Статьи на кабардинском языке

ЛЪЭПКЪЫР ЗЭГУШХУЭ ЦIЫХУ

Нобэ и ныбжьыр илъэс 70 зэрырикъур егъэлъапIэ экономикэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ Урысей академием и академик, ФинансхэмкIэ университетым и ректор, си гъащIэм къриубыдэу сызрихьэлIа цIыхухэм ящыщу нэхъ пщIэшхуэ зыхуэфащэу къэслъытэ Есчындар Мухьэдин Абдурэхьман и къуэм.

ДИ ЩIАЛЭХЭР КЪИКIУЭТТЭКЪЫМ

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым щекIуэкI зэхьэзэхуэм хыхьэу щэбэт блэкIам «Спартак-Налшыкыр» Ставрополь щыIущIащ «Динамо»-м.

ЧЕМПИОНЫР КЪРАГЪЭБЛЭГЪЭЖ

Налшык и кхъухьлъатэтедзапIэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъэжащ «грэпплинг» спорт бэнэкIэмкIэ дунейпсо чемпионатым, Белград щекIуэкIам, дыщэ медаль къыщызыхьа, Къэхъун къуажэ щыщ Урыс Мухьэмэдрэ абы и тренер Шыхъуэстэн Русланрэ. 

ДЫЖЬЫН МЕДАЛЫР КЪЭРАЛЫМ КЪЫХУЕХЬ

ЩэкIуэгъуэм и 5-м Белград къалэм щекIуэкIащ зи ныбжьыр илъэс 23-рэ иримыкъуахэм бэнэкIэ хуитымкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ.

КЪУЛ ДАЙАНЭ И МАКЪАМЭ ДУНЕЙР

ЗыхэпсэукIыр макъамэщ, и къарур лъэпкъырщ, зыгъэкIуатэр гупсысэщ, зыпсыхьыр гуапагъэщ, зэхэплъхьэжмэ - насыпщ! И дунейр мыпхуэдэу къытщыхъуащ ди псалъэгъум - Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и «Амикс» уэрэджыIакIуэ гупым макъамэмкIэ и гъэсакIуэ, «Джэрпэджэж» уэрэджыIакIуэ гупым хэт Къул Дайанэ. ЖыпIэ хъунущ Дайанэ гущэкъу уэрэдкIэ къыщIидзауэ.

ИЗРАИЛЫМ И АДЫГЭ УЭРАМХЭР

Израилым ис адыгэхэм щапхъэ зытехыпхъэ Iуэхугъуэ дахэу, я адыгагъэр зэрахъумэж Iэмалу, пщIэрэ щIыхьрэ яIэу хамэ хэку зэрисым и щыхьэту къадокIуэкI ахэр зыдэс Кфар-Камэ къуажэ уэрамхэм адыгэцIэхэр зэрызэрахьэр.  

Политик Iэзэ, цIыху гуапэ

Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым сенатору хэт, ЩIэныгъэхэм-кIэ Дунейпсо Адыгэ академием и президент Къано­къуэ Арсен и цIэм и мы­закъуэу, и щхьэкIи и IуэхущIафэкIи къацIыхуну хунэсащ езыр къыщалъхуа республикэм.

ЩIэрыщIэу хахыж

Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ   и IуэхущIапIэм къалэ тхьэ­мадэр къыхэхынымкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм  и кIэлъыплъакIуэ гупым            и иужьрей зэIущIэр е­кIуэ­кIащ.

Джонсон Рэйчел и адыгэ къежьапIэр къелъыхъуэж

Куэдым ящIэ Инджылызым и премьер-министр Джонсон Борис урыс-кавказ зауэм иужькIэ Тыркум гъэру къыщыхута адыгэ пщащэм къызэрыте­хъукIар. И лъэпкъым и къуэпсыр къилъыхъуэжу, ар Тыркум зэрыщыIам и хъыбари «Адыгэ псалъэм» къытед­дзауэ щытащ. Борис и шыпхъу Рэйчел унагъуэм и тхыдэр иджыри зы лъэбакъуэкIэ ипэкIэ игъэкIуэтащ.

«Псыхущхъуэ» - апхуэдэущ зэреджэу щытар

Балъкъ и псыхъуащ­хьэ­хэм Iуащхьэмахуэ лъа­пэ къыщыщIэж псы хуа­бэ­хэм я гугъу щащIкIэ, зэгурыIуа фIэкIа умыщIэну, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэми цIыху къызэрыгуэкIхэми  я нэхъыбэм къагъэсэбэпыр къэ­рэшей-балъкъэрыбзэм къыхэкIа «Джилы-Су» псалъэрщ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке