лъэIэсыфын, урысейпсо, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм пэлъэщыфын папщIэ», - къыхигъэщащ КIуэкIуэ К. В.
ЗэIущIэр зытеухуа Iуэхухэр зэпкърихыу къызэхуэсахэм я пащхьэ къыщыпсэлъащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. Абы къыхигъэщащ «Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хыхьэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и IэнатIэ псори къызэщIэзыубыдэ, Iуэху зэмылIэужьыгъуэ куэдым хуэгъэпса план зэрагъэзащIэр. Лъэпкъ проектым 2019 - 2020 гъэхэм псори зэхэту хухахащ сом мелуан 317-м щIигъу.
2019 гъэм а мылъкумкIэ республикэм щаухуащ Щэнхабзэм и унэу плIы, тIу сыт и лъэныкъуэкIи зыхуей хуэзэу зэрагъэпэщыжащ. 2018 гъэм Нартан къуажэм къыщрагъэжьауэ щыта щэнхабзэ IуэхущIапIэм и ухуэныгъэм пащащ. БгъэIэпхъуэ хъу, Iуэху куэдым тещIыхьа щэнхабзэ центру (автоклубу) 8 къащэхуащ - ПсыкIэху, Светловодскэ, Лэскэн ЕтIуанэ, Шэджэм ЕтIуанэ, Екатериноградскэ, Псыкуэд, Бабугент, Былым къуажэхэм къыщагъэсэбэпыну. ГъуазджэхэмкIэ еджапIэ 23-м ди къэралым щащIа пианинэхэр къыхуащэхуащ.
Лъэпкъ проектым и щIыналъэ Iыхьэм хыхьэу 2020 гъэм зэфIагъэкIыну лэжьыгъэхэм ящыщщ Нартан къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и ухуэныгъэр и кIэм нэгъэсыныр, ПсыкIэху дэтыр къэгъэщIэрэщIэжыныр, щэнхабзэ, цIыхухэм зыщагъэпсэху IуэхущIапIэхэу Гундэлэн, Эльтюбю, Пролетарскэ, Светловодскэ, Шордакъ, Акъбащ Ипщэ, Кыщпэк, Урыху къуажэхэм дэтхэр къызыхуэтыншэу зэгъэпэщыжыныр. Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр ягъэува пIалъэм изагъэу йокIуэкI. ЩызэфIагъэкIын хуейуэ яубзыхуар дызэрыт илъэсым и дыгъэгъазэ мазэрщ.
Апхуэдэуи дызэрыт илъэсым яужь ихьащ НыбжьыщIэхэм я театрыр зэгъэпэщыжыным, а лэжьыгъэхэр 2022 гъэм ирихьэлIэу зэфIагъэкIыну я мурадщ, къащэхуащ гъуазджэхэм щыхуагъасэ школищым папщIэ макъамэ Iэмэпсымэхэр, оборудованэхэр, еджэн папщIэ зыхуей-зыхуэфIхэр, грант дэIэпыкъуныгъэ иратащ зи лэжьыгъэр фейдэ къыхэхыным пымыщIа организацэ 11-мрэ дэзыхьэх Iуэхухэм нэхъри зезыгъэужьыну хуейхэр зыхэт гупитIымрэ.
Краснодар къалэм ЩэнхабзэмкIэ и институтым егъэщIылIауэ лажьэ, творческэ, унафэщI кадрхэм я IэщIагъэм хагъэхъуэнымкIэ центрым я зэфIэкIым нэхъ- ри зыщрагъэузэщI республикэм щыщ IэщIагъэлI, егъэджакIуи 122-м.
«Щэнхабзэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу 2021 - 2022 гъэхэм ЩэнхабзэмкIэ унэхэр щаухуэну я мурадщ Приречнэ, Совхознэ жылэхэм, зэрагъэпэщыжынущ республикэ Гуащэ театрым, Дзэлыкъуэкъуажэ дэт музыкэ школым, Дзэлыкъуэкъуажэ, Дальний, Джэрмэншык, Балъкъэр Ипщэ, Дыгулыбгъуей, Аруан, Сэрмакъ къуажэхэм ЩэнхабзэмкIэ я унэхэр, гъуазджэмкIэ сабий школхэу Зеикъуэрэ Анзорейрэ дэтхэр, къагъэщIэрэщIэжыныущ Къып М. и цIэр зэрихьэу Къулъкъужын Ищхъэрэм дэт, сабийхэр гъуазджэм щыхурагъаджэ школыр.
