«Кавказ зэгурыIуэ»

ЩэкIуэгъуэм и 6-м Дагъыстэным и къалащхьэ Мэхъэчкъалэ «Кавказ зэгурыIуэ» зи цIэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и зэхуэс щекIуэкIащ. Ди республикэм щыщу абы хэтащ КъБР-м и Дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим.
Кавказым ис муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу советым и жэрдэмкIэ, Ислъам щIэныгъэм, щэнхабзэм, егъэ­джэныгъэм и фондым и нэIэ щIэту, Дагъыстэным и Дин Iуэху­щIапIэм къызэригъэпэща зэхуэсыр Мэхъэчкъалэ дэт Педагогикэ кол­леджым щекIуэкIащ. ЗэIущIэм хэтащ Дагъыстэн муфтийм и къуэдзэ Майоранов Мухьэмэд, Кавказ Ищхъэрэм ит дин IуэхущIапIэхэм я ­лIы­кIуэхэр, къэрал лэжьакIуэхэр, ­студентхэр, егъэджакIуэхэр.
Зэхуэсым кърихьэлIахэр теп­сэ­лъы­хьащ Кавказ Ищхъэрэм дин зэхуэ­мыдэ зэрахьэу щыпсэухэм я зэхуаку зэгурыIуэныгъэ дэмылъу зэрымы­хъунум, ар щIыналъэм фэфI къытезыгъэуэну щхьэусыгъуэхэм язу, диныр къагъэщхьэпэу Iуэху мы­хъу­мыщIэ къезыхьэжьэну хэтхэм ­зэ­ра­пэщIэувапхъэ Iэмалу зэры­щы­тым и гугъу ящIащ.
Ди республикэм щыщу зэхуэсым хэта, КъБР-м и Дин IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Сыжажэ Алим а махуэ дыдэм мэрем хъутIбэ къы­щеджащ Кулецма щыщ Али-хьэжы и цIэр зэрихьэу Мэхъэчкъалэ дэт ­мэжджытым. «Гъэунэхугъуэхэр» зы­фIища, мэхъэчкъалэдэсхэм фIыщIэ къыщIыхуащIа и хъутIбэм Алим щы­тепсэлъыхьащ фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъ цIыхум гугъуехьхэм яфI къызэрекIым, абыхэм бэшэчу ябгъэдэтым псапэ къызэрихьым, и гуэ­ныхьхэр къызэрыхуэгъум.
«КъурIэн лъапIэм Алыхьталэм къыщыджеIэ, - къыщыхигъэщащ Сыжажэ Алим и дагъыстэн къыхуе­джэныгъэм: - «ТэмакъкIыхьагъыр фIэщхъуныгъэ зыбгъэдэлъым и мэIущ икIи и Iэщэщ. Абы и фIыгъэкIэ ар пхокIыф хьэзабрэ бэлыхьу и гъуэгум къытезэрыхьым». Гугъуехь гуэр къызэзынэкIар абы и фIыгъэкIэ нэхъ зэпIэзэрыт, щыуагъэу ищIахэм нэхъ яхущIегъуэжрей мэхъу, гужьеигъуэм къызэрелам и фIыщIэр хегъахъуэри, езым псапэ ищIэнуи нэхъ тогушхуэ».

Чэрим Марианнэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.