СОМ МИНИ 100 ХЪУ АХЪШЭ САУГЪЭТХЭР КЪАIЭРОХЬЭ

Коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм зэрыпэщIэт вакцинэр зыхезыгъэлъхьа цIыхухэр зэрагъэпажэ программэм хыхьэу къызэрагъэпэща лотерее джэгум и япэ Iыхьэр зэфIэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ахъшэ саугъэтхэр къахьыну Iэмал яIэщ зи ныбжьыр илъэс 18-м щIигъуауэ мастэр зыхезыгъэлъхьа дэтхэнэ зыми. 
ФокIадэм и 15-м наIуэ къэхъуащ лотереем зи насып къыщикIа цIыху 500-м я цIэ-унэцIэхэр. УФ-м и Правительствэм хъыбар къызэритымкIэ, Iуэхум кърикIуам зыщыщыбгъэгъуэзэфынущ «бонусзаздоровье.рф.» сайтым. ТекIуахэм уахэт-уахэмытыр къэпщIэн папщIэ мастэр зэрызыхебгъэлъхьамкIэ щыхьэт регистрым узэрит бжыгъэр абдеж къыщыбгъэлъэгъуэн хуейщ. Апхуэдэуахъшэ саугъэтыр къызэрахьа хъыбарыр хуагъэхьынущ цIыхум Къэрал, муниципальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ зыуэ щыт порталым щиIэ «кабинет щхьэхуэм».
Саугъэтыр тыншу къыпIэрыхьэжынущ - лотереер щагъэджэгуа махуэм щегъэжьауэ мазихым къриубыдэу ар МИР банк картэм ягъэкIуэнущ. 
Компьютерым и Iэмалхэр къагъэсэбэпу ирагъэкIуэкIыну лотереемкIэ цIыху 1000 ягъэпэжэнущ, абыхэм дэтхэнэми сом мини 100 иратынущ. Лотереем и къыкIэлъыкIуэ Iыхьэр жэпуэгъуэм и 14-м екIуэкIынущ, абы щыгъуи наIуэ къэхъунущ зи кIэн къикIа цIыху 500-м я цIэ-унэцIэхэр. 
COVID-19-м зэрыпэщIэт вакцинэр Урысейм и цIыхухэм халъхьэн щIадзащ мы гъэм и щIышылэм и 18-м щегъэжьауэ. УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм къызэритымкIэ, мы зэманым ирихьэлIэу къэралым и цIыху мелуан 40-м щIигъум хущхъуэр ирахьэлIащ.
 

ЩхьэщэмыщI Изэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.06.2023 - 10:01

ГИПОФИЗЫМ ЕЛЪЫТАР

ЦIыхухэм лъагагъкIэ къахэщхьэхукIхэм щхьэкIэ «иныжь» е «цIыкIужьей» жаIэ.

08.06.2023 - 09:03

ЛIЭУЖЬЫР БЖЬИБЛКIЭ МАУЭ

Гувэми щIэхми, цIыхур и блэкIам щыхуеплъэкIыж, и лъабжьэхэр къыщитIэщIыж, къызыхэкIар къыщилъыхъуэж зы лъэхъэнэ и гъащIэм къыхохуэ.

08.06.2023 - 09:03

АРУАН КЪУАЖЭМ ДЭТ ЕДЖАПIЭР ЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

Аруан (Мысостей) къуажэм дэт, курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэр щIэгъэхуэбжьауэ зэрагъэпэщыж мы махуэхэм.

08.06.2023 - 09:03

ВИЗИТКЭР КЪЫЩЕЖЬАР

ЦIыхум и цIэмрэ зищIысымрэ зытет пасэрей картэ цIыкIухэр пхъэм е ятIэм къыхэщIыкIат. Абыхэм дэфтэр мыхьэнэ яIэуи щыттэкъым, яфIэфIыныгъэкIэ зэрахьэ мыхъумэ.

07.06.2023 - 15:02

СУРЭТЫЩI НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ Я IЭДАКЪЭЩIЭКIХЭР

Сабийхэм я дунейпсо махуэм, мэкъуауэгъуэм и 1-м, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ музейм къыщызэIуахащ сурэт щIынымкIэ Кавказ Ищхъэрэм и XV зэпеуэр.