Урысей Федерацэм ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и проекткIэ Налшык къалэм щаухуэнущ Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ центр. Абы хэтынущ концерт зал, музей-гъэлъэгъуапIэ щIыпIэхэр, библиотекэ, творчествэм дихьэх сабийхэмрэ балигъхэмрэ щылэжьэну пэшхэмрэ кинозалхэмрэ.
АдэкIи я мурадщ сабийхэр гъуазджэм щыхурагъаджэ школхэр макъамэ IэмэпсымэхэмкIэ, зыхуеину нэгъуэщI хьэпшыпхэмкIэ, зэреджэнухэмкIэ къызэгъэпэщыным пащэну. Краснодар къалэм щэнхабзэмкIэ и институтым зи IэщIагъэм щыхэзыгъэхъуахэм я бжыгъэр лъэпкъ проектыр зытещIыхьа пIалъэм и кIэм ирихьэлIэу цIыху 940-рэ хъуну къалъытэ. «Щэнхабзэм и волонтёрхэр» програм-мэм къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, 2024 гъэм ирихьэлIэу апхуэдэхэм я бжыгъэр республикэм цIыху 600 хуэдиз щыхъу-нущ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 100 зэрырикъур щагъэлъэпIэну 2022 гъэм я му-радщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и фIагъхэр, Урысей Федерацэм нэхъ зызыужь и щIыналъэхэм ар зэращыщыр къагъэлъагъуэу, абы ущыпсэун папщIэ тыншы-пIэ псори зэрыщыIэр, зыбгъэпсэхуну, уи нэгу зыщебгъэужьыну зихуэдэ щымыIэу зэрыщытыр хэIущIыIу щIыным хуэгъэза Iуэхухэр зэфIагъэкIыну.
Яубзыхуахэм хэтщ КъБР-м и щэнхабзэ IэнатIэм и къэрал, муниципальнэ IуэхущIапIэ 38-рэ зэрагъэпэщыжыныр, абыхэм ящыщщ театррэ концерт щат утыкуу 4, библиотекэу 7, музейуэ 6, ЩэнхабзэмкIэ унэу 18, ЦIыхубэ IэпщIэлъапщIагъэм щыхуагъасэ центрыр, нэгъуэщIхэри.
Апхуэдэуи музейхэм я материально-техникэ лъабжьэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIа Iуэхухэри зэфIагъэкI. КъБР-м и Лъэпкъ музейр сыткIи зыхуей хуэзэу зэгъэпэщыжыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэфIагъэкIащ. Республикэ бюджетым и мылъкукIэ къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ ЗыхъумэжыныгъэмкIэ музейуэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щыIэр.
Гъэлъэгъуэныгъэхэр къызэгъэпэщыным, музейхэм я лэжьэкIэр егъэфIэкIуэным я лъэныкъуэкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалэн нэхъыщхьэхэу къонэж щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэр цIыхухэм нэсу къагъэсэбэпыфу щытыныр, абы папщIи IэнатIэм бжыгъэр зи лъабжьэ Iэмалхэр щыхэпщэн хуейщ, къэрал музейхэм я материально-техникэ лъабжьэр гъэбыдэныр, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, егъэджэныгъэ Iуэхухэр, зэпымыууэ лажьэ экспозицэхэр тэмэму зэтеухуэныр, абыхэм я лэжьыгъэм Урысей Федерацэм и щIыналъэхэм я музейхэм я мызакъуэу, хамэ хэкухэм исхэми зыщагъэгъуэзэфыныр, ягъэIэпхъуэ выставкэхэр къалэ мыинхэм, ику итхэм щагъэлъэгъуэныр, музейхэр творчествэм и адрей унэтIыныгъэхэми быдэу япыщIауэ щытыныр зэтраухуэныр, щэнхабзэ-щIэныгъэм ухуэзышэ туризмэм ахэр къыхэшэныр.
ЗэIущIэм и кIэухым КъБР-м и Iэтащ-хьэм къыхигъэщащ зэманым псынщIэу зэрызихъуэжыр икIи республикэм и унафэщIхэм къекIуэкI Iуэхухэм зыдрагъэкIуфу щытыным мыхьэнэшхуэ зэриIэр. Ауэ сытми декIуэкI къудей мыхъуу, мыхъумыщIагъэхэм япэщIэтыфынми, мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр гулъытэншэу къамыгъэнэнми я нэIэ тетыпхъэщ. Щэнхабзэм зрагъэужькIэрэ, ар даIыгъкIэрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и жылагъуэм зрагъэужьын зэрыхуейр къыхигъэбелджылыкIащ республикэм и УнафэщIым. КIуэкIуэ Казбек къыхигъэщащ апхуэдэ мурадым тещIыхьа зы концепцэ щIыналъэ щэнхабзэм иIэн зэрыхуейр.