КъБР-м и Iэтащхьэр хэтащ УФ-м и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэм

Урысейм и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат видеоконференц мардэм тету щэкIуэ­гъуэм и 12-м иригъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зи чэзу зэIущIэр. Абы и лэжьыгъэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ гъуэгухэр ухуэным теухуа лэжьыгъэр зэрекIуэкIым, «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль гъуэгу ­шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым щы­убзыхуахэр гъэзэщIэным щахузэфIэкIахэм. Апхуэдэуи зэпкърахащ Урысей Федерацэм и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным хуэунэтIа Iуэхухэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр мы зэманым ящыщщ «ФIагъ лъагэ зиIэ автомобиль ­гъуэгу шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэнымкIэ къэралым бжьыпэр щызыIыгъ щIыналъэхэм. Дызэрыт илъэ­сым и мазипщIым кърикIуахэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, зэфIагъэкIын хуейуэ яубзыхуа объекти 103-м щыщу 91-м лэжьыгъэхэр щызэфIэкIащ. Псори зэхэту щIыналъэ, щIыпIэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгуу километри 123-м щIигъу яухуэн е зэрагъэпэщыжыну къалэну щытти, абы щыщу километр 85-р мардэхэм изагъэу зыхуей хуагъэзащ. Лэжьыгъэхэр щокIуэкI километр 39,3-рэ зи кIыхьагъ щIыпIэм, абыхэм ящыщу гъуэгуитхум асфальтрэ бетонрэ зэхэлъу тралъхьащ, иджы а щIыпIэхэм ­гъуэгу гъунэхэр зыхуей щыхуэгъэзэным яужь итщ. Ухуэныгъиблыр 2020 гъэм и кIэм ирихьэлIэу яухынущ.
Урысей Федерацэм «Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи шэщIауэ зегъэужьыныр» и къэрал программэм хыхьэу дызэрыт илъэсым къриубыдэу республикэм и жылиплIым (ХьэтIохъущыкъуей, Плановскэ, Аушыджэр, Гундэлэн къуажэхэм) псори зэхэту щызэрагъэпэщыжащ километритIым щIигъу зи кIыхьагъ гъуэгуих.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и автомобиль гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къыщызэрагъэпэщын мурадкIэ 2020 гъэм и кIэ пщIондэ километр 40-м нэблагъэ къызэрагъэнэхуну пкъохэр абыхэм я Iуфэхэм щагъэувынущ, гъуэгубгъу километрих ­къэу­хь­­хэмкIэ ягъэбыдэнущ, гъуэгу хабзэхэр зэрагъэзащIэр зытх, сурэт тезых Iэмэ­псымэхэр 18-м, лъэпкъ мардэхэм изагъэ Т-7 светофор лIэужьыгъуэхэм хуэдэхэр лъэс зэпрыкIыпIи 138-м деж щыфIадзэнущ.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

02.05.2024 - 13:50

ФIЫУЭ ФЛЪАГЪУХЭМ ЗАКЪЕВГЪАЩIЭ!

3-нэ Iыхьэ

02.05.2024 - 13:49

ГЪАТХЭПЕЖЬЭ УДЗ ГЪЭГЪАХЭР

ЩIымахуэ шылэм и кум мылым утемыхьэ, жыхуаIэ зэманыр икIат. Вагъуэбэр щIым зэрыхыхьэжрэ адыгэхэм я хьэщIа Уэсгуащэ и ежьэжыгъуэр къэсат.

02.05.2024 - 13:48

ЕТIУАНЭ УВЫПIЭР КЪАХЬ

Космонавтикэм и махуэм и щIыхькIэ Минводы къалэм футболымкIэ зэхьэзэхуэ иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ.

02.05.2024 - 13:48

ДЖЭШ ХЪУРЕЙМ ЯУЖЬ ЙОХЬЭ

Республикэм и мэкъумэшыщIэхэм еужьэрэкIыу джэш хъурейр мы махуэхэм хасэ.

02.05.2024 - 09:03

ЗЭЧИИФIЭМ И ЩАПХЪЭ

ЩыIэщ цIыху, сыт хуэдэ IуэхугъуэкIи уепсэлъэфу, сытри екIуу къехъулIэу, и щIэныгъэмрэ зэчиймрэ гъунэ имыIэу къыпщыхъуу. Апхуэдэхэм ящыщщ Дудар Зарэ